Нэхъ псынщIэIуэу зыщыдгъэгъупщэну дыхуейт

Видеконференц зэпыщIэныгъэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпри, накъыгъэм и 15-м Мэзкуу щрагъэкIуэкIащ Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр. Абы унафэ къыщащтащ 2019 - 2020 гъэхэм премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэмрэ къэралым и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэмрэ мэкъуауэгъуэм и 21-м щIадзэжыну. «Спартак-Налшыкыр» щыджэгу Профессионал Футбол Лигэмрэ (етIуанэ дивизион) Футбол Лъэпкъ Лигэмрэ (япэ дивизион) Iуэхур здынэсам къыщагъэувыIэ, иужьу щыджэгуа гъатхэпэм и 17-м здэщыта увыпIэхэр дэтхэнэми къыхуэнэу.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ «Спартак-Налшыкым» игъуэ нэмысу къиухащ и тхыдэм щынэхъ напэтех дыдэ зэхьэзэхуэр - Урысей Федерацэм футболымкIэ и гуп нэхъыщIэ дыдэм и «Ипщэ» гупым щыджэгуа командэ пщыкIухым ящыщу иужь къинар 3 къудейщ. Зэпеуэм щытекIуауэ къалъытащ ар зэпагъэуным и пэ къихуэу гупым бжьыпэр щызыIыгъа «Волгарь»-р. Астрахандэсхэм Iэмал ягъуэтащ 2020 - 2021 гъэхэм я зэпеуэр япэ дивизионым щыщIадзэну. Ардыдэм щIобэн етIуанэ увыпIэр зыIыгъ Владикавказ и «Алания»-ри. Зэхьэзэхуэм и иужь джэгугъуэ пщыкIуплIым ар сыт щыгъуи щытекIуащ икIи хьэзырт бжьыпэм адэкIи щIэбэныну.
Осетинхэм я хъуэпсапIэр къайхъулIэну фэ тетщ. Япэрауэ, «Алания»-р тхыдэ къулей зиIэ командэщ икIи зэгуэрым къэралым и чемпион хъуащ, европэпсо утыкум ехъулIэныгъэкIэ итащ. ЕтIуанэрауэ, япэ дивизионым хэт командэ зыбжанэ мылъкукIэ пэмылъэщу зэхьэзэхуэм езыр-езыру хокIыж. Иужьу апхуэдэу зыщIа, ди лъахэгъу Къалмыкъ Амур зыхэта, «Армавир»-мрэ Владивосток и «Луч-Энергия»-мрэ къазэрыкIэлъыкIуэнур наIуэщ - коронавирус уз зэрыцIалэм армырами мыщIагъуэу щыта зи экономикэр зэIигъэхьэпа щIыпIэ зыбжанэм футбол командэхэр нэхъапэм хуэдэу зэрыщамыIыгъыфынур нэрылъагъущ. Абыхэм я пIэ иувэн къызэралъыхъуэнум шэч хэлъкъым. Апхуэдэу ящIмэ, Владикавказ и «Алания»-р хьэзырыпсщ, тригъэкIуэдэн мылъкукIи ди лъахэгъу Мэшыкъуэ Ислъам я пашэу къызэрагъэпэща гуп зэкъуэтымкIи. КъищынэмыщIауэ, Осетие Ищхъэрэ - Аланием и командэм пашэныгъэр щиIыгъщ етIуанэ дивизионым и гупихми етIуанэ увыпIэхэр къыщызыхьахэм я деж. Ари къалъытэну Iуэхугъуэхэм ящыщщ.
Накъыгъэм и 15-м Мэзкуу щрагъэкIуэкIа Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэм къыщащта унафэхэм ящыщщ мы гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 31-м пщIондэ ди къэралым футбол зэпеуэхэр зыщIыпIи зэрыщемыкIуэкIынур, премьер-лигэмрэ Урысей Федерацэм и кубокымрэ къищынэмыщIа. Абыхэм ехьэлIа зэхьэзэхуэр Iэмал имыIэу яухыжын хуейуэ Европэм и топджэгу унафэщI нэхъыщхьэхэм къыхуагъэуващ, Чемпионхэм я лигэмрэ Европэм и лигэмрэ хагъэхьэн папщIэ. ЗэIущIэхэр, дауи, цIыхухэр къримыхьэлIэу екIуэкIынущ. Япэу зэхьэзэхуэр зэхэзыублэжа Германием и ехъулIэныгъэхэмрэ щыуагъэхэмрэ кIэлъыплъыфын хуэдэу адрей къэралхэми, Урысей Федерацэри яхэту, зэпеуэр нэхъ кIасэу зэхаублэж.
Ди къэралым футболымкIэ и япэ дивизионым хэкIыу премьер-лигэм кIуэну Iэмал яIэщ джэгухэр щыщагъэтым ирихьэлIэу бжьыпэр зыIыгъа Волгоград и «Ротор»-мрэ Подмосковьем и «Химки»-мрэ. Хилъэфащ абыхэм къакIэлъыкIуа «Чертаново»-мрэ Мэзкуу и «Торпедо»-мрэ, очко бжыгъэкIэ япэ ирагъэщахэм къакIэрымыхуа икIи зы закъуэкIэ нэхъ мащIэ зиIэу къызэтрагъэувыIахэр. Ахэр и гуащIэгъуэу ныкъуэкъуэну арат. АрщхьэкIэ…
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щызэхэт зэхьэзэхуэм гъатхэпэм и 14-м щIидзэжат. Дахуэзэшами, дазэрыщыгугъыщэ щымыIэу ди щIалэхэр абы хыхьэжат, зэпеуэр зэпагъэун ипэкIэ здэщыта епщыкIузанэ увыпIэм дэрэжэгъуэшхуэ къыдимыту.
ЗэрытщIэжщи, зэхьэзэхуэм и нэгъабэрей Iыхьэр «Спартак-Налшыкым» ди гур хигъэщIауэ иухат. ЩэкIуэгъуэм (ноябрым) и 3-м Владикавказ щыIэу абы и «Алания»-р 8:0-у къазэрытекIуар ди гъунэгъухэм куэдрэ къыдахъуэныжыну Iуэхугъуэ напэтехщ. Тхьэмахуэ дэкIри, къахуеблэгъа Новороссийск и «Черноморец»-ри 2:0-у къефIэкIащ, топ нэхъыбэжи къыхудагъэкIыфыну щытауэ. Иужь дыдэ джэгугъуэращ гупсэхугъуэ мащIэу щыдгъуэтар, Краснодар къалэм щыIэу абы и ещанэ футбол гупыр хагъэщIа иужькIэ. АрщхьэкIэ а Iуэхугъуэми ущIригуфIэщэн щыIэтэкъым, зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыху дыдэхэм я хьэрхуэрэгъуар зэрыщыщым къыхэкIыу.
А псори я напщIэм телъу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ я гъэсакIуэхэмрэ зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм щIымахуэм зыхуагъэхьэзырат. Мылъкур къазэремэщIэкIым къыхэкIыу абы и лъэхъэнэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щызэхэтащ.
Мазаем (февралым) и 21-м щыщIэдзауэ иригъэкIуэкIа кIэух зыгъэсэныгъэм «Спартак-Налшыкым» нэхъ тегъэщIапIэ щищIар гупым хэтхэм джэгупIэ губгъуэм щаIэну зэгурыIуэныгъэр егъэфIэкIуэнырт. Абы папщIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зыбжанэ къызэригъэпэщат.
 Япэхэр мазаем и 27-м Налшык и «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием и стадионым щызэхэтащ. Зым иухым адрейм щIидзэу, сыхьэт 11-мрэ 13-мрэ, ди щIалэхэр Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м тIэунейрэ дэджэгуащ. Дауи, хэтахэри гупитIу ягуэшат - щIэзыдзэжыну урысейпсо зэхьэзэхуэм нэхъ зыщыгугъхэмрэ ахэр зыхъуэжыну зыхуагъэфащэхэмрэ. Япэм «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр щахъумат Щоджэным, КIэдыкIуейм, Ольмезовым, Белоусовым, Сындыкум, Хьэшырым, Клышэ, Дэхъум, Iэпщацэм, Машэжьым, Бацэм. ЕтIуанэм дагъыстэнхэм щапэщIэтащ Къардэныр (Къумыкъур, 60), Запалацкэр, Шумахуэр, Молэмусэр, Дзэмыхьыр, Салахетдиновыр, Торосян, Уэрэзейр, Апажэр (Iэщыныр, 46), Ашур, ХъутIэр.
Футболист 50-м щIигъу лъэныкъуитIымкIи къыщрихьэлIэу псори зэхэту сыхьэтищкIэ екIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр бжыгъэр къызэIуамыхауэ иухащ. «Спартак-Налшыкми» щIэзыдзэжыну зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ «Анжи»-ми яхузэфIэкIакъым зым и гъуэм адрейм зы топ нэхъ мыхъуми дигъэкIыну. Ар куэд къыбгурызыгъаIуэ Iуэхугъуэ хьэлъэт.
КъыкIэлъыкIуэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр ди командэм дригъэкIуэкIащ Орехово-Зуевэ и «Знамя труда»-м. Ахэр щызэхуэзэнур Налшыкми Нартсанэми (Кисловодскми) зыкъомрэ яхутеухуакъым. ИкIэм-икIэжым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр къыхахат.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «КъухьэпIэ» гупым щыджэгу Орехово-Зуевэ и «Знамя труда» командэм гъатхэпэм и 4-м дригъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэмкIэ «Спартак-Налшыкым» иухащ 2019 - 2020 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырыныр.
Мэзкуу пэгъунэгъуу щыIэ Орехово-Зуевэ къалэм 1909 гъэм къыщызэрагъэпэща «Знамя труда» командэр ди къэралым щынэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыт. АрщхьэкIэ нобэкIэ абы и щытыкIэр дыдейхэм къазэрыщхьэщыкI щIагъуэ щыIэтэкъым: зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «КъухьэпIэ» гупым епщыкIутIанэ увыпIэр (пщыкIуплIым ящыщу) щиIыгъыу 2019 - 2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэр зэпагъэуат, ирагъэкIуэкIа зэIущIэ пщыкIублым щэ фIэкIа щытемыкIуауэ. Евгъэпщэфын папщIэ: «Спартак-Налшыкыр» епщыкIузанэ увыпIэм щытащ, я хьэрхуэрэгъухэр плIэ къудейрэ хагъэщIауэ. Гъатхэпэм и 4-м екIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэми къигъэлъэгъуащ зэпэщIэувахэр я къарукIэ зэрызэщхьэщымыкIыщэр икIи зэфIэкI щIагъуэ зэрамыIэр.
Республикэ «Спартак» стадионым зыщагъасэ и губгъуэм къихьа командэхэм иужьу Iэмал ягъуэтыжауэ арат махуэ зыплытху дэкIмэ щIэзыдзэжыну къэралпсо зэхьэзэхуэм зэрыхуэхьэзырыр, иджыри къэскIэ зэлэжьахэр къазэрехъулIар къапщытэжыну. Я узыншагъэм и щытыкIэм тегузэвыхьри, «Спартак-Налшыкым» и тренерхэм абы хагъэтакъым гупым и пашэхэу Сындыку Темыркъан, Машэжь Ратмир, Бацэ Къантемыр сымэ. КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы зэIущIэр щекIуэкIым фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэтри, джэгун ямыухыу абы къыхэкIыжын хуей хъуащ Дэхъу Ислъамрэ Апажэ Чэримри.
Орехово-Зуевэ къикIахэм хуабжьу жыджэру зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр щIадзащ. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтет Щоджэн Борис япэ дакъикъэхэм тIэунейрэ ди командэр къригъэлын хуей хъуащ. КъалъыкъуэкIа шынагъуэхэм зэкъуигъэувэжа налшыкдэсхэм адэкIэ тепщэныгъэр джэгупIэ губгъуэм щызыIэрагъэхьат икIи зэIущIэр иухыхукIэ бэлэрыгъыжакъым. Абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр лъэщт икIи удэзыхьэт. АрщхьэкIэ «Знамя труда»-м и гъуэр зэрыхагъэщIэфар зэ закъуэщ. 69-нэ дакъикъэм Дэхъу Ислъам шрафнойр щигъэзащIэм топыр Iэзэу къыхитащ. Ар къигъэсэбэпри, ебгъэрыкIуэхэм яхыхьа ди гъуащхьэхъумэ Ольмезов Артур «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэр къыхуэзыхьа топ закъуэр хьэщIэхэм яхудигъэкIащ, абы и гъусэу езыри гъуэм дыхьэу.
Къэнэжа зэманым лъэныкъуэхэм гугъу зрагъэхьыщакъым. Ахэр нэхъыбэу зыхущIэкъуар зыщIадзэж зэхьэзэхуэм и пэ къихуэу фэбжь нэхъ мащIэ къызэрахьынырщ.
«Спартак-Налшыкым» хэту а махуэм «Знамя труда»-м дэджэгуахэщ гъуащхьэтет Щоджэныр, гъуащхьэхъумэхэу КIэдыкIуейр, Ольмезовыр, Белоусовыр, Запалацкэр (ар Дзэмыхьым 50-нэ дакъикъэм ихъуэжащ), гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Шаваевыр, Дэхъур (Iэщыныр, 85), Iэпщацэр, гъуащхьауэхэу Хьэшырыр, Ашур, ХъутIэр (Апажэр, 64; Лъэпщыр, 75). Дауи, ахэращ ди тренерхэм зэхьэзэхуэм нэхъыбэу тегъэщIапIэ щащIынур. Я фэбжьхэр ягъэхъужмэ, шэч хэмылъу гупыр ягъэлъэщыжынут Бацэм, Машэжьым, Сындыкум. Псом хуэмыдэу ди командэр хуэныкъуэнут гъуащхьауэхэм, иужь зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр хэгъэщIэгъуей зэрыхъуар къэплъытэмэ.
Арати, гъатхэпэм и 14-м сыхьэт 14-м «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм щыщIидзэжащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым. Абы занщIэу къригъэблэгъащ зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъ Астрахань и «Волгарь»-р. МазиплIым нэблэгъауэ къэралпсо зэхьэзэхуэм ди щIалэхэр зэрыхэмытам дызэрыхуэзэшамрэ япэ къекIуэкIыгъуэм я хьэрхуэрэгъухэм 0:6-уэ къызэрыхагъэщIам хуэфэщэн жэуап зэретыжыпхъэмрэ къэплъытэмэ, ар зэIущIэ удэзыхьэх хъуну дыпэплъэрт.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» щIидзэжащ щIэуэ футболистиплI хагъэхьауэ. Ахэр ди республикэм я спорт школхэм я гъэсэнхэу нэхъапэм Черкесск и «Интер»-м хэта гъуащхьэхъумэ Шумахуэ Заур, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Уэрэзей Ислъамрэ Торосян Севадэрэ, гъуащхьауэ ХъутIэ Анзор сымэт. Дыщыгугъырт, щытыкIэ гугъум къикIыу налшыкдэсхэр адэкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэм хуэфэщэну хэтыну, зыужьыныгъэм и гъуэгум адэкIэ теувэжыну.
АрщхьэкIэ щIэзыдзэжа зэхьэзэхуэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэ закъуэми къызэригъэлъэгъуащи, я щIэдзэжыкIэр хуабжьу ухэзыгъаплъэт. Нэрылъагъут зэлэжьыпхъэхэр иджыри я щхьэм къызэрысыр икIи зэпеуэм тэмэму хэтыну зэрымыхьэзырыр.
Джэгум и пэщIэдзэм «Спартак-Налшыкыр» иджыри мащIэу ныкъуэкъуащ, стадионым къекIуэлIа закъуэтIакъуэм я гукъыдэжыр къаIэтыну я мураду. АрщхьэкIэ апхуэдэу зэрекIуэкIар дакъикъэ тIощIкIэщ. А зэманым къриубыдэу къапэщIэтхэм зэфIэкIышхуэ зэрамыIэр зылъэгъуа хьэщIэхэм адэкIэ зыкъызыкъуахащ. Армырами, зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъыу Налшык къэкIуа «Волгарь»-р зыщыгугъыр текIуэныгъэрати, къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. Япэ къекIуэкIыгъуэм абыхэм ди щIалэхэр 6:0-у къызэрыхагъэщIар я напщIэм щIэлът. «Спартак-Налшыкым» апхуэдэ щытыкIэм зыри пигъэувыфакъым.
Iуэхур Iисраф дыдэ хъуащ джэгум и етIуанэ Iыхьэм. Абы и пэщIэдзэм астрахандэсхэм кърагъэхьа Бутенкэ Александр дыгъужь нэщIам хуэдэт икIи зэкIэлъхьэужьу топищ ди щIалэхэм къахудигъэкIри, я гукъыдэжыр ириудыхыпащ. А псом ищIыIужкIэ, топджэгум и хабзэр къызэпиудри, зэIущIэм къыхахуащ ди гъуащхьэхъумэхэм ящыщ Шумахуэр.
Арати, 0:4-уэ ди щIалэхэр къыхагъэщIауэ джэгур иухащ, налшыкдэсхэм я щхьэр къахуэмыIэту я гур ихауэ. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр «Спартак-Налшыкым» гъатхэпэм и 20-м Псыхуабэ щригъэкIуэкIын хуейт. А махуэм ар дэджэгунут абы и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м, арщхьэкIэ адэкIэ унафэ зыщIар коронавирус уз зэрыцIалэращ - зэхьэзэхуэр япэщIыкIэ къызэтрагъэувыIащ, къыкIэлъыкIуэу щагъэтыжыпащ.
ЗэрыжаIэщи, дагъэтыншыжащ. ИпэжыпIэкIэ 2019 - 2020 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкыр» зэрыхэтар нэхъ псынщIэIуэу зыщыдгъэгъупщэжыну дыхуейт. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуа ди командэр апхуэдэу лъахъшэу щехуэха зэпеуэ зэи хэтакъым. Хэт ищIэн, адэкIэ здехуэхын щыщымыIэжкIэ, ар зыужьыныгъэщIэм и щIэдзапIэ хъуну пIэрэ? Дэ абы хуабжьу дыхуейт.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: