Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм щыпэщIэтыным теухуа лэжьыгъэр зэщIэзыгъэуIуэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №149-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ

1.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм щыпэщIэтыным теухуа лэжьыгъэр зэщIэзыгъэуIуэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм щыпэщIэтынымкIэ лэжьыгъэр зэщIэзыгъэуIуэ комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №I49-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн,  абы ГъукIэлI Хь.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Сату-промышленнэ палатэм и унафэщIыр хэгъэхьауэ (зэрызэгурыIуам тету).
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм фокIадэм и 18-м
№92-УГ

 

Поделиться: