Гъатхэр фыщысакъын хуей лъэхъэнэщ

Гъатхэ зэрытехьэу цIыхухэм я псэупIэхэр, дачэхэр, хадэхэр зэщIагъэкъабзэ. Апхуэдэхэм деж яхуэсакъын хуейщ дзыгъухэмрээ жумэрэнхэмрэ. Ахэр здынэмыс щIыпIэ щыIэкъым икIи нобэ хуэдэу ахэр шынагъуэу зэи къалъытэу щытакъым. Абы лъандэрэ щIыуэпсым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: къабзэу ежэхыу щыта псыхэм, дызэрыбауэ хьэуам япэм щымыIа пкъыгъуэ зэранхэмкIэ гъэнщIа хъуащ. «Дунейм и зыгъэзэгъуэ къэс» узыфэ щхьэхуэхэри къыздехь. Ахэр ипэкIэ щыIауэ, щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэм я зэранкIэ къэушыжьынкIэ мэхъу е щымыIэххауэ иджы къэунэхунри Iуэхум хэлъщ. ТIум щыгъуэми, цIыхур щIэсакъын хуейхэм махуэ къэс къахэхъуэ зэпытщ.
«Россельхознадзор» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, псори зэсэжа дзыгъуэхэм зэрахьэ техьэгъуэ узыр  ( «геморрагическэ лихорадка») игъащIэми щыIащ, ауэ кIуэ пэтми ар цIыхухэмкIэ нэхъ шынагъуэ щIэхъум и щхьэусыгъуэр цIыхухэм я иммунитетыр зэрелъахъшэхым хуэзыхь щIэныгъэлIхэри щыIэщ.
«Дыгъуэ техьэгъуэкIи» зэджэ а узым зэуэ жьэжьейм зретри, и чэзум медицинэ Iуэхутхьэбзэр зымыгъуэта цIыхур зэман кIэщIым къриубыдэу ехь. «Сабэ куэд здэщыIэ дачэхэм я узкIи» йоджэ абы. А узыр нэхъыбэу зезыхьэр губгъуэ дзыгъуэхэрщ, ауэ щIымахуэм я шхын къалъыхъуэу ахэр макIуэ нэщIу щыт дачэ унэхэмрэ псэуалъэхэмрэ. Гъатхэр къызэрихьэу ахэр ягъэкъабзэ. Мыбдежым куэдым къазэрыщыхъур, Iэлъэ яIэрыгъыу лъэгухэр ялъэскIэ, дзыгъуэ лъэужьхэр ягъэкъабзэкIэ зыри къажьыхэмыуэнущ. 
Техьэгъуэр зыпкърыт дзыгъуэр къомыдзэкъэнкIэ Iэмалыншэу щыткъым ар къапкърыхьэн щхьэкIэ: абыхэм я ныкъуэшххэри къадэххэри зэхуэдэу шынагъуэщ, еIусэу я Iэхэр ямытхьэщIыжмэ, е апхуэдэ унэхэм щIэлъ сабэ къудейр куэду яIурихьамэ, узым къапикIухьынукъым. Техьэгъуэр япкърытынкIэ мэхъу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я унащхьэхэм, подвалхэм щыIэнкIэ хъуну дзыгъуэхэми. Урысейм и щIыналъэхэр къатщтэмэ, техьэгъуэ узыр зезыхьэ дзыгъуэхэм нэхъыбэрэ уащрохьэлIэ Приволжскэ, Кострома, Пензэ щIыналъэхэм, Чувашие, Удмуртие республикэхэм. ИщхьэкIи къызэрыхэдгъэщащи, цIыхум къыпкърыхьар зэрытехьэгъуэр псынщIэу дохутырхэм къахутэу и чэзум еIэзэн щIадзэмэ, узыр Iэужьыншэу ягъэхъужынущ. 
Хьэхэм, джэдухэм, бажэхэм, цыжьбанэхэм ящхьыркъабзэу дзыгъуэхэми зэрахьэ акъылыр зэIызыгъыхьэ узыр. Ахэр цIыхум емыдзэкъэххэу ялъэIэса я Iупсыми ицIэлэнущ, уIэгъэ е къитхъа мащIэ я Iэпкълъэпкъым иIэу лъэIэсмэ, е я жьэкIуэцIхэм нэсмэ. Гъатхэр къэсу унэ нэщIхэм я бжэхэр щыIуахым деж псом япэу бжэхэри щхьэгъубжэхэри зэIухауэ, жьы щIегъэхуэн хуейщ. Унэхэр вгъэкъэбзэн и пэкIэ респиратор е маскэ зыIуфлъхьэ, хьэфэ Iэлъэ зыIэрыфтIагъэ, узыр къэзыгъэхъей пкъыгъуэ цIыкIунитIэхэр зыхэлъ сабэр Iум иримыхьэн хуэдэу.
 Сабэр жыхапхъэкIэ къэвмыпхъэнкI, нера - фильтр зыфIэлъ пылесосыр къэвгъэсэбэпмэ нэхъыфIщ. Хьэпшыпхэм, унэлъащIэхэм, лъэгухэм дезинфекцэ пкъыгъуэ зыхэлъ псыкIэ фателъэщIыхь. Дзыгъуэхэр лъэIэсауэ гурыщхъуэ зыхуэфщI ерыскъыхэр хыфIэвдзэ.
 Фи Iуэхухэр фуха нэужь фи Iэхэр фIыуэ фтхьэщI, фи щыгъынхэр зэблэфхъу. Дзыгъуэ фрихьэлIэмэ, фызэремыIусэным фыхэт, къывэдзэкъа - зэнщIэу медицинэ IуэхущIапIэм фекIуалIэ, а узхэм фащызыхъумэн мастэ къыфхаIун хуэдэу.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: