Лъэбыцэжь и махуэ

Мыщэм и махуэр, дыгъэгъазэм и 13-р, Урысей Федерацэми нэгъуэщI къэралхэми щагъэлъапIэ цIыху къызэрыгуэкIхэми а псэущхьэм кIэлъыплъ экологхэми.

Дыгъэгъазэм и 13-м къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм сабийхэр ирашалIэ, Iуэхум ехьэлIа усэ цIыкIухэм къыщрагъаджэ, зи гугъу тщIы псэущхьэр лIыхъужь нэхъыщхьэу зыхэт театр теплъэгъуэхэм, макъамэрэ уэрэдкIэ гъэпсахэм, щрагъэплъ. Гукъыдэжыр щебэкI апхуэдэ зэхуэсхэу джэгукIэ дахэкIэ гъэпсахэм быным я гъусэу къэкIуа адэ-анэхэри, сабий хъужарэ псысэм хэхутэжа фIэкIа ямыщIэну, нэжэгужагъэ ин къагъэлъагъуэу яхэтщ.

 Зи зыгъазэ зы мазэ жэрыш теж

ЩакIуэхэм, мэзхъумэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гу зэрылъатамкIэ, мэзым щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэм я нэхъ иныр и гъуэм, щIымахуэ жей кIыхь щищIыну, щигъуэлъхьэжыр мы махуэращ.

Псысэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зи цIэр и нэхъыбэм фIыкIэ къыхэщ мы хьэкIэкхъуэкIэр, дызэрыщыгъуазэмкIэ, къаруушхуэ зыбгъэдэлъщ, зи щхьэр зыхъумэжыфщ, шынэ зымыщIэщ, набдзэгубдзаплъэщ, къецIыкIуэкIхэм фIырыфIкIэ ящымыхьэщ. АрщхьэкIэ, и бын цIыкIухэм е езым утеуамэ, къыпхуимыгъэгъун хуэдизу и жагъуэ пщIауэ аращи, дахэ хэзэгъэжынкIэ ущыгумыгъыжмэ нэхъыфIщ.

Зи зыгъазэ зы мазэу къалъытэ псэущхьэм псынщIагъэ къызэрымыкIуэхэр щыдалъагъуи къохъу. Апхуэдэхэм деж, ар жэрышым тежыфынущ, щыхьым я нэхъ иныр, зыIэригъэхьэмэ, и IэблитIымкIэ хуэгъэмэхынущ, ар дыдэр и фIалъэ лъакъуитIымкIэ хуехьэжьэнущ, щIыгулъ Iувым зыщIэзыгъэбыдыхьа дзыгъуэ цIыкIур мэкIэ къигъуэтынурэ, зыкъэщIэжыпIэ иримыту, и гъуэм чачэу кърилъэфынущ.

Гу лъытапхъэщ

Палеонтологие щIэныгъэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, мыщэр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс мелуани 5 - 6-м нэблэгъащ.

Махуэ 200-м нэблагъэкIэ екIуэкI щIымахуэ жей кIыхьым зыщыхуигъэхьэзыркIэ, лъэбыцэжьым и шхэныр нэхъ пасэу зэпегъэури и кIуэцIым къыщызэтена тIэкIухэри егъэкIуэщIыж.

Мыщэбзым и шырхэр дунейм къыщытригъэхьэр щIымахуэм езыр жейуэ гъуэм щилъырщ.

ЩIэжьей цIыкIухэм къашэчыр мащIэ дыдэщ – грамм 350-м нызэрыхьэсщ.

Лъэбыцэжьхэм яхэтщ килограмм 800-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэри.

КъагъащIэр илъэс 25-м къыщыщIэдзауэ 40-м нэблагъэщ.

Мыщэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщу нэхъ цIыкIу дыдэр Малайзием щыIэхэращ. Абыхэм, ику иту, метр 1,5-рэ я кIыхьагъщ, килограмм 30-м къыщыщIэдзауэ 60-м нэблагъэ я хьэлъагъщ.

Швейцарием и Берн къалэм мыщэм и щхьэращ и дамыгъэр.

Мы зэманым ди планетэм щыпсэу мыщэхэр лIэужьыгъуи 4-кIэ ягуэш. Ахэр: хужь, фIыцIэ, гъуабжэ, пщэху жыхуиIэхэращ. Пэжщ, абыхэм къатепщIыкIыжахэр я лIэужьыгъуагъэкIэ куэдкIэ нэхъыбэщ. АтIэми, къедбжэкIа а псоми (бгъуэнщIагъщIэс зыхужаIэу иужьым кIуэдыжари яхэту), щIэныгъэлIхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, къызытехъукIыжар «этруск» мыщэу зи лIэужьыр илъэс мелуан 1 - 2 ипэкIэ кIуэдыжар аращ.

Ауэ щыхъукIи, лъэпкъ куэдым я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжу, мыщэр хьэл-щэн зэмыщхь куэд зыдалъагъу хьэкIэкхъуэкIэщ. Ар щытыфынущ шынагъуэу икIи къарууфIэу, зыкъигъэлъэгъуэфынущ захуагъэм и телъхьэуи мэзым и хъумакIуэуи.

Мыщэм и тыгъэ (Iуэтэж)   

Пэжи пцIыи, сэ мы хъыбарым щыхьэт сытехъуэфынукъым, ауэ сыщIалэ цIыкIуу, гъуэрыгъуапщкIуэ дыщыджэгуа ныбжьым дыщитым, нэхъыжьхэм яIуэтэжу зэхэсхыгъащ…

Хъыбархэр нэхъ щыжаIэр бжьыхьэ жэщ кIыхьхэу цIыхухэр нэхъ щызэкIэлъыкIуэу щыщыта лъэхъэнэрт.

Хэти блэм зэрыIущIам, мыдрейми и щIыбагъымкIэ зыкъезыдза дыгъужьыр зэриукIам тепсэлъыхьырт. Ауэрэ, мыщэм и гугъу щащIым, псалъэр къызылъыса мэкъумэшыщIэ лIыкум кърегъажьэ.

«ЛIибл дыхъуу мэзыкум ит хуейм мэкъу дыщеуэрт. Жэщ щыхъум, мафIэшхуэ тщIыри мэкъуауэхэр дыкъетIысэкIащ. Мазэр еIэжат, мазэхэт. МафIэм хуеишхуэр игъэнэхурт, ауэ ихъуреягъ мэзыр кIыфIым щIигъэнат.

Дыдихьэхауэ дыздэуэршэрым, гу лъыдотэ гъунэгъу дыдэу зы мыщэ къызэрыдбгъэдыхьам. Мыщэр кIэбдз лъакъуитIымкIэ зэфIэтт, гъумэтIымэрт.

ЩтэIэщтаблэ хъуаи къытхэкIащ, шэмэджым епхъуаи щыIащ, хэти «дывгъэукI!» жиIащ. АрщхьэкIэ, ди шэмэдж пашэм «зэ фызэтеувыIэ, мыбы зыгуэр щыщыIэщ!» щыжиIэм, дызэтеувыIащ. Бгъэдыхьэн къытхэкIыртэкъым. Зыми дзыхь ищIтэкъым, «дишхынущ!» жаIэрти.

«Хьэзыру фыщыт, зыкъызидз хъумэ», - жиIэри шэмэдж пашэр къэтэджащ. «Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щомыгъэгугъ, уи гъусэм укъуэгушхукIыу, мыщэукI умыкIуэ!» жыхуаIэ псэлъафэри асыхьэтым игу къэкIыжат, ауэ лIыгъэм зригъэхьурэ зыхуэкIуэм бгъэдыхьащ. Еплъмэ, мыщэм и нэпситIыр къолъэлъэх, и щэIукIэмкIи гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэхуар къыгурыIуащ. Мыщэм и фIалъэ ижь къишияр къызэрыбэгам, шын зэрыхъуам гу лъитащ. ЕплъыIуэмэ, банэшхуэ хэлът.

Iуэхур зытетыр къыгурыIуэри, «хуэму, тIасэ, хуэму!» жриIэурэ здепсалъэм, мыщэм зэрызимыгъэхъейуэ, шэмэдж пашэр Iэбэри банэшхуэр къыхичыжащ.

Щабэ-щабэу еIусэурэ, и лъакъуэ бэгам шыну итыр къригъэкIащ. ФIарий тхьэмпэ и уIэгъэм трилъхьэри, и джанэ щIагъщIэлъым и пытхъахуэмкIэ хуипхэжащ.

Арати, мыщэр мэзым хыхьэжащ. Дэри тлъэгъуар тфIэтелъыджэ хъури, абы дегупсысурэ, жейм дыхилъэфащ.

АтIэ, зэманыр кIуэрэ-кIуэщIу макIуэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсми, лIиблыр а хуей дыдэм мэкъу дыщеуауэ дыщызэхэст, кIыфI зэрыхъурэ куэд щIарэ дыпыщхьэукъукIыу.

Ауэрэ, мыщэ гурым макъ зэхыдох. ГурыщхъуэщIу дыздеплъэкIым, мэзым къыхэкIауэ зы мыщэ гуэр къытхуокIуэ. Гъунэгъу къыщытхуэхъум, зыгуэр къигъэтIылъри, мэзым хыхьэжащ.

ИригъэтIылъэхар, шэмэдж пашэр кIуэрэ еплъмэ, бжьэ матэм фо хьэкIуэр дэзу дэлът. «ФIы пщIауэ, Iейм ущымыгугъ!» жыхуаIэр арати, мыщэм гупыр фокIэ дигъэтхъэжащ.

«Ей-й, хьэкIэкхъуэкIэ пэтрэ, фIыр зыхащIыкI!» - зэдэжытIащ мэкъуауэлIхэм.  

БАБЫГУЕЙ Сосрыкъуэ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ