Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм псэуныгъэкIэ Iуэхутхьэбзэхэр щахуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм я гъэпсыкIэр гъэувыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм          шыщхьэуIум и 21-м          Налшык къалэ          №170-ПП

«Урысей Федерацэм цIыхухэм псэуныгъэкIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыщыхуащIэм и лъабжьэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №442-ФЗ-уэ 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдэкIам и 8-нэ статьям и 24-нэ пунктым, Урысей Федерацэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм псэуныгъэкIэ къащхьэщыжынымрэкIэ и министерствэм «ЦIыхухэм псэуныгъэкIэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм хуэгъэфэщауэ я гъэпсыкIэр щIэгъэбыдэным и IуэхукIэ» 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къыдигъэкIа унафэ №918 н-м япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм псэуныгъэкIэ Iуэхутхьэбзэ щахуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм я гъэпсыкIэр къэщтэн.
2. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр щахуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм я гъэпсыкIэр щIэгъэбыдэным и IуэхукIэ» 2014 гъэм фокIадэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №196-ПП-м; («Официальная Кабардино-Балкария», 2014, №37);
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэ языныкъуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къыдигъэкIа унафэ языныкъуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2014 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №277-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я 3-нэ пунктым; («Официальная Кабардино-Балкария», 2014, №49);
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къищта унафэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэ языныкъуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» 2016 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдигъэкIа унафэ №153-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм и 1-нэ пунктым; («Официальная Кабардино-Балкария», 2016, №33).
 

 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм шыщхьэуIум и 21-м къищта унафэ №170 –ПП-мкIэ щIэгъэбыдащ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм псэуныгъэкIэ Iуэхутхьэбзэхэр щахуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм я
 ГъэпсыкIэр

1. Жьы дыдэ хъуахэм, ныкъуэдыкъуэхэм, ныкъуэдыкъуэ ныбжьыщIэхэм, сабий ныкъуэдыкъуэхэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я унэ-интернат.
2. Сабийри, зи акъылыр зэтет цIыхухэм хухахари хэту унэ-интернат.
3. Зи закъуэхэмрэ жьы дыдэ хъуахэмрэ я унэ хэха.
4. ЦIыхухэм псэуныгъэкIэ зэщIэгъэуIуауэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ центр.
5. ПсэуныгъэкIэ щызэфIагъэувэж центр, абы сабийхэм хухахари хэту.
6. ПсэуныгъэкIэ щыдэIэпыкъу - узыншагъэр щызэфIагъэувэж центр, абы сабийхэу, балигъыпIэ имыувахэу зи узыншагъэм дерт иIэхэм хухахари хэту.
7. Унагъуэмрэ сабийхэмрэ псэуныгъэкIэ зыщыщIагъакъуэ центр.
8. МахуэкIэ щагъэIэу псэуныгъэкIэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ, я унэхэм кIуэурэ е пIащIэгъуэкIэ псэуныгъэкIэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Поделиться: