ЩIым и махуэ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

Зэман дэкIри, гудзакъагъэ тхэлъу щIыуэпсым дыхущытыным, гулъытэ абы хуэтщIыным теухуауэ гъатхэм кърахьэжьэ Iуэхугъуэ псоми «ЩIым и махуэ» фIащащ. Абы къытекIыу, цIыхухэм гъатхэм и кIыхьагъкIэ пщIантIэхэмрэ уэрамхэмрэ ягъэкъабзэ, жыгхэмрэ удз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хасэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къэралым, жылагъуэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр даIыгъ.

ЩIым и экосистемэр зэрыщытам хуэгъэкIуэжынымкIэ тщыщ дэтхэнэри сэбэп дыхъуфынущ. АбыкIэ щапхъэщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Небраскэ штатым XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм и унагъуэр игъусэу Iэпхъуа фермер-биолог Мортон Джулиус Стерлинг (зэман дэкIри, ар а къэралым щIы IуэхухэмкIэ и министруи ягъэуват) кърихьэжьауэ щыта Iуэху щхьэпэр.  

Губгъуэ гъунэншэм гъунэгъу щыхуэхъум, Мортон зэуэ гу лъитащ нэм къыхуэмыплъыс тафэ абрагъуэм жыг закъуэтIакъуэххэ фIэкIа зэримытыжым. ЩIыуэпсым и щыIэкIэ-псэукIэр гурэ-псэкIэ зыхэзыщIэ а цIыхум асыхьэту и нэгу къыщIэуващ, жьауапIэ къэзыт а къэщIыгъэ тIэкIухэри губгъуэм «абгъуэ» щызыухуэну къэIэпхъуэ мыдрейхэм унэлъащIэ папщIэрэ пхъэгъэсыну зэраIэщIэкIуэдэжынури.

Сэтей абрагъуэр пхъэщхьэмыщхьэншэу къызэрызэтенэнкIэ хъунур зи нэгу къыщIэзыгъэува зэлIзэфызым, гупсысэ кIыхьым зрамыгъэхьу, я Iэщхьэлъащхьэр щIаупщIэри, здитIысыкIа щIыпIэм и Iэхэлъахэм жыгыщIэ цIыкIухэр щыхасащ. Мортон зэщхьэгъуситIым къабгъурытIысхьэу щIэзыдза адрей унагъуэхэри а щапхъэм иригъуэзащ. 

Езым гурэ-псэкIэ фIэкъабылу кърихьэжьа а Iуэхур къыдэзыIыгъхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум нэхъри игъэгушхуа лIым штатым и унафэщIхэм захуигъэзащ, жыгыщIэхэр зыгъэтIысхэм я зэпеуэ щIыналъэм щыпсэухэм я деж къыщызэрагъэпэщыну щIэлъэIуу.

Телъыджэр аращи, а жэрдэмыр псыхэкIуадэ хъуакъым - 1872 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м ирихьэлIэу Небраскэ штатым и губгъуэ гъунэншэм жыгыщIэрэ къуацэщIэу щыхасам я бжыгъэр мелуаным щхьэдэхауэ щытащ. 

Ауэрэ здекIуэкIым, илъэс бжыгъэфIи дэкIыжауэ, 1882 гъэм, Небраскэ штатым мэлыжьыхьым и 22-р «Жыгым и махуэу» щагъэуващ. «ЩIым и махуэ» ар щыхъуар 1970 гъэращ.

 А фIэщыгъэр зиIэ Урысей экологие фестивалыр ди къэралым и къалащхьэ Мэзкуу япэу щыщрагъэкIуэкIар 2007 гъэм мэлыжьыхьым и 22-рщ. АбыкIэ жэрдэмыр «Айрис ПРО» компанием къыхилъхьат.

Абы лъандэрэ Урысей Федерацэм ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм, УФ-м и Къэрал Думэм ЩIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ экологиемкIэ и комитетым, Урысейм и Президентым деж щыIэ Жылагъуэ палатэм, властым и федеральнэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми а махуэм гулъытэ хуащI икIи ар илъэс къэс цIыхубэм дагъэлъапIэ.

Зэрынэрылъагъущи, ЩIым и махуэм хуэгъэза Iуэхугъуэхэр къезыхьэжьэхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр щIыуэпсым гудзакъагъэ тхэлъу дыхущытыным и мыхьэнэр дэтхэнэми, псом хуэмыдэжу къытщIэхъуэ щIэблэм, захегъэщIэнырщ, дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэрыхуэсакъыпхъэм къыхуеджэнырщ, псоми ди зэдай «Унэр» - ЩIы Хъурейр - хъумэныр ди зэхуэдэ пщэрылъу зэрыщытыр балигъхэми дигу къэдгъэкIыжынырщ. 

                                                                      КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ