УсакIуэ

Зэгуэрым щIэблэ къиувэнум ди пIэм
Ди щэн е ди сурэт къыхэщыжынщ.

Бемырзэ Мухьэдин.
УсакIуэщ, тхакIуэщ, драматургщ Бемырзэ Зураб. Сабийхэми балигъхэми яхуэгъэзащ и къалэм жаныр. Сабиигъуэм, усыгъэм, и адэм теухуауэ Зураб и гупсысэхэр куущ!
Сабиигъуэм къыздисха зы хьэл
-Си сабиигъуэр Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Алибердыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэм щесхьэкIащ. УсакIуэ 20-м нэс къызыдэкIа къуажэм сыкъыщыхъуати, дауэ хъунут сэри сымыусамэ?!. Псом хуэмыдэу, сэ си адэри усакIуэу щыщыткIэ. Си сабиигъуэм зы хьэл къыздисхащи, абы и гугъу фхуэсщIынщ. СыцIыкIут, хьэфэрыгъажэ сиIэну сехъуапсэрт. Ди анэшхуэм и пенсэр иритурэ зэи тIэуи си адэр къалэм игъэкIуащ, «мы сабийр зыщIэхъуэпсыр къыхуэщэху», жиIэурэ. АрщхьэкIэ игъуэттэкъым, тыкуэнхэми щызэпэубыдат. Сытми, тригъазэурэ аргуэру кIуащ зыбжанэрэ, имыгъуэтыр си фIэщ мыхъун фIэщIри, уеблэмэ сэри зэ сыздишат. ЩыIэтэкъым, дгъуэттэкъым, ящэртэкъым. Арати, хьэфэрыгъажэр къысхуамыщэхуу къэнащ. А Iуэхум къыхэсхащ сэ зы хьэл: зэрэ тIэурэ и ужь сихьауэ, зыгуэр къызэмыхъулIэмэ, «ар си натIэм къритхакъым» жызоIэри, абдеж къыщызогъэнэж.
И макъ щызэхэсхырт…
-Си адэм и усыгъэр нобэщ си гъащIэм къыхыхьэн щыщIидзар. Абы къикIыркъым усэхэм семыджауэ, сащымыгъуазэу. И тхылъхэр сыт щыгъуи си гъусэщ, унэми лэжьапIэмкIи си Iэнащхьэм телъщ. Усэ щыстхкIи плъапIэу сиIэщ ахэр. Ауэ… псэкIэ къызэхьэлъэкIырт сыкъеджэн, усэ къэс ди адэм и макъыр щызэхэсхырт… Бемырзэ Мухьэдин и усыгъэм сэ хэслъагъуэмрэ адрей еджэхэм халъагъуэмрэ зэмыщхьу къысщохъу. Усэхэм щIэрыщIэу седжэжыху, щIэуэ гупсысэ гуэр къыхызох. Сэ си акъылкIэ, си гупсысэкIэ, си усыгъэкIэ сызэтеувэмэщ абы и усыгъэм нэгъэсауэ сыщыхэплъэжыфынур.
Сэ сыгъуджэу къыщIэкIынущ.
-Бгым къежэха мывэ цIыкIур къыздежэхам худэплъеижу абы зригъэпщэн хуейкъым. Сэри ди адэм и усыгъэм зэи зезгъэпщакъым. Абы и джэрпэджэж теплъэ, гупсысэ, сурэт, зэчий сэ къыслъысауэ дунейм сытету аращ. Сэ сыгъуджэу къыщIэкIынущ – си адэм и теплъэ къызэрыщыж гъуджэ. И усэ гуэрым щитхауэ щытащ: «Зэгуэрым щIэблэ къиувэнум ди пIэм, ди щэн е ди сурэт къыхэщыжынщ», - жиIэу.
«УсакIуэр» ди адэм зэрихьа цIэ лъапIэщ
-Усыгъэр сэркIэ гу жьыдэхупIэщ. Си щхьэм илъ гупсысэр гъащIэм зэрестыж Iэмалщ - япэу сызэпхъуэр аращ. Ар ди адэм къызита Iэмалу солъытэ. Сэ усэ сотх, ауэ усакIуэу зыкъэслъытэркъым. «УсакIуэр» ди адэм зэрихьа цIэ лъапIэщ. Си усыгъэм цIыхухэм езыхэм яйуэ зыгуэр зэрыхалъагъуэр, гупсысэ гуэрхэм зэрыхуишэхэр солъагъури, ар сэркIэ гуапэщ. Сотхри, интернетым къызолъхьэ.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: