НэхъыжьыфIхэм я щапхъэ дахэ

Бахъсэн къалэм и Ветеранхэм я советым и хэщIапIэм иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ зи ныбжь хэкIуэта нэхъыжьыфIхэм папщIэ шахматымкIэ зэхьэзэхуэ. Абы кърагъэблэгъащ а спорт лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэным дихьэххэр, джэгуну зыфIэфIхэр. 
Ветеранхэм я зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ. 
«Махуэку махуэ къэс ди нэхъыжьыфIхэр къызэхуос шахмат зэджэгуну. ГъэщIэгъуэнракъэ, сыхьэти 9-м къокIуэхэри, сыхьэт 18-м нэсыхукIэ мыбы щыIэщи, тезашэркъым. Мыхэр хэти лэжьыгъэм и ветеранщ, Хэку зауэшхуэм и зэманым я сабиигъуэм IэнатIэ гугъум пэрытащ, хэти зауэр я нэгу щIэкIащ, иджы псори пенсэм щысщ. Шахмат щыджэгун зэрафIэфIыр тщIэрти, абыхэм загъэпсэхун папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэдгъэпэщащ. Ар псори зи фIыгъэр Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчимщ. Апхуэдэуи фIыщIэ хэха хуэфащэщ, зэрыжаIэу, абыхэм я гъусэу клубым щIэс, Бахъсэн къалэм и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абазэ Хъусен. 
Шахматым нэмыщI, мыбы щыIэщ шашкэ, нард, бильярд ущыджэгу хъун пэшхэр, ахэр псори Iэхуитлъэхуитщ, къабзэщ, хуабэщ, зэщIэкъуащ. Дэтхэнэ зы нэхъыжьыфIми, гукъыдэж иIэу щытмэ, мыбы къакIуэу зыщигъэпсэху, и зэш щытригъэу хъунущ», - захуигъэзащ Бырхьэм Залинэ зэпеуэм кърихьэлIахэм.
Апхуэдэу Бырхьэмым фIыщIэ хуищIащ Бахъсэн къалэ советым и депутат Шыбзыхъуэ Сэлим, шахмат зэпеуэр къызэгъэпэщынымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам, къыхэжаныкIахэмрэ жыджэру хэтахэмрэ щхьэкIэ щIыхь тхылъхэр, саугъэт щхьэхуэхэр зэрахуигъэхьэзырам папщIэ. 
Ветеранхэм я зэхьэзэхуэм къарикIуахэм япкъ иткIэ япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Шыгъушэ Хьэбил, етIуанэр ЛIыгуащIэ Абусуфьян, ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Алий Русланрэ ТыIэщ Аслъэнрэ.
Зэхьэзэхуэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ фIыщIэ тхылъхэр иратащ Ныр Хъусенрэ Лъэпщ СулътIанрэ.
Къыхэдгъэщынщи, ветеранхэм шахматымкIэ я зэхьэзэхуэр Бахъсэн къалэм илъэситIым зэ къыщызэрагъэпэщ. Абы хэт хъунущ апхуэдэ гукъыдэж зыщI дэтхэнэ зыри. Мыдрейуэ, шахмат щыджэгу щIыпIэм и бжэр махуэку къэс зэIухащ. ЖыпIэнурамэ, мыр щIэблэм я дежкIи щапхъэ дахэщ – ахэр зэхуэгуапэу зэхэсщ, гулъытэ, пщIэ зэхуащIу, я ныбжьыр хэкIуэтами, гъащIэм жыджэру зэрыхэтыр къагъэлъагъуэу
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: