Къардэн Мурат ягъэлъапIэ

  Мы махуэхэм дуней псом щагъэлъапIэ Дунейпсо олимп махуэхэр. Ар къыхилъхьащ МОК-м.

          Зи текIуэныгъэхэмкIэ дуней псом зи цIэ щыIуа, Зэрэгъыж къуажэм щыщ, Олимпиадэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ чемпион щыхъуа Къардэн Мурат «Шэрэдж районым щIыхь зиIэ и цIыху» цIэр фIащащ а махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.

         Жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхуэсат Мурат и благъэхэр, ныбжьэгъухэр, лэжьэгъухэр, къуажэгъухэр, районым и спортсмен ныбжьыщIэхэр.

         ЗэIущIэм  къыщыпсэлъащ икIи  цIэ лъапIэр зыфIаща Къардэн Мурат хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ Шэрэдж щIыпIэ администрацэм и унафэщI Кульбаев Аланрэ и къуэдзэхэмрэ, Шэрэдж муниципальнэ районым и унафэщI Этезов Мухьэмэт, Шэрэдж куейм и прокурор Ержыб Хьэсэн, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым ФизкультурэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, Къардэн Мурат и цIэр зэрихьэу алыдж-урым бэнэкIэм щыхуагъасэу Шэджэм щыIэ спорт школым  и унафэщI Бекъан Хъызыр, нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэри. Спортсмен цIэрыIуэм щIыхь зиIэ цIэр зэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъыр ирата иужь, Къардэным фIыщIэ ин яхуищIащ апхуэдэ гулъытэрэ пщIэрэ къыхуэзыщIахэм икIи хъуэхъу дахэкIэ захуигъэзащ.

         ГуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ артистхэу, уэрэджыIакIуэхэу ЦокIыл Азэмэт, Къул Ланэ, Бэрбэч Рэмэзан, Туменовэ Айшэт, Герузовэ Алинэ,  щIыпIэ къэфакIуэ гупым. КIэухыу псоми зэдагъэзэщIащ «Зэрэгъыж» уэрэдыр икIи зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

 

                             Ди спортсменхэр нэхъ лъэщт

         Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ Федеральнэ щIыналъэмрэ иджырей спорт лIэужьыгъуитхукIэ   пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ  Краснодар щекIуэкIащ, спортсмени 150-м щIигъу хэту.

         Щхьэж къигъэлъэгъуар щхьэхуэу къапщтэмэ, ди хэкуэгъухэу Iэпщэ Тембулэт япэ увыпIэр, Калабековэ Азизэ, Атабиевэ Маликэ, Туменов Заур сымэ етIуанэр, Воронин Артём ещанэр къахьащ.

         КомандэкIэ къапщтэмэ, дыдейхэм къапэлъэщын къыхэкIакъым – япэ увыпIэр яубыдащ.

 

                             ШахматхэмкIэ 80-нэу зэпоуэ

         Къэбэрдей-Балъкъэрым шахматхэмкIэ щынэхъ лъэщхэр  80-нэу щызэхагъэкIащ къалащхьэм дэт «Каисса» Уардэ унэм. Мыбы хэтащ спортсмен 46-рэ - ныбжькIэ зэхуэмыдэ цIыхухъуи, цIыхубзи, спортым и мастери, республикэм бжьыпэр щызыубыдаи.

         Прохладнэ къикIа Дедюхин Олег япэ увыпIэр къихьри, республикэм и чемпион хъуащ. Абы кIэлъыкIуэр Зеикъуэ къуажэм щыщ Щомахуэ Резуанщ, ещанэр абы и къуажэгъу Джэдгъэф Чэмалщ.

         ЕплIанэ, етхуанэ увыпIэхэр Текуев зэкъуэшхэу Валерэрэ Эмиррэ къахьащ.

         Нэхъыжь гупым я деж нэхъыфIу къыщалъытар Вулах Валерийщ. ЦIыхубзхэм къахэжаныкIар Щыхьмырзэ ФатIимэщ. ЩIалэхэм щыщу адрейхэм ефIэкIар Темрокъуэ Iэмиррэ Лингур Умаррэщ. Хъыджэбз цIыкIухэм нэхъ щылъэрызехьар Ахматовэ Аминэ, Ульбашевэ Аминэ, Геккиевэ Софие сымэщ.

         Зи цIэ къитIуахэм саугъэтхэр, щIыхь тхылъхэр, медалхэр иратащ.

 

                                                                                    ШАФИЙ Аслъэн.

 

Поделиться:

Читать также: