Орел щылъэщащ

Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Орёл къалэм и «Гринн Центр» спорт центрым. Абы щызэпеуащ илъэс 18 зи ныбжь щIалэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медалитI къихьащ.

И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 45-рэ) Бакъей Джэмал зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр бжыгъэр 9:2-уэ Къалмыкъым и бэнакIуэ Джилеев Арсланг къыфIихьри, япэ увыпIэр иубыдащ.

НэгъуэщI ди зы бэнакIуэ Щоджэн Ралан килограмм 51-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медалыр къыщихьащ. КIэух зэхьэзэхуэр бжыгъэр 3:4-уэ абы иригъэхьащ шэшэн щIалэ Атангериев Ахьмэд.

Килограмм 65-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр щиубыдащ Хасауов Сэлихь.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: