Алэкъейхэ къэрэшей зэрыхъуар

ЖызыIэжар Хьэбэз къуажэм (Къэрэшей-Шэрджэс) къыщыхъуа Даур Умар и къуэ Мухьэрбийщ.
Нобэрей Хьэбэзыр (Къэсейхьэблэу щытар) ящыщщ Къэбэрдей щIыналъэр урыс пащтыхьым и дзэм щызэрипхъуэм, къуажэ зэбгрыдзахэм ящыщ хьэблэхэм нэхъ щIыпIэ шынагъуэншэ къалъыхъуэу къызэрехьэжьахэм. 

КъэIэпхъуахэр Псыжьыщхьи, Тебэрды псыхъуи, Марэ и тIуащIэми дэсыгъащ. Ауэ, тыншыпIэ зыщIыпIи щагъуэтакъым икIи къратакъым. Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Къэсей Мысост и хьэблэр къыщытIысар XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ щанэр иухауэщ.
Нэхъапэ здэтIысауэ щытар Бгы Плъыжь ипщэIуэкIэ иIэ щIы нэщI тафэ тIэкIурат, псы Iуфэ дыдэу, иужькIэ «АдрыщIкIэ» зэджэ хъужам. Ауэ, а щIыпIэм къуажэ ущыхъуну, зыщыбубгъуфыну лъэкIыныгъэ лъэпкъ щыIэтэкъыми, Къэсей и къуэр урысыдзэм къулыкъу хуэзыщIэхэм хабжэт, пщы мамыр хъуахэм ящыщти, Лоу и къуэмрэ абырэ нэгъуэщI щIыпIэ зыбжанэ кърагъэлъэгъуа нэужь, щIыр къэзыпщ урыс IэщIагъэлIыр я гъусэу, къыхах иджы зытес щIыпIэр. 
Лоу и къуэр адрыщIым зэпрокIри къотIыс, Къэсей и къуэр щIыр здэнэхъмащIэ Iуфэм къэнати, япэIуэкIэ къэтIыса ХьэтIохъущокъуэми Хьэгъундокъуэми я къуажэхэм я щIым щыщ къыхупачыжри, къыхухагъахъуэ.
ЯпэщIыкIэ здэтIысар «Хэкужь» жыхуэтIэрат. Иджы къуажэр здис тафэр абы щыгъуэ мэзышхуэт. А здэтIыса къуэкIийм абы щыгъуэ дэсыххэт Ахъмэтыбг и лъабжьэм щIэса Къэрэмырзэ Алий и къуажэшхуэ 1825 гъэм урысыдзэм хьэлэч ищIам и къутахуэ хьэблэ цIыкIу, Къэрэмырзэ Бэтокъуэ я унафэщIу. 
ПсыкIэху псы цIыкIур къызыдэж къуэм уэшх къешхыху псыдзэ къыдэжмэ хьэблэхэр зэбрихыурэ бэлыхь ятригъэлъти, абдежым куэдрэ зыщамыгъэгувэу бжьэпэм къыдэкIыжхэри, Къэрэмырзэм и хьэблэр нэхъ едзыхауэ, Къэсейм ейр нэхъ дэдзеяуэ къытотIысхьэ. Къэрэмырзэм и хьэблэми, абы гъавэ щищIэ, игъэлажьэ къуэ дыхьэпIэми КъэрэмырзейкIэ еджэ мэхъу, мыдрей къыдэдзея Къэсей и къуэм и хьэблэр здэтIысар Къэсейхьэблэ мэхъу. 

Жан дахэ

Къэсей Мысост (къуажэпщыцIэр зезыхьэу хьэблэр Инжыдж къэзышам) иIэт набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу шыпхъу, Жан и цIэу. Абы и сурэт къызэрымыкIуэм папщIэ псори зэреджэр «Жан дахэт». Ар урысыдзэм хэта къэзан подполковник гуэрым и щхьэгъусат. Жан и дахагъ гур пIэпызыхым и фIыщIэкIэ абы и щхьэгъусэ офицерми пащтыхьыр нэхъ нэфIкIэ къеплъырт, и къулыкъури лъагэу дэкIуеину къыщIэкIынт, ауэ «хущIыхьакъым» - уз гуэр къеуалIэри, абы илIыкIат. 
И щхьэгъусэр щыпсэуам, пащтыхьым и пшыхьхэм зэпымыууэ иригъэблагъэу щыта, и дахагъэрэ и зыIыгъыкIэ зэкIужкIэ, зэрызыщихуэпыкIа и адыгэ фащэмкIи къахэлыдыкI Жан фызабэу къыщынэм, нэхъри и нэIэ къытригъэту щIидзат, лIыкIуи къыхуигъэкIуат, пенсионышхуи хуигъэуву, и пщIантIэдэт бзылъхугъэ пажэхэм яхигъэтыну ириджэу. АрщхьэкIэ Жан: «Сэ лъэпкъ сыкъыхэкIащ, абы секIуэлIэжынущ, къыздалъхуахэр къызожьэ!» - жиIэри, идатэкъым. Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьым къыжриIат сыт щыгъуэ зэмани Жан зыгуэр хуэныкъуэ хъумэ, къатхэ-натхэ хэмыту, езым деж къэкIуэну.
Урысыдзэм Инжыджхэмрэ Псыжьрэ Iуса адыгэ-абазэ къуажэхэм лъапсэихыр къащыхуигъакIуэм, пащтыхьым унафэ ищIат бгырыс зи цIэ Псыжь и лъэныкъуитIымкIи километр 12-кIэ нэхъ гъунэгъуу къэтIысыжыну хуимыту. Петербург пащтыхьым деж кIуэуэ Инжыдж и Iуфэхэм IутIысхьэжыну хуитыныгъэр къыдэзыхыжауэ щытар Къэсей Жант…
Къэрэмырзэ Бэтокъуэ езыр щIалэ фыз къэмышэ пэтми, и нэвагъуэр къихуу ехъуэпсат Мысост и шыпхъу дахэм. Жани куэдрэ щыгъуа щхьэкIэ, и гъащIэ псор щыгъуэкIэ ихьынт? Мо щIалэ къабзэм езыри хьэщыкъ хуэхъуат. Абы щыгъуазэ Мысост зыри жиIэртэкъым, Бэтокъуи къызыхэкIар пщы лъэпкъти, ауэ къэсейхьэблэдэсхэм, нэм икIауэ, Бэтокъуэ дунейм тралъагъуэ хъуртэкъым: «ЕI, ди къуажэпщым ипхъу дахэм ар щхьэ къыпыхъыжьагъэххэ?» - жыхуаIэу. 

 Марэ псыхъуэ ягъэзэж

…Мысост и шыпхъур ирет Къэрэмырзэ Бэтокъуэ. ЗэрышагъитIым къагуроIуэ жылэм тIури тыншу зэрыдэмысыжыфынур. Унафэ ящI Марэ ягъэзэжу абы дэтIысхьэжыну…
Мысост и шыпхъум хухиха мылъкум къинэмыщIауэ, мохэр щыIэпхъуэм яритат Бэтокъуэрэ Жанрэ нэхъ зылъагъу мыхъу унагъуиплI: Мэзукъэбзхэ, ХьэтIэфхэ, Тыкъхэ, Алэкъейхэ. Пщым и унафэм фIэкIыу сыт ящIэфынт? 
Ауэ къыздагъэзэжа щIыпIэжьми а унагъуиплIым щагъэтакъым Жанрэ Бэтокъуэрэ ягъэбиин, яхуэдзэлэшхэн, Iуэхухэри Iэпэдэгъэлэлут зэращIэр. 
Зэман докIри, я блыгущIэтхэм я лъагъумыхъуныгъэр къажьэхэуа, хэт зыщIэр, ауэ зы илъэс фIэкIа ямызэхуакуу зэщхьэгъуситIри, япэщIыкIэ Бэтокъуэ, кIэлъыкIуэу Жан, дунейм ехыжащ.

ЩызэбгрылэжьыкIым

Тыкъхэрэ Мэзукъэбзхэрэ Къэсейхьэблэ къагъэзэжащ. ХьэтIэфхэрэ Алэкъейхэрэ зэ папщIэ Марэ тIуащIэ къыдонэ. Ауэ ХьэтIэфхэ щIалэ гуэр яIэщIоукIэри, Марэ дамыгъэсыж мэхъу. Лабэ псыхъуэ мэIэпхъуэ. Ауэ, абдежми «хэхэсыр» къраудэкIыу щагъэпсэуртэкъыми, Къэсейхьэблэ къагъэзэжащ. Иужьым, адыгэ-абазэ къуажэхэм ящыщу иныIуэ хъуахэр зэхагъэтIысыкIыу щаублэм, ХьэтIэхъухэ Адыгэ-Хьэблэ Iэпхъуащ. 
Марэ псыхъуэ къыдэна Алэкъейхэ Къэсейхьэблэ къэкIуэжмэ аргуэру Къэсейхэ яхуэпщылIын хуейти, къэмынэжу къахэнапэри, псоми текIуэ зэманым къэрэшей яхищIыхьыжащ… 

Тхыгъэр зейм къыбгъэдэкIыу

Мухьэрбий жиIэжа хъыбарым тIэкIу пыздзэжынут…
КъыдэтIысхьэжынкIэ, Жан урыс пащтыхьым хуитыныгъэ къыщиIыхыжа зэманым ипэкIэ Инжыдж псыхъуэхэр адыгэ лъахэу щымытауэ аратэкъым нэщI щIэхъуар, атIэ абы дэса къуажэхэр зауэм дилъэпсыкIати аращ. Адыгэхэми абазэхэми иджы хуэдэу мывэ лъабжьэрэ мывэ блынрэ зиIэ унэ яухуэу щытыгъакъым. Ар щIамыщIыр ялъэмыкIыну аратэкъым, атIэ зауэ къэхъуху, къуажэхэр зэрагъэсырт, зэрызэрапхъуэрт, зы къыдамынэу. Абы къыхэкIыу къалъытэ хъуат унэхэр псынщIагъуэу, щIыгъуафIэу, убгынэ хъуми уи гум къыщIимытхъыну зэтебгъэувэмэ нэхъыфIу. 
Зи къуажэр ягъэса адыгэхэм уатекIуауэ плъытэ мыхъуну зэрыщытыр къагурыIуат ди бийуэ щыта куэдым. Мэз ягъуэт закъуэмэ, зэдэIэпыкъужурэ щIыпIэщIэм деж тхьэмахуитI зэхуакум къриубыдэу къуажэщIэ щаухуэрт, зыхуеину псэуалъэ псори дэту. 
Ди лъэпкъым, зыхуей дыдэу, имыIэмэ мыхъун гуэрхэм къинэмыщIауэ, лей лъэпкъ зэрилъафэртэкъым. Бийр къахуэмыгъэувыIэнумэ, выгур зэщIащIэрти, унэлъащIэр абы илъу, сабийхэр абы хагъэтIысхьэжауэ ежьэжхэрт, я Iэщыр япэ иту. 
Нобэ Къэрэшей-Шэрджэсыр адыгэ хэгъэгуу щымытауэ жызыIэн зи напэ къезыгъэкIухэм ящIэну сыхуейт Урыс-Кавказ зауэр щыщIимыдзам, къэрэшей къуажэ зытIущыр хэмыту, адыгэ, абазэ жылэу щэм щIигъу мы щIыналъэм зэрисар. Ди лъэпкъыр лъапсэих зыщIа зауэжьым и тхыдэм зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми щыгъуазэм къигъуэтыфынущ Псыжьрэ Инжыджхэмрэ, Уарп псыхъуэхэм ди къуажэхэу урысыдзэм и зы экспедицэ закъуэм щэ бжыгъэ зэрыдигъэсыхьыгъар. 
БлэкIам елъэпауэм къэкIуэнур и пэм къоуэж…
 

 

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться: