ХьэщIэхэм дыкъыхагъащIэУрысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Краснодар крайм, Ростов областым, Дагъыстэным, Кърымым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я командэхэр.
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр иратащ Краснодар крайм, етIуанэр Таганрог къалэм къикIахэм, ещанэр къахьащ Кърымым и регбистхэм. Ди командэр етхуанэ хъуащ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ. Абы нэмыщI нэхъыфIу къалъыта спортсменхэр саугъэт щхьэхуэхэмкIэ ягъэпажащ.
Регби 7-мкIэ зэпеуэр къызэрагъэпэщащ регбимкIэ «Центр» академием, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, «Налшык» спорт еджапIэм, КъБР-м РегбимкIэ и федерацэм.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|