Анэм и пщIэр

ЦIыху щыIэу къыщIэкIынкъым къэзылъхуа и анэр фIыуэ зымылъагъу, абы и гуапагъэр, и IэфIагъыр, и хьэлэлагъыр зыхэзымыщIа. А псоми щыцIыкIум деж емыгупсыс щхьэкIэ, балигъ хъуа нэужь дэтхэнэ зыми къыгуроIуэж и анэр псэемыблэжу къызэрыщхьэщытар, жэщ, махуэ имыIэу темыплъэкъукIыу зэрипIар, и анэдэлъхубзэм и япэ псалъэхэр абы зэрызэхригъэхар. Анэм иIа пщIэм, ар адыгэ гъащIэм къызэрыщалъытэу щытам тетхыхьыжащ фиологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ХьэкIуащэ Андрей. 
«Быныр балигъ хъуа нэужьи анэм и гъащIэ псор ехь абыхэм ятеубгъуауэ, я гурыгъузым хэмыкIыу. Арагъэнщ адыгэхэм анэр нэм щIрагъэщхьыр, Агънокъуэ Лаши зэрыжиIащи, ар «дунейм и дыгъэу», «дунейм и мазэу», «дунейм и жылэу» къыщIалъытэр. Зэман жыжьэхэм къыщегъэжьауэ ди лъэпкъым егъэлеяуэ анэм, бзылъхугъэм пщIэ хуищIу зэрыщытар къыхощыж адыгэ IуэрыIуатэми. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, анэр, цIыхубзыр гъэсакIуэ акъылыфIэщ, унагъуэм и хъумакIуэ нэсщ, пэжыгъэм, цIыхугъэм, захуагъэм я бэнакIуэ къэмылэнджэжщ. 
БлэкIа лIэщIыгъуэхэм лъэпкъым къигъэщIа цIыхубз образ телъыджэхэу Сэтэней, Дахэнагъуэ, Iэдииху, Мэлычыпхъу, Уэрсэр, Ахумыдэ, ЩхьэцфIыцIэ, Бэдэху, Лашын, Гуащэгъагъ, Хъымсад сымэ, нэгъуэщI Iэджэми ди зэманми гъэсэныгъэ къалэн хьэлэмэтхэр ягъэзащIэ, иджырей цIыхухэм лъэныкъуэ куэдкIэ щапхъэ яхуэхъуу. 
IуэрыIуатэм гулъытэншэу къигъанэркъым бзылъхугъэхэм я къызэрыгуэкI гъащIэри – ахэр я бынхэм, я щхьэгъусэхэм зэрахущытыр, унагъуэм и щIыхьымрэ и зэфIэкIымрэ къаIэтын, зыхуей хуагъэзэн папщIэ псэуныгъэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ къызэрагъэсэбэпыр. Анэм, цIыхубзхэм ятеухуауэ адыгэ IуэрыIуатэм къыщыIэта гупсысэ дахэ псоми я гугъу дэ иджыпсту тхуэщIынкъым, абы лэжьыгъэ щхьэхуэ теухуапхъэщ, ауэ абыхэм ящыщ зы хъыбар щапхъэу къэтхьынщ. 
Адыгэ IуэрыIуатэм хэтщ «Анэм и гур» жиIэу зы хъыбар, анэм хуэмыфащэ къезыпэса и быным хуиIэ лъагъуныгъэм и кууагъыр телъыджэлажьэу къыщыгъэлъэгъуауэ. Гуащэмрэ нысэмрэ зэзэгъыртэкъыми, нысэ напэншэм, гущIэгъуншэм и лIым хуигъэуващ и анэр иукIыжу и гур къыхуихьыну. И щхьэгъусэм и жыIэм емыбэкъуэф къуэ лIыгъэншэм и анэр мэзым ешэ, абы щеукI, и гур кърихауэ къыздэкIуэжым, мэлъэпэрапэ, ар зылъэгъуа анэгур щIоупщIэ: «УиукI мыгъуэти, си щIалэ! Iейуэ игъэуза»? – жи. 
Сыт къримыщIами, анэм и быным хуиIэ лъагъуныгъэр абы нэхърэ нэхъ гукъинэжу къэбгъэлъэгъуэну гугъущ. IуэрыIуатэм и мызакъуэу, анэм, бзылъхугъэм и лIыгъэр, и гум, и псэм я къабзагъыр, и лъагъуныгъэм и кууагъыр Iэтауэ щыгъэлъэпIащ адыгэ литературэми. ТхакIуэхэр абы нэхъ мащIэрэ тепсэлъыхьми, усакIуэхэм яхэткъым анэм псалъэ гуапэ хужызымыIа, ар ину зымыгъэлъэпIа. Абы и щапхъэу къэтхьынщ шэрджэс усакIуэ Кхъуэхъу Хъанэ и зы усэ: 
ИщIэу пIэрэ еш анэпсэм – Жэщи махуи тхуэгузавэу, 
Дыщихъумэу псыви мафIи, 
Бынхэм фIыкIэ къытхуэупсэм? 
Япэ дыдэ дыгъи, мази, 
ЩIылъэ щхъуантIи, 
Тафэ хуити, къуршыжь мэзи 
Долъагъу бынхэм анэ нитIкIэ. 
ГъащIэ IэфIым, дуней хуитым 
ХуэтщIыфамэ лъагъуныгъэ,
Тпимыубыду нэгъуэщI быным 
ТхуещIыф анэм и псэр тыгъэ! 
ЩIэлъ гупсысэм и мыхьэнэр нобэ нэсу къыдгурымыIуэжми, куэд щIауэ адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ «Анэшыр къихьэмэ, псатхьэр магъ» псалъэжьыр. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, абы матриархатым и нэпкъыжьэ телъщ. Армырамэ, адэшыр мыхъуу, анэшыр щхьэ нэхъ лъагэ, анэр къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ лей щхьэ нэхъ хуащIыныпхъэ? Матриархатым къыдекIуэкIа хабзэхэм епхагъэнущ ди зэманми адыгэ унагъуэхэм ящыщ куэдым анэмкIэ я благъэхэм пыщIэныгъэ нэхъ зэрыхуаIэр.
Ди адыгэ тхакIуэ-усакIуэхэм я гъащIэм и къекIуэкIыкIар щыдубзыхукIэ, дэ сыт щыгъуи зи гугъу тщIы хабзэр ахэр къызыхэкIа я лъэпкъымрэ я адэмрэщ. Тэмэму пIэрэ тхакIуэр къэзылъхуа и анэм, ар къызыхэкIа лъэпкъым екIи фIыкIи зыри зэрахужыдмыIэр? 
Зэщхьэгъусэхэм зэдагъуэт бынхэм тIуми ялъ хэтщ, абы бжьыпэр щызыубыдынур, сабийхэр нэхъ зэщхь хъунур пщIэнукъым. ЩоджэнцIыкIу Iэсхьэд къуитху иIащ, абыхэм ящыщ дэтхэнэри зи лъэныкъуэ хъуар иджы зэхэгъэкIыжыгъуафIэкъым, ауэ и щхьэ течауэ жыпIэ хъунущ я теплъэкIэ, я Iэпкълъэпкъ, инагъ-цIыкIуагъкIэ ахэр зэщхьэщыкIыу зэрыщытар. Зэшхэм я нэхъыжь ТIалийрэ (ТIалибуи ятхыу щытащ) Алийрэ мыщхьэпэлъагэу, къуэгъуу щытамэ, Уэлий, Зул, Данил сымэ нэхъ лъагэхэу, Iэчлъэчхэу, къару зэрахэлъыр я теплъэм къигъэлъагъуэу щытащ. 
Алий и къуитI Лиуанрэ Мухьэмэдрэ я лъагагъкIэ, IэпкълъэпкъкIэ я адэ къуэшищым нэхъ ещхь хъужат. Абыхэм я адэшхуэ Iэсхьэди, абы и адэж Пщыкъани я сурэт ди деж къэсакъыми, - я гугъу тхуэщIынукъым. ЗэрыжаIэжу щытам тепщIыхьмэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и анэр ямылейуэ фIыуэ илъагъурт. И щIалэ курытыр нэхъыбэм щIыпIэ жыжьэхэм зэрыщыIэм, и Iуэху зытет зэримыщIэм къыхэкIкIэ анэм игури абы нэхъ хуэмыгъуэт, и гугъу нэхъ ищIрейт. А тIум яку дэлъа лъагъуныгъэр зыщылъагъупхъэри и япэ усэ телъыджэ «Нанэр» (щIалэщIэу Тыркум щитха а тхыгъэм япэм зэреджэу щытар «Анэм и деж письмощ») и анэм зэрытриухуам, лъэпкъ усыгъэм и налкъут «Къамботрэ Лацэрэ» романым хэт лIыхъужь нэхъыщхьэм езы усакIуэм и анэм и цIэр зэрыфIищам я закъуэкъым. 
Ар дэнэ щIыпIэ щыIэми, Iэмал имыIэу щIэх-щIэхыурэ и анэм деж къэкIуэжырт, зэман куэдкIэ еуэршэрылIэрт, я Iуэху зыIут зэхуаIуатэу зэбгъэдэсхэт. Нэхъуеиншэу зыхущыт и анэм и мызакъуэу, Алий фIыуэ илъагъурт ар къызыхэкIа ЗекIуэрейхи, абыхэм я дежи куэдрэ щыхьэщIэрт, езым и ныбжь анэш щIалэхэм я гъусэрейт». 

«Лъэпкъ зэхэгъэж зэрыщыIэм и зэранкIэ 19-нэ лIэщIыгъуэм фыз къэшэным гугъуехьищэхэр пылъащ, уасэшхуэ зэрыщIатым и гугъу умыщIыххэми. Архивхэм щахъумэ тхылъхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ЩоджэнцIыкIу Iэсхьэд и адэ Пщыкъан пщылIыпIэр Кавказым щытрахыным и пэ къихуэу уэркъыу щытагъэнущ, иужькIэ мэкъумэшыщIэ щхьэхуитхэм хатхэжами. Ди хэкум 1863 гъэм щрагъэкIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм ипкъ иткIэ, а илъэсым абы иIащ унэIуту цIыхухъуищрэ цIыхубзитIрэ. 
Пэжщ, Пщыкъан и унэцIэм уэркъ (уздень) псалъэр пыткъым, ауэ фIэщ щIыгъуейщ а зэманым къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэхэм унэIут яIау? 
Гу лъытапхъэщ нэгъуэщI зыгуэрми: Пщыкъан и Iуэхур зэхэмыгъэкIыжыгъуафIэми, абы и унэкъуэщ, унэIуту цIыхухъуиплIрэ цIыхубзиплIрэ зиIа ЩоджэнцIыкIу Шыгуанэ и унэцIэм «уэркъ» псалъэр пытщ. 
И къуэ закъуэм фыз къыхуишэну мурад щищIым, зэрыхабзэу, Пщыкъани нысэ хуэхъун къыщилъыхъуэр езым хуэдэ лъэпкъхэм я дежщ. КъызыхэкIахэр зэрызэхуэдэм и фIыгъэкIи абы и къуэ Iэсхьэд къыхуишэр Дыгулыбгъуей къуажэм щыщ, лъэпкъышхуэу щымытми, уэркъ унагъуэм къыхэкIа ЗекIуэрей Лацэщ». 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: