Экономистым и махуэ

                              Экономистым и махуэр мы гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм.

А IэнатIэм ирилажьэхэм ди къэралым гулъытэ хэха хуащI щыхъуар 1917 гъэм къыщыщIэдзауэщ. Абы щыгъуэщ ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариатыр къыщызэрагъэпэщауэ щытари.

«Экономикэ» - мыр алыдж псалъэщ, «лъапсэр, унагъуэр тэмэму зехьэн» къикIыу. А жыIэкIэр япэ дыдэу къагъэсэбэпын щыщIадзауэ хуагъэфащэр ди эрэм ипэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэрщ.  Лъэхъэнэ жыжьэхэм псэуахэм, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, унагъуэр зехьэным, къедза лъапсэр зыхуей хуэгъэзэным мыхьэнэ ин дыдэ ирату щытащ.

Ауэрэ, цIыхухэм нэгъуэщI къалэнхэри зыхуагъэувыжу, ахэр зэгъэхъулIэным пыщIа Iэмалхэми лъыхъуэу ирагъэжьащ. Апхуэдэу, XVI лIэщIыгъуэр здекIуэкIым, Европэм щыIэ къэралхэм къыщыунэхуащ экономикэм щыхуагъасэ еджапIэ зыбжанэ. Илъэсищэхэр блэкIри, цIыхубэ хозяйствэм зыкъыщиужьащ, псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэм зыщаубгъуу щIадзащ, производствэмрэ хьэрычэтымрэ щызэтеуващ.

                            А махуэм ирагъэкIуэкI

Хабзэ зэрыхъуауэ, мы махуэр зэдагъэлъапIэ хьэпшыпрэ ерыскъыхэкIрэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм, ахъшэ хъумапIэхэм, уней, къэрал зэгухьэныгъэхэм я мылъкур зэкIэлъыгъэкIуэн-зэгъэзэхуэныр зи пщэ къыдэхуэ лэжьакIуэхэм, экономикэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэсхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ, властым щыщу къэралым зи гугъу тщIы и IэнатIэхэм кIэлъыплъхэм, нэгъуэщIхэми.

Мы махуэм ирагъэкIуэкI зэIущIэхэм зи IэнатIэм нэхъ къыщыхэжаныкIахэр щагъэпажэ, щIыхь тхылъхэмрэ дипломхэмкIэ ягъэгуфIэ, IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщ экономистхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ семинархэр, мастер-классхэр, дерс щхьэхуэхэр. 

Къыхэгъэщыпхъэр аращи, УФ-м и экономикэм пыщIахэм пщIэ нэхъ зиIэу къалъытэр урысейпсо жылагъуэ тыгъэу «Гъэм и экономист» зи фIэщыгъэмрэ абы дыщIагъу дамыгъэмрэщ.

                                 

                            Экономистыр зищIысыр

Ар зэгъэзэхуэным пыщIа щIэныгъэр зи гъуазэ IэщIагъэлIым зэреджэ псалъэщ. Экономистым и къалэнщ щылажьэ IуэхущIапIэм хэхъуэ-хэщI и лъэныкъуэкIэ и Iуэху зыIутым кIэлъыплъыныр, улахуэ зэрыщат щIыкIэр зэгъэзэхуэныр, абы хуэдэ нэгъуэщIхэри. Апхуэдэм зэрихьэфынущ финансист, бухгалтер, налогхэмкIэ IэщIагъэлI, аналитик IэнатIэхэр.

Зи гугъу тщIы унэтIыныгъэм хуэIэзэ хъуну хуейм а лъэныкъуэмкIэ щIэныгъэ ищхьэ зэригъэгъуэтыпхъэщ, математикэм ирикъун хуэдизу хищIыкIыпхъэщ, и акъылыр зэхэлъхьэкIэ-зэхэхыкIэм хуригъэсапхъэщ, зы пIэ имыкIыу щысыфу, гъэхуарэ нэбдзэгубдзаплъэуи щытыпхъэщ, бжыгъэбэм яхэзэгъапхъэщ, компьютерым къыщагъэсэбэп иджырей программэхэм хищIыкIыпхъэщ.

                                                        КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ