Къантемыр япэ увыпIэр къехь

Сумо
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен Шыбзыхъуэ Къантемыр пшахъуэщI сумомкIэ Урысейм и Кубокыр къихьащ. Ар Москва щекIуэкIащ. Ди щIалэр зэкIэлъыкIуэу къыпэщIэтаищым текIуа иужь, зэбэнар 2019 гъэм классическэ сумомкIэ дунейпсо чемпионатым, килограмм 85-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщызыхьа Абдула-Заде Георгийщ. Къантемыр ари къыпэлъэщакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ди спортсменыр чемпион хъуащ.
 
БэнэкIэ хуит
Иджыри зы текIуэныгъэ
БэнэкIэ хуитымкIэ Европэм пашэныгъэ къыщыхьыным теухуауэ Венгрием и Капошвар къалэм щызэпеуащ илъэс 15 зи ныбжьхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ Джыджий Къантемыр килограмм 85-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым япэ увыпIэр щиубыдри, дыщэ медаль къыщихьащ. Гугъу демыхьу текIуэныгъищ къихьа иужь, бжьыпэр иубыдын щхьэкIэ ди щIалэр Азербайджаным щыщ Насибов Амин темыкIуэу хъунутэкъым. Къантемыр дакъикъэрэ ныкъуэрэщ зыхуэныкъуар, къыпэщIэтар хигъэщIэн папщIэ. 
ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться:

Читать также: