Спорт хъыбархэрТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
«Демография» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэр ягъэлъапIэу, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №11-м и ФОК-м атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.
Къалэм и курыт еджапIэхэм щIэс щIалэ, хъыджэбз цIыкIуу 300-м нэблагъэ атлетикэ псынщIэм и лIэужьыгъуибгъумкIэ зэпеуащ. Абы хыхьэрт зи кIыхьагъкIэ зэхуэмыдэ гъуэгуанэхэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ, эстафетэмкIэ, жыжьэ лъэнымкIэ, щэ пкIэгъуэкIэ нэхъ жыжьэ лъэнымкIэ, топыр IэкIэ нэхъ жыжьэ дзынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи я зэфIэкI къагъэлъэгъуэныр.
Зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ.
Дэрэжэгъуэ я куэду
Прохладнэ щIыналъэм и Екатериноградскэ жылэм атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Прохладнэ, Май къалэхэм, Бахъсэнёнкэ, Терекскэ, Екатериноградскэ, Приближнэ къуажэхэм я командэхэр.
Зэпеуэхэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ Прохладнэ къалэм и щIыналъэ хэхакIуэ комиссэм и унафэщI ЛутI Алий, щIыналъэ администрацэм ухуэныгъэмкIэ, архитектурэмрэ промышленностымкIэ, энергетикэмрэ транспортымкIэ, связымрэ ЖКХ-мкIэ и управленэм и унафэщI Белгъэр Рустам, Екатериноградскэ къуажэм и курыт еджапIэм и директор Захарченкэ Галинэ, щIыналъэм и электросетхэм я тхьэмадэ Дзэмыхь Аскэр сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, наIуэ къэхъуащ командэхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр Екатериноградскэ жылэм и гупым зэрыщаубыдар, етIуанэ хъуащ Май къалэм къикIахэр, ещанэ увыпIэр къалъысащ Бахъсэнёнкэм я лIыкIуэхэм.
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэр ягъэпажащ медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ.
Спортсмен цIэрыIуэхэм я фэеплъу
Бахъсэнёнкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ щIыналъэхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Спортсмен цIэрыIуэхэу Джатокъуэхэ Амир, Виталий, Марат, МамыкI Тимур сымэ я фэеплъ зэпеуэу щытащ ар. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставрополь краймрэ я лIыкIуэу 50-м щIигъу.
Спортсменхэр зэпеуащ бжыхэмрэ дискхэмрэ нэхъ жыжьэ дзынымкIэ икIи абыхэмкIэ республикэм и командэм дыщэ медалу 6, дыжьыну 4, домбеякъыу 5 къихьащ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Шакъ Залинэ, Уэзрокъуэ Ясминэ, Тхьэгъэпсо Аделинэ, Шакъ Тамерлан, Ерыжокъуэ Идар, Дэдэхъу Давид сымэ.
КъБР и командэм и тренерыр Уэзрокъуэ Андзорщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|