«Шэрджэсыр» нэхъ жантУрысейм и ипщэ щIыналъэм и Кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Дыгулыбгъуей къуажэм и «Шэрджэс» командэм. Ди щIалэхэм джэгугъуихми зы топ фIэкIа я гъуэм дагъэкIакъым, зэкIэлъыпыту текIуэныгъих къахьри, кIэух зэIущIэм 3:0 бжыгъэкIэ Краснодар крайм и «Аполлония» командэр щыхигъащIэри, Кубокыр къихьащ. Абы къищынэмыщIауэ, нэхъыфIу зэпеуэм щыджэгуауэ къалъыта футболист къэс саугъэт къратащ. Ахэр Гъуэщокъуэ Арсен, Къардэн Темырлан, Соблыр Астемыр, Мыд Казбек, Кхъуэнэ Аслъэнбэч сымэщ. Хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ нэхъыбэ дэзыгъэкIа Гъуэщокъуэ Арсен саугъэт щхьэхуэ къратащ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|