Дадэ Ахъмэтхъан

Iуэтэж

(Япэ Iыхьэ)

 Дэ къуажэкIэм дыщыст. Ихъуреягъыр хъупIэрэ, нэм илъагъур щхъуантIэу.   КъуажэкIэ дыдэ дыхъунт, ди хадапхэм   дадэ нанэ зыфIэсщахэр имысамэ.

 Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ жьы дыдэ хъуат, зэдэарэзыуэ жьы ядэхъуат абыхэм я хъуреягъри. Джэдкъазым   сэхур   илъэс къэс   къызыкIэрашхыкI унэм   къытегуплIэу къыпщыхъу кхъуэщыныщхьэ тхъуар, гъащIэ хьэлъэм зи плIэр Iушэ ищIа пхъэбжэ зэIухымрэ, къыдыхьэмрэ дэкIыжымрэ еплъыр щхьэгъубжэ цIыкIухэмрэ ноби си нэгум щIэкIкъым. Фи фIэщI зэрыхъун, таурыхъ лъахэт ар!  ПщIантIэшхуэмрэ пщIантIэ цIыкIумрэ   бжыхь   лъахъшэкIэ зэпрыхукIат.   

Ди хадапхэм ис щхьэкIэ, ахэр ди унагъуэм щыщ хуэдэт, хьэуэ къэкIуэрейтэкъым, уеблэмэ къэкIуэххэтэкъым ахэр ди деж. СощIэж, ди мамэ сымаджэу мазэ ирикъукIэ сымаджэщым щIэлъати, апхуэдиз Iыхьлы лыджанэу диIэм, нэхъыбэ дыдэрэ сабий быным къыткIэлъыкIуари къыткIэлъыIэбари нанэ Зилэрэ дадэ Ахъмэтхъанрэт.  Иджы куэдрэ си жагъуэ хъууэ согупсысыж, ахэр псэуху дадэ- нанэкIэ седжэну сызэрытемыгушхуам. Къеджэни я гъунэжт абыхэм, ауэ сэ дапщэщи къысщыхъурт  абыхэми псоми сыхагъэфIыкIыу. Си сабиигъуэр къызэрыгуэкI дыдэу щытынкIи хъунт, а тIум нэмыщIамэ. Си цIыкIущхьэ си нэгу къыщIыхьэжыху, сигу къыщыкIыжыным ежьэ хуэдэ, дадэрэ нанэрэ тетIысхьэпIэм тесу, Iэдакъэжьауэ ящIауэ къызэплъу солъагъу.

Куэдрэ согупсыс адэшхуэ-анэшхуэм   гъащIэм щагъэзащIэ къалэным. Дапщэщи хьэкъ сщохъуж, ахэр къуэрылъху пхъурылъхухэм я дежкIэ нэ ещанэу зэрыщытыр. Ауэ а нэ ещанэм илъагъури, зыхицIыхукIри   мыдрей тIум зыкIи ещхькъым. Ар зым хуэмыдэжуи сэ згъэунэхуащ.

Ахъмэтхъан лIы кIэгъу кIыхьышхуэт, нэгъуджэ Iув хъужу. Илъэс куэдкIэ почтэм щылэжьати, газет фIыуэ илъагъурт. Уеблэмэ пасэ зэманым къыдэкIыу щыта газетхэм щыщ зыри иримыгъэIусэу зэрихьэрт, нэхъ гъэщIэгъуэну къыщыхъухэр сигъэлъагъурт, почтэм зэрыщылэжьам и хъыбар жиIэжурэ.  Ахъмэтхъан куэдым къагурымыIуэ хьэл гъэщIэгъуэнхэр хэлът.   Псалъэм папщIэ, абы я пщIантIэ псынэ дригъашэртэкъым, гъуэгубгъум Iуту къакIуэ бжьамийм тет псынэжьым къыщищтэрт абы псыр.  Я нэхъ псынщIэу къыщижым, зы сыхьэтым псы пэгун къихъуэу арат, махуэ ныкъуэкIэ    къыщимыжи щыIэт. Дунейм куэд щIауэ зыужьыныгъэ игъуэтат, Ахъмэтхъан и жьэм къызэрыжьэдэкIыу я унэ псы къыщижу хуащIынут и быным, ауэ зауэ, уэгъу, гъаблэ зылъэгъуа, гъащIэ пхъашэ хэпсэукIа дадэм идэртэкъым. «Дэ   къуэкIиим къыдэтха псыр дзыурэ дефэу щытауращ.  Щхьэ сыщыкIын хуей?», - жиIэти. Ауэ, сэ сызэригугъэмкIэ, ар тыншыпIэм щышынэт, а зыщышынэращ….   ИтIанэ, Ахъмэтхъан псынэр и тегъэупIэт. Зилэрэ езымрэ зэщыхьарэ тIуми гукъыдэж щамыIэм деж, Ахъмэтхъан  псынэм   къыдэкIырт. Махуэ ныкъуэкIэ щысами, темыужауэ Зилэ Iуплъэнутэкъым, шхэнуи кIуэжынутэкъым.  ЛIыжь пагэт Ахъмэтхъан, пагэт икIи пхъашэт, зи хьэлкIэ зэщIэузэдэжа цIыхут.

 Абы елъытауэ Зилэ нанэ щабэ цIыкIут. ТеплъкIи хьэлкIи. Илъэс пщыкIухым иту къашати, а зэрысабийуэ къэна хуэдэт, апхуэдизкIэ псэ къабзэти. Ар псалъэмэ, зытепсэлъыхьыр и бынырт, абыхэм я щIэблэ цIыкIухэрт. «Дауэ уеплърэ, нобэ зыгуэр къэкIуэжыну пIэрэ?» - жиIэти къригъажьэрт, сызэрилъагъуу. «Тхьэ а тхум е абыхэм я быным щыщу зыгуэр къэкIуэжын хуейм!» Зыри жызмыIэмэ, и щIакъуэ башыр и жьэпкъыпэм пэщIигъакъуэрти, хэплъэрт.  ИкIи къэкIуэжырт, дадэ-нанэр куэдрэ я закъуэ дагъэсыртэкъым, ауэ быным я Iуэху, ерыскъы здэщыIэм мыкIуэу хъуртэкъым, езыхэми унагъуэ зэрыхъурэ ягъэплъ уэнжакъыр къагъэнэфыртэкъым. 

Зилэ зыщигъэщIэгъуапэр къалэм дэс и къуэ нэхъыщIэм и унагъуэр и гъусэу къыщыхуэкIуэжырт.

ЕтIуанэ махуэм Зилэ и нитIым насып щIэзу къыдэкIырти, «дыгъуасэ Дзадзу къысхуихьа IэфIыкIэм хэIэбэт!», - жиIэрти, щIэгуфIыкIыу кIэнфет IэмыщIэ къишийрт. А Дзадзу жыхуиIэр илъэс тхущIым хыхьауэ бын балигъ зиIэ лIышхуэт. Ауэ Дзадзути - Дзадзут!  Арати, сытхъэжырт. УнагъуитIми я шатащхьэр сысейт. Ахъмэтхъанхэ тут мэракIуэ пIащэ яIэти, ар хъумэ, сэ срикъуху сымышхауэ, хьэбли, благъи, быни ирагъэIусэртэркъым. Жызум фIыцIэ IэфIыбзэ Ахъмэтхъан игъэкIырти, абы и «насыпри» сэрат зэпхар. Дзадзу кIэнфет къихьмэ, сраIыхьэгъут. Сэри ди унэ зы IэфI гуэр щызэрахьэмэ, дадэрэ нанэрэ яхуэсхьу яIузгъэхуэну къалэн зыщысщIыжат. Псом хуэмыдэу а тIум сытри зэрагъэщIагъуэр, зэрыщыгуфIыкIыр сфIэфIт.

Куэдым сыхуагъэсащ   зэщхьэгъуситIым. Ахъмэтхъан щIым, дунейм, гъащIэм къызэрымыкIуэу пщIэшхуэ хуищIырт. Гъэмахуэр икIыху Ахъмэтхъан удз лIэужьыгъуэу ди щIыпIэм къыщыкIхэр сигъэцIыхурт, сигъэцIыхуар гъэ къэс къэтпщытэжырт. Езым щыгъупщэжаи хэту къыщIэкIынти, тхылъ цIыкIур зэIухауэ иIыгът, пхъэдакъэ лъахъшэм етIысэхырти, и нэгъуджэр нэхъ гъунэгъу ищIым, нэхъ жыжьэ ищIыжу  еплъыжырт. Зауэ лъэхъэнэм, гъаблэ зэманым езым яшхыу щытахэр, удз хущхъуэхэр, узэIэб мыхъуну удзхэр, закъуэтIакъуэххэу фIэкIа къэмыкIыжхэр, хьэхэм яшхыр, джэдухэм яшхыр, былымым яIухуэ мыхъунухэр сщIэт, псори я цIэкIэ сигъэщIауэ. Удз къудейкIэ сыIэзэфыну къысщыхъужырти, ди унагъуэм зыгуэрым и щхьэ, и ныбэ, и лъакъуэ узмэ, «мис мыпхуэдэ удз и хущхъуэщ» - жысIэти, ар гушыIэм хуагъэкIуэжауэ къысщыдыхьэшхырт, «Ахъмэтхъан и къаным тхьэгъэгурым тхьэмпэкIэ сытри егъэхъуж», - жаIэурэ. Ахъмэтхъани а хъыбархэр Iэрагъэхьэжмэ, зигъэщIэгъуэжу щIэгуфIыкI фIэкIа къыфIигъэкIыртэкъым. Зилэ, зэрихьэлу, абы хуэхъущIэрт, «Алыхь, хъыджэбзым сабий хэтыпIэ имыIэжу къэбгъэнам», - жиIэрт дапщэщи. Ауэ сабий джэгукIэхэр сэ куэд щIауэ сфIэгъэщIэгъуэныжтэкъым. 

ЩIымахуэ щыхъум, цы зэIусщэу срагъэсащ, япэщIыкIэ мыхьэнэ зимыIэ гуэрхэр зэрысхъами, итIанэ   цылъэпэдхэр хэсщIэжыну дзыхь къысхуащIри… ХэсщIэжыфат! ИтIанэ лъапэфIэкъуэ сщIыуэ мамэ сригъэсащ. Ар нэхъ къызэгугъуэкIырти, хыфIэздзэжынкIи хъунт, ауэ гу къыслъызыта си анэм махуэ гуэрым: «Тэмэму пщIыуэ зегъаси, Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ яхуэпщIынщ, сытым хуэдэу щыгуфIыкIыну ахэр абы», - щыжиIэм сытегушхуащ.  ЯхуэсщIащ, щыгуфIыкIащ, ауэ зэи ящыгъыу слъэгъуакъым. ЩIымахуэм я деж сыкIуэху, ящыгърэ ящымыгърэ сеплъти, тIуми ящыгътэкъым. Схуэмышэчу, махуэ гуэрым си лъапэфIэкъуэхэм сыщыщIэупщIэм:

- Алыхь, лэжьэнущ жыдоIэри дыщосхьым, - къызжиIащ Зилэ щабабзэу къысхуэгуфIэурэ. 

Псым и закъуэтэкъым, газри яIэтэкъым Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ, пхъэ хьэку цIыкIукIэ унэри лэгъунлейри ягъэплъырт.  Абыхэм я лэгъунлейм си гукъэкIыжым и къуэгъэнапIэшхуэ иубыдауэ дэсщ. А унэ щхьэгуэ цIыкIур (цIыкIу дыдэт) щхьэхуэу пщIантIэм дэтт, абы зы берычэтрэ хуабэмэрэ къыщIихырти!.. Унэр зэрылъахъшэ цIыкIум нэхъри гуапафэ къытригъауэрт, щхъуэш хъужу сэху Iув етарэ и бжэIупхъуэхэм, уафэ бзыхьэхуэ нэхъей, купрауз щIэгъэжауэ.  ЦIыху къэс езым и дуней къигъэщIыжу жаIэ, дадэрэ нанэрэ илъэс щэныкъуэм щIигъуауэ зэрагъэпэщ дунейм зэрыриарэзым, зэрыхуэсакъым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.

 

Щомахуэ Залинэ.

        

 

Поделиться:

Читать также: