ГъущIым къыхэщIыкIам хуэдэт Хьэпай Хьэмид

Щалъхуа икIи къыщыхъуа Адыгейм и Теучэж щIыпIэм и мызакъуэу, Хьэпай зэкъуэшхэр дуней псом цIэрыIуэ щащIащ самбэмкIэ къахьа текIуэныгъэ инхэм. Абыхэм къахэкIащ СССР-м, Европэм, дуней псом я чемпионхэр. И дуней тетыкIэр дахэу, щапхъэ трахрэ щIэблэм я гъэсакIуэу гъащIэр ирихьэкIащ дэтхэнэми. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур Совет Союзми Европэми я чемпион, ЩIы хъурейм и вице-чемпион, спортым и дунейпсо классымкIэ мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Хьэпай Хьэмидщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, 2017 гъэм и гъатхэпэм ар и щхьэгъусэм дэщIыгъуу автомобиль зэжьэхэуэм гуузу хэкIуэдащ, и ныбжьыр илъэс 56-м щIигъуа къудейуэ.

Ацтекхэм я бзэм пэгъунэгъу «хьэпай» псалъэм «гъущI» къикIыу аращ. А мыхьэнэр ягъэпэжащ Хьэпай Исуф и къуэхэм. Езы нэхъыжьыфIри хэкум щыцIэрыIуэт. И щхьэгъусэ Гуащэнагъуэрэ абырэ бынибл зэдагъуэтат: щIалиплIрэ - Аслъэн, Арамбий, Асхьэд, Хьэмид; зэшыпхъуищрэ - Гуащпагуэ, Гуащсим, Дахэуэс. Дэтхэнэри къагъэхъуащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я гъуазэу, гъащIэм къащыхуэсэбэпын щIэныгъи ирагъэгъуэтащ.
Теучэж щIыпIэм, уеблэмэ Адыгей псом, ису къыщIэкIынтэкъым Хьэпай Исуф зэрылэжьакIуэшхуэр зымыщIэ. Я къуажэм щызэхэт «Октябрь» колхозым ар и механизатор пашэт. Абы и лэжьыгъэм дихьэхащ и къуэхэри икIи щысабийм щегъэжьауэ зыхащIащ щIакхъуэ Iыхьэр тыншу къызэрыпIэрымыхьэр. Дэнэ щIыпIэ щымыIэми, щIалэхэр гъавэ Iухыжыгъуэм кърихьэлIэжырти, колхоз губгъуэм итт пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ жэщыбг хъухукIэ. Исуф и IэщIагъэм япэу хуигъэса бынхэм я нэхъыжь Аслъэн иригъэджэжат Арамбий, мыдрейм и шынэхъыщIэ Хьэмид Iуэхум хуэIэижь ищIыжат. Зэадэзэкъуэхэм зэгъусэу комбайнхэр щагъэлъащэм и деж уеплъыну гухэхъуэт. Ахэр щIыналъэм щынэхъыфIхэт икIи псори зэрыгушхуэт. Мис апхуэдэу зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэурт, зэдэлажьэрт Хьэпай Исуф и унагъуэр - зэкъуэшиплIрэ зэшыпхъуищрэ къызыщIэхъуэр. Къыщыхъуа щыIэкъым бынхэм адэ-анэр щагъэукIыта, хуэмыфащэ къыщыжрагъэIа. Уеблэмэ, зыхэтхэм фIы и лъэныкъуэкIэ сыт щыгъуи къахэщырт.
ЩIалэхэр самбэм пасэу дихьэхащ. Ахэр щысабийм хуабжьу ехъуапсэрт «СССР-м спортымкIэ и мастер» бгъэхэIур зыхэлъ я къуажэгъу Мэшлокъуэ Рэмэзан уэрамым щрикIуэкIэ икIи абы и Iэпкълъэпкъ зэкIужымрэ и зыIыгъыкIэ уардэмрэ зрагъэщхьыну хущIэкъурт. Куэблэ Екъуб и япэ гъэсэнхэм ар ящыщт. ИужькIэ Iэщын Алий Таухьэблэ къигъэзэжащ. Ари спортым и мастерт икIи и гъэсэнхэр зэхуишэсу щIидзащ. Хьэпай зэкъуэшхэр зэуэ абы кIуащ. Iэщыным и деж зыщызыгъэсэну хуейхэр куэдыкIейт. Уеблэмэ, ахэр гъунэгъу къуажэхэми къикIырт, гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпачу. Абыхэм ящыщ куэд самбэм цIэрыIуэ ищIащ.
- Си къуэш нэхъыщIэ Хьэмид зэфIэкIышхуи бгъэдэлътэкъым икIи IэмащIэлъэмащIэт. Ар зыкIи къащхьэщыкIыртэкъым самбэм зыхуагъэсэну щIэхъуэпсу адрей къекIуэлIахэм. Къаруушхуи иIэтэкъым, - игу къегъэкIыж Хьэмид и къуэш нэхъыжь Совет Союзми, Европэми, дуней псоми куэдрэ я чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я тренер Хьэпай Арамбий. - Ауэ и ерыщагъыр! Абы псори иригъэкъужащ икIи, зэфIэкIи къаруи иригъэгъуэтри, илъэс пщыкIухкIэ спортым ехъулIэныгъэ инхэр щригъэIащ.
Хьэмид илъэсиблкIэ Арамбий нэхърэ нэхъыщIэт. Езыр къыщыжэпхъам и къуэш нэхъыжьыр ЩIы хъурейм щыцIэрыIуэт икIи абы и щапхъэм темытынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЖыпIэну ирикъунщ Хьэмид зыгъэсэн щыщIидза 1975 гъэм Арамбий дунейпсо чемпион зэрыхъуар. Адрей и шынэхъыжьищми самбэм ехъулIэныгъэхэр щаIэт. Арати, езы Тхьэшхуэм иубзыхуат и къэкIуэнур зыхуэдэр.
Шэч хэлъкъым, Хьэмид и гъащIэм Арамбий увыпIэшхуэ щиIыгъащ. Спортым щиIэ ехъулIэныгъэ инхэм къищынэмыщIауэ, ар здэкIуа бэнакIуэхэр щагъасэ секцэм и къуэш нэхъыжьым пщIэшхуэ щиIэт и псалъэри щыпхыкIырт. КъищынэмыщIауэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм адыгэ бэнакIуэхэм я цIэр дуней псом цIэрыIуэ щыхъуати, хэти абыхэм ещхь хъуну щIэхъуэпсырт.
Хьэмид ерыщу зыщигъасэрт Совет Союзым щIыхь зиIэ и тренер Щхьэлахъуэ Валентин и деж. Абы и нэIэ тригъэт зэпытт и къуэш нэхъыжьми. Гугъуехь мыухыжхэр псыхэкIуадэ хъуакъым - и ныбжьыр илъэс тIощIым иту Хьэпай Хьэмид Совет Союзым щIалэгъуалэм я деж самбэмкIэ и вице-чемпион хъуащ икIи «спортым и мастер» цIэр къыфIащащ. А гъэ дыдэм Курск дзюдомкIэ щекIуэкIа союзпсо зэхьэзэхуэм щытекIуэри, а лIэужьыгъуэмкIи спортым и мастер хъуащ.
Абдежми щаухакъым Хьэпайм 1980 гъэм иIа ехъулIэныгъэхэм: Рязань щыIа, Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и чемпионатымрэ Мейкъуапэ щызэхэта, Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен самбэмкIэ и союзпсо зэпеуэмрэ бжьыпэр щиубыдащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Хьэмид бэнэкIэ лIэужьыгъуитIыр Iэзэу къызэдигъэгъуэгурыкIуэрт.
Абы и щIалэгъуэр тыншауэ пхужыIэнукъым. Зэманыр зыгъэсэныгъэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ къанэ щымыIэу текIуадэрт. И гур къыщIэзыIыгъэр текIуэныгъэ инхэрт. 1980 - 1982 гъэхэм ар плIэнейрэ щытекIуащ Урысей Федерацэм дзюдомрэ самбэмкIэ щызэхэта зэпеуэхэм, Совет Союзым и щIалэгъуалэ чемпионатым етIуанэ щыхъуащ. А псоми къадэкIуэу курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт пщыхьэщхьэ школымрэ автотранспорт техникумымрэ щеджэрт. ГурыIуэгъуэт Арамбий ар зэрытримыгъэхьэулеикIыр. Псоми ялъагъурт щIалэщIэр егъэлеяуэ гугъу зэрехьыр. Ауэ хэтыт езы Хьэпай Арамбий дыдэм пэувыфынур?! Къуэш нэхъыжьым игъэбелджылы хуэдэт Хьэмид и зэфIэкIыр здынэсыр.
Мыгувэу дзэм къулыкъу щищIэну дашащ. А лъэхъэнэм къэралым и бэнакIуэ цIэрыIуэхэм Мейкъуапэ дэт гарнизоным и спорт ротэм ар щрахьэкIырти, абы къагъэнэнут. АрщхьэкIэ Арамбий идакъым икIи армэр зищIысыр къищIэн, гугъуехьхэр нэсу зыхищIэн, псыхьа хъун папщIэ Хьэмид къызэрыгуэкI лъэсыдзэм хигъэхьащ. А псори игъэва иужькIэщ Мейкъуапэ къыщригъэдзыжар.
Хьэмид зыхуигъэхьэзырырт СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я чемпионатым хэтыну. Ар мыхьэнэшхуэ зиIэт. Ауэ 1982 гъэм фокIадэм и 13-м (а махуэр игъащIэкIэ игу къинащ) и блыпкъыр къутащ. Арати, зи ныбжьыр илъэс тIощIрэ тIум нэсауэ зи къаруилъыгъуэ дыдэ щIалэр зэман кIыхькIэ спортым пэIэщIэ хъуащ.
Тренировкэхэм я пIэкIэ дохутырхэм я деж махуэ къэс кIуэуэ щIидзащ. Дзэм къыхагъэкIыжащ, бэнакIуэхэр щагъэхьэзыр школри къыхуэмеиж хъуащ. А псоми хэти гузэрыдзэ иригъэщIынт, ауэ Хьэмид и ерыщагъ иныр гугъуехь къызэрымыкIуэхэм пэлъэщащ. Я щIыпIэм щыIэ щагъэхъуж-физкультурэ диспансерым и дохутырхэм и узыншагъэр яIэщIилъхьащ. Абыхэм щIалэщIэм и Iэр кърагъэутIыпщыжа къудейкъым, атIэ дзэ къулыкъущIэхэм хьэкъ щащIащ Хьэмид адэкIи лъэщу зэрыбэнэфынур икIи текIуэныгъэхэр зэрызыIэригъэхьэфынур.
- 1984 гъэм Арамбий зигъэсэн щIидзэжащ, - игу къикIыжырт Хьэмид. - Ар спортсмен Iэзэт икIи тренер гъуэзэджэти, фIы куэд къысхилъхьащ. Абы щыгъуэми Арамбий си къуэш нэхъыжьу зэрыщытми гугъу сыщригъэхьа, лъэпощхьэпохэр къыщысхуигъэува мызэ-мытIэу къэхъуащ. Къапщтэмэ, фэтэр къызатыну е а зэманым зэпэубыдауэ щыта автомашинэ къызагъэщэхуну сылъэIуамэ, ар си Iыхьлы цIэрыIуэм щхьэкIэ пхагъэкIыу къащымыхъун папщIэ, къызэпаудырт. И гупым сыхигъэхьэн и пэ къихуэу Арамбий Iуэхугъуэ зыбжанэ къыспиубыдащ. Абыхэм ящыщ зыт институт сыщIэтIысхьэныр. ЗалымыгъэкIэ спортфакым сыщIигуауэ жыпIэ хъунущ. Ар сыт хуэдэу щыгуфIыкIрэт иужькIэ дипломыр къыщызатыжам! Иджы, дауи, сэ абы фIыщIэ мыухыж хузощI.
ИлъэситIкIэ фIэкIуэдар иригъэкъужыну хуэпIащIэу Хьэмид зыгъэсэныгъэхэм пэрытт. Шынэхъыжьым ар псынщIэу къызэфIигъэувэжащ икIи 1985 гъэм къыщыщIэдзауэ зэхьэзэхуэ инхэм хыхьэжащ. Ар Iуэху тынштэкъым, ауэ абыи пэлъэщащ. Пэлъэща къудейкъым, атIэ и пщIэр лъагэу иIэтащ,1987 гъэм Совет Союзым самбэмкIэ и чемпионатым килограмм 90-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым илъэс куэд щIауэ зыри зыпэмылъэщ, СССР-м бгъуэнейрэ и чемпион, Европэм - тIэунейрэ, дуней псом щэнейрэ щытекIуа, Омск щыщ Пушницэ Александр щыхигъащIэри. Абы Хьэпай Хьэмид кърита дэрэжэгъуэмрэ тегушхуэныгъэмрэ пхуэмыIуэтэжынщ. КъыкIэлъыкIуэу ар дунейпсо чемпионатым ягъэкIуащ икIи Италием и Милан къалэм дыжьын медалыр IэщIэлъу къикIыжащ.
1987 гъэм Хьэмид Европэм щытепщэ хъуащ. Инджылызым и Хери-Бей къалэм щызэхэта чемпионатым абы къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым.
Дахэ дыдэуи спортым хэкIыжащ Хьэпай Хьэмид. 1991 гъэм Мейкъуапэ щекIуэкIа, СССР-м и Кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм щытекIуауэ бэнэныр щигъэтащ.
АдэкIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэм пэрыуващ. И гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIа и къуэш Арамбий дэщIыгъуу илъэс куэдкIэ щылэжьащ бэнакIуэхэр щагъэхьэзыру Мейкъуапэ дэт школым. Абы и гъэсэнхэм къахэкIащ къэралпсо, дунейпсо утыкухэм текIуэныгъэ инхэр къыщызыхьахэр. Зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIкIи ирагъэблагъэ зэпытт дунейпсо категорие зиIэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм и судейскэ коллегием и унафэщI, «Урысей Федерацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ» дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэща Хьэпай Хьэмид.
Гугъэ, хъуэпсапIэ куэдхэри гъащIэм абы щиIэт. АрщхьэкIэ ахэр зэуэзэпсу къызэпиудащ Адыгейск - Мейкъуапэ гъуэгум илъэситIрэ ныкъуэрэ и пэкIэ къыщыхъуа нэщIэбжьэм: автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэдащ Адыгейми, къэралми, дунейми пщIэшхуэ щызиIэ, Совет Союзымрэ Европэмрэ я чемпион, ЩIы хъурейм и вице-чемпион, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Хьэпай Хьэмидрэ абы и щхьэгъусэ, ГъуазджэхэмкIэ республикэ колледжым, Тхьэбысымым и цIэр зезыхьэм, и унафэщI Замирэтрэ. Я ахърэтыр нэху Алыхьым ищI!

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: