«Адыгэхэм хуэдэ дэнэ къипхын?»

«Адыгэхэм хуэдэ дэнэ къипхын?» фIэщыгъэр иIэу фокIадэм и 19-м пшыхь щекIуэкIащ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм. Абы хэтащ егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм, библиотекэм я лэжьакIуэхэр. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщар школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Хьэрэдурэ Эммэт.
 
ЗэIущIэр Джэдгъэф Борис и «Си адыгэ напэ» усэмкIэ къызэlуаха нэужь, ар езыгъэкIуэкIхэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ адыгэхэм я махуэр гъэлъэпlэн зэрыщlадзауэ щыта щlыкlэр.
АдэкIэ школакIуэхэр къеджащ адыгэ усакIуэхэм  я Iэдакъэ къыщIэкIа, ди лъэп­къым теухуа, ди хабзэ дахэхэр, ди блэкIар къызыхэщыж усэхэм. Апхуэдэу адыгэр дызэрыгушхуэ ди лIыхъужьхэм, цIыху цIэрыIуэхэм, тхакIуэхэм тепсэлъыхьащ.
Пэшым щIэсхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуат адыгэ лlакъуэ пщыкlутlым я къекIуэкIыкIар, нобэкIэ абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, нэхъыбэу здэщыс щlыпlэхэм теухуауэ щыжаIэу щыта теплъэгъуэр, класс нэхъыжьхэм щIэс щIалэ пщыкIутIым ягъэхьэзырар. Адыгэ уэрэдыжьхэр зэIущIэм щыжиIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Абазэ Дианэ. ЕджакIуэ цIыкIухэм адыгэ къафэ дахи утыкум щагъэзэщIащ.
Пшыхьым и кIэухыу пэшым щIэсхэм псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ егъэджакIуэ Джэрмэшык Хьэжмурат.
- Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым и ехъулIэныгъэхэр иIэтрэ и фIым щыгуфIыкIыу щызэхыхьэ зы махуэ хэха имыIэу. Апхуэдэ махуэхэрщ цIыхубэм я гур щыз зыщIыр, къарукIэ, лъэкIыныгъэкIэ, акъылкIэ, щIэныгъэкIэ зыIэрагъэхьахэр къыщапщытэжыр, лъэпкъым и нэхъыжьри и нэхъыщIэри гуфIэу щызэхыхьэр. Нобэрей махуэм щхьэкIэ куэдрэ зэхыхьэн Тхьэм дищI! Лъэпкъым и къэкIуэнур сыт щыгъуи зрапхыр къыдэкIуэтей щIэблэращ. Фи бжьыфIагъыр вгъэлъагъуэу, фызэрыщыпкъэр фи дуней тетыкIэм къиIуатэу лъэпкъым и пщIэр зыIэтын щIэблэ фыхъуну сынывохъуэхъу! – жиIащ абы.
ИужькIэ къэпсэлъа нэхъыжьхэри адыгэ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ ягъэlуу, къызыхэкIар ящымыгъупщэрэ я блэкIам пщIэ хуащIу, узыншагъэр я бэу псэуну хъуахъуэри, пшыхьыр джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ