ЩIалэгъуалэм я унэтIакIуэ

IуэхуфIхэр зи плъапIэ, зи зэфIэкIым зезыгъэужьыну, щIэ гуэр къызэрищIэным сытым дежи хущIэкъу, а и щIэныгъэр жылагъуэм жыджэру хуэзыгъэлажьэ пщащэщ Тау Стеллэ. Ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ факультетым, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ аспирантурэм. Еджэным фIыуэ ехъулIэ хъыджэбзым мызэ-мытIэ къихьащ КъБР-м и Iэтащхьэм, Нэгумэ Шорэ и цIэкIэ ягъэува стипендиехэр. 2015 гъэм абы и диссертацэр Адыгей къэрал университетым ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIри, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ. Стеллэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щылажьэ ЩIалэгъуалэ советым хэтщ, аутсорсинг компанием и бухгалтерщ.

Таур жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтщ, Iуэхугъуэ щхьэпэхэм ятеухуа проект гъэщIэгъуэнхэр егъэхьэзыр. Апхуэдэу КИФЩI-м и щIалэгъуалэ проектхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм ар зыхэта гупым зыбжанэрэ текIуэныгъэр къыщахьащ. ИужькIэ Стеллэ къызэригъэпэщащ республикэм и школ-интернатхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр финанс Iуэхухэм щыгъэгъуэзэным теухуауэ къыдэлэжьэну гуп. А унэтIыныгъэмкIэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрегъэпэщ, ныбжьыщIэхэр абы зэрыдихьэхым и щыхьэтщ Стеллэ и проектхэм жыджэру къызэрыхыхьэр. Республикэм и школ-интернатхэм нэмыщI, иджы а Iуэхум къыхыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжыр.

- Мылъкум пыщIа Iуэхухэм, экономикэ хабзэхэм ныбжьыщIэхэр пасэу щыгъэгъуэзэным мыхьэнэшхуэ иIэщ, абыхэм фIыуэ хэзыщIыкIыр гъащIэм куэдкIэ нэхъ тыншу хэпсэукIыфынущ. Проектыр щхьэпэщ сабийхэм ахъшэм и мыхьэнэр нэсу къагурыIуэнымкIэ, ар зэгъэзэхуауэ къагъэсэбэпу егъэсэнымкIэ, мылъку зэгъэкIуэкIыным пыщIа хабзэхэм егупсысынымкIэ. Ахъшэм, мылъкум ди гъащIэм щаубыд увыпIэр, абы и зегъэкIуэным пыщIа Iуэхухэм си щхьэкIэ нэхъ куууэ зыщызгъэгъуэзэну иужь сихьэри сыдихьэхащ. Ди къэралми хамэ щIыпIэхэми щыщ IэщIагъэлI куэдым а Iуэхум траухуа я тхылъхэм седжащ. А унэтIыныгъэм псом хуэмыдэу нэхъ куууэ ухэзыгъэгъуазэу, лъэныкъуэ куэдым гу лъозыгъатэу сэ къысщыхъур Клейсон Джордж и IэдакъэщIэкIырщ - «Самый богатый человек в Вавилоне». Ахъшэм и къэгъэсэбэпыкIэм теухуауэ хамэ къэралхэм щыIэ бгъэдыхьэкIэ зыбжанэ егъэлеяуэ сигу къыдыхьат. Зи гугъу сщIыр а Iуэхум сабий гъэсапIэм щегъэжьауэ гулъытэ хуащIын зэрыщIадзэрщ. Сабийхэр, хъыбарыр зэрабгъэдэплъхьэ щIыкIэм елъытауэ, Iуэхум псынщIэу дебгъэхьэхыфынущ, зэ еплъыгъуэкIэ къагурымыIуа къыпщыхъуми, щхьэ куцIым и зы къуапэ «тIысыпIэ» ящIри, зрихьэлIэ щытыкIэм елъытауэ а щIэныгъэр тыншу къагъэсэбэпыж. Абы и щапхъэ куэд щыIэщ. Сэ сщIэмкIэ адрейхэм садэгуэшэныр сфIэфIщ, мы зи ужь дит Iуэхум и щхьэпагъыр сэ езым си щхьэкIэ згъэунэхуа нэужь, абы ныбжьыщIэхэр хуэгъэсэным сытегушхуащ, - жеIэ Тау Стеллэ.

2023 гъэм Стеллэ Грант къэхьынымкIэ урысейпсо зэпеуэм и япэ лъэхъэнэм щытекIуащ икIи абы и утыку зэрихьа «Cybersecurity skills E&L» проектыр гъэзэщIэн щIидзащ. Iуэху щхьэпэм мылъкукIэ и щIэгъэкъуэнщ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэр. Iуэхур ипэкIэ гъэкIуэтэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуохъу КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэр, абы и деж щылажьэ ЩIалэгъуалэ советыр, Къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэгъуалэ центрыр, «Гъунэгъум дэIэпыкъу» жылагъуэ зэгухьэныгъэр.

«Cybersecurity skills E&L» егъэджэныгъэ-узэщIакIуэ проектыр хуэунэтIащ школ-интернатхэмрэ сабий унэхэмрэ щыIэ цIыкIухэр, джэгукIэ жыпхъэм иту, экономикэм теухуауэ яIэ хуитыныгъэхэм хэгъэгъуэзэным.

- Нобэрей ди гъащIэр ахъшэншэу уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым, абы къыхэкIыуи ахъшэм и мыхьэнэр, абы и зэгъэкIуэкIыным теухуа хабзэхэр щысабийм щегъэжьауэ ящIэн хуейщ, - жеIэ Стеллэ. - Тыкуэнхэм куэдрэ ущрохьэлIэ IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэзыщта сабийхэм ахъшэ жьгъейхэр ябжу, къащэхуну зыхуейр а яIыгъым къахущIэкIын-къахущIэмыкIыныр зэрагъэзахуэу. Языныкъуэ сабийхэм фIы дыдэу къохъулIэ а Iуэхур псынщIэу зэхуэгъэкIуэныр, ауэ псоми я зэфIэкIыр зэхуэдэкъым. Адэ-анэхэр куэдрэ мэтхьэусыхэ я сабийхэм ират ахъшэр псынщIэу къазэрыIэщIэухэм папщIэ икIи ягъэкъуаншэу жаIэ сомыр зэрамылъытэр. Мис абдежщ псори къыщежьэр. Щынэхъ цIыкIу дыдэм деж къыщыщIэдзауэ а Iуэхум гулъытэ хуэщIыпхъэщ, ар Iэпэдэгъэлэл пщIымэ, сабийр къэхъунущ ахъшэм и пщIэр имыщIэу, абы и зэгъэзэхуэнми хуэмыIэкIуэлъакIуэу.

Таум иригъэкIуэкI зэIущIэхэм хэтынущ цIыхум и хуитыныгъэхэр фIыуэ ищIэным теухуа псалъэмакъхэри. Пщащэм къызэрилъытэмкIэ, хабзэр фIыуэ зыщIэм и щхьэр сытым дежи хуэхъумэжынущ, абы зыри хэзымыщIыкIыр жэуапым щIрашэлIэн Iуэху мыщхьэпэхэм хэхуэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ялэжь щIэпхъаджагъэхэм я епщыкIуиянэр зыщIэр балигъыпIэ имыувахэрщ е ахэр хэту къэхъуа Iуэхущ. Аращи, зи хуитыныгъэхэр, хабзэр фIыуэ зыщIэу къэтэдж ныбжьыщIэхэр куэдкIэ нэхъ тыншу хэзэгъэнущ балигъ гъащIэм. Абы и лъэныкъуэкIи Стеллэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэнщ.

Иджыпсту Тау Стеллэ и гупым егъэджэныгъэ платформэр къызэрагъэпэщ. Абы хэтынущ вебинархэр, дерсхэр, щIэныгъэ иратар къыщапщытэж джэгукIэ технологиехэр зи лъабжьэ тренингхэр.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: