Медалиблым щыщу щыр дыщэу

Бокс

Ставрополь крайм и Суворовскэ жылэм и «Урарту» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Кулаков Роман и фэеплъ зэхьэзэхуэ. БоксымкIэ урысейпсо зэпеуэм хэтащ илъэс 13 - 14, 19 -20 зи ныбжь спортсменхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалибл къыщихьащ, абы щыщу щыр дыщэу. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ ПщыукI Дамир (кг 40), Шыкъ Аслъэнбэч (кг 46-рэ), Уэрыш Аслъэн (кг 54-рэ) сымэ. 
Дыкъынэ Ибрэхьим (кг 42-рэ), Кугъуэт Тибард (кг 50), ПIаз Ясинэ (кг 52-рэ), Ульбашев Тамерлан (кг 52-рэ) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.
Командэм и тренерхэр Къущхьэ Алим, Занилов Мурат, Къумыкъу Мухьэмэд, Гериев Хъусейн, Куэшмэн Аслъэн, КIэрэф Арсен, Елгъэр Елдар сымэщ. 
Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ Урысейм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ накъыгъэм и 11 - 18-хэм Мэзкуу областым и Чехов къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм. 
 

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: