Жанхъуэтекъуэдэсхэм я зэфIэкIыр

Черкесск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм армэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Ар Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Остроухов Евгений и фэеплъу щытащ.
Зэхьэзэхуэм хэтащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм я спортсмен ныбжьыщIи 120-рэ.
Республикэм и гъэсэнхэм япэ увыпIэр зэпеуэм къыщахьащ. Бахъсэн щIыналъэм и Жанхъуэтекъуэ жылэм и зэуакIуэхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Джаппуев Муслъим, ХьэцIыкIу Айдэмыр, Джаппуев Мансур, Чэрим Амир, БатIитIэ Естэм сымэ. ЕтIуанэ увыпIэр ХьэцIыкIу Айдар къихьащ. 
Спортсмен ныбжьыщIэхэм я тренерыр Джаппуев Алийщ.

АЛЫДЖОКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: