Сом меларди 3,3-рэ хухах

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ. ЩIыналъэм и Соцфондым а Iуэхугъуэхэм сом меларди 3,3-рэ яхухихащ. 
Зыуэ ят ахъшэ пособиер казначействэм къищта мардэм тету цIыхухэм хуагъэув: ар иратын щхьэкIэ, адэ-анэ быныфIэхэм, сабийхэм якIэлъыплъыну тIысыжахэм, цIыхубз уэндэгъухэм лъэIу тхылъыр «Госуслуги» порталымкIэ ягъэхьми хъунущ. Абы иужькIэ, а Iуэхум пыщIа IуэхущIапIэхэр зэрыщIэу дэфтэрхэм хоплъэ, иужькIи, щхьэж ехьэлIауэ унафэ щхьэхуэхэр къащтэ. 
ЩыIэ хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зыуэ ят пособиер уэндэгъухэм хуагъэув щIыналъэм щыщыIэ мардэм, лажьэфыну цIыхур зы мазэм нэхъ мащIэ дыдэу зрикъуну ахъшэм тещIыхьауэ икIи зы мазэм хуэзэу хуагъэувынкIэ хъунущ сом 9 011,50-рэ (процент 50), сом 13 517,25-рэ (процент 75-рэ), сом 18 023-рэ (проценти 100).
Зи ныбжьыр илъэс 17 иримыкъуа сабийхэр зиIэхэми щыIэ мардэм ипкъ иткIэ пособиехэр хуагъэув икIи зы мазэм хуэзэу ахэр мыпхуэдэу щытынкIэ хъунущ: сом 8 720-рэ (процент 50), сом 13 800-рэ (процент 75-рэ), сом 17 440-рэ (проценти 100).
«Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ, зыуэ ят ахъшэ пособиехэр зэрат щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр мы гъэм зэрагъуэтар. Иджы унагъуэм и хэхъуэу къигъэлъагъуэу щытам хэгъэхьащ япэм абыхэм я хэхъуэм теухуауэ зыщIэмыупщIэу щыта дэфтэрхэр. Я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм пособие хуагъэувын папщIэ, абыхэм илъэс хэхъуэу къагъэлъэгъуэн хуейщ щIыналъэм нэхъ мащIэ дыдэу щат улахуэм и зэхуэдитIым щIигъум нэхърэ нэхъыбэ зэраIэр. 
Алиментхэм ятеухуа зэхъуэкIыныгъэхэм къару ягъуэтынущ 2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ. Суд унафэкIэ зэбгъэдэкIыжахэм ехьэлIауэ пособие папщIэу къалъытэнур судым игъэува ахъшэ бжыгъэрщ, суд Iуэху хэмыту зэгурыIуахэм я деж къыщалъытэнур я зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа ахъшэ бжыгъэрщ, ауэ а Iуэхум ехьэлIауэ «Унагъуэ кодексым» къыщыгъэлъэгъуахэр къызэпамыуду», - жиIащ КъБР-м и Соцфондым и унафэщI Бакъ Николай. 
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, зыуэ ят ахъшэ пособиер мазэ 12 пIалъэкIэ хуагъэув. А пIалъэр зэрикIыу, щIэрыщIэу лъэIу тхылъхэр гъэхьэзырыжын хуейщ икIи абы щыхэплъэм деж унагъуэм къигъэлъэгъуа и хэхъуэр лъэныкъуэ куэдкIэ щIапщытыкI. Зыуэ ят пособиер къэхьыным пезыгъэщэну хуейхэм лъэIур ягъэхьэзыр хъунущ ар къыщрат пIалъэр и кIэм нэмыс щIыкIэ е иужькIэ. 

БАТОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: