Тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ

Урысей гвардием и щIыналъэ ­управленэм Прохладнэ къалэм щиIэ, ведомствэм хэмыхьэ и хъу­макIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ и махуэм хуэгъэпсауэ «Зауэ. Те­кIуэныгъэ. Фэеплъ. Тхылъ» фIэщыгъэм щIэту Маяковский В. В. и цIэр зезыхьэ библиотекэм къыщызэ­рагъэпэща тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм.

Урысей гвардием и лIыкIуэхэм тхылъ гъуэтыгъуейхэр зрагъэлъэ­гъуам и мызакъуэу, къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэм я тхыдэм, ахэр зи IэдакъэщIэкIхэм я гъащIэм, апхуэдэуи ­Хэку зауэшхуэм и хъыбар гъэщIэ­гъуэнхэм теухуауэ библиотекэм и лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIа лекцэ­хэми едэIуащ.
«Гъэлъэгъуэныгъэм дызэрыхэтар дэ икъукIэ щхьэпэ тхуэхъуащ. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм тхыдэр щы­хьэт техъуэу дызрагъэдэIуа хъы­бархэм я фIыщIэкIэ дэ щыгъуазэ дыхуэхъуащ ди къэралым и блэкIам нэхъ зауэ шынагъуэ дыдэу къыхэ­нам и пэжыпIэ куэдым», - жиIащ ­Прохладнэ къалэм ведомствэм хэмыхьэ и хъумакIуэ IэнатIэм и ротэм и командир, полицэм и майор Шевелев Александр.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: