НОБЭДыгъэгъазэм и 15, мэрем ♦Шейм и дунейпсо махуэщ ♦УФ-м и Дзэ-хьэрш къарухэм я Радиотехникэ дзэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ ♦Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэщ ♦1917 гъэм Дзэ Плъыжьым и япэ нагъыщэр — Вагъуэ Плъыжьыр къащтащ. ♦1921 гъэм РСФСР-м и ВЦИК-м и деж Къэбэрдей автоном областым и лIыкIуэ щыIэныр хабзэу гъэуващ. ♦1912 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Балъкъэр Мыхьэмэт. ♦1922 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, публицист Джэдгъэф Аслъэмырзэ. ♦1925 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамбэт Хьэлым. ♦1928 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Дзу Iэбубэчыр. ♦1931 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Ло Инал. ♦1951 гъэм къалъхуащ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэзан Аслъэнджэрий. ♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Майе. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 - 4, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Бгым джэдыкIэкIэ еуэ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
|