Инсанэ и ехъулIэныгъэ

   Хъыджэбз цIыкIухэм гимнастикэмкIэ я 27-нэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха Сочэ щекIуэкIащ. Къалэ 20-м къикIауэ мыбы спортсмени 184-рэ хэтащ. Абы щыщу 65-р Урысейм спортымкIэ и мастерт, 32-р спортым и мастерым и кандидатт, 55-м япэ, 32-м етIуанэ, ещанэ разрядхэр яIэт. А бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ а зэпеуэм и мыхьэнэр лъагэу зэрыщытар.

  Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым 2020 гъэм екIуэкIа Олимпиадэм и чемпионкэ хъуа, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Листуновэ Викторие хэтащ.

 Ди цIыхухэм икъукIэ я гуапэ хъуащ апхуэдэ зэпеуэ иным Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа хъыджэбз цIыкIу Ахъуэбэч Инсанэ етIуанэ увыпIэ къызэрыщихьар.

                                                                                              ШАФИЙ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также: