Бэм пэгъунэгъу IэдакъэщIэкIхэр

Журналист, тхакIуэ КIэбышэ Лилэ и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэхэр щIэджыкIакIуэхэм я гум дыхьэу къокIуэкI. Сыту жыпIэмэ, абыхэм я дэтхэнэри теухуащ къызэрыгуэкI гъащIэм, цIыхухэм къадекIуэкI  гурыгъухэм, гущыщIэхэм, махуэ къэс зыхэплъэ дунейм и къэхъукъащIэхэм. Лилэ и лIыхъужь къэс тхылъаджэм и нэIуасэщ, абыхэм я гуфIэгъуэри гущыщIэри дагуэшу, дерси къыхахыу.

1977 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ Москва дэт Горькэм и цIэр зезыхьэ  литературэ институтыр къэзыуха тхакIуэ ныбжьыщIэм «Розэ хужь» зыфIища и япэ тхылъыр. Абы щызэхуэхьэсат рассказ зыбжанэ. Ахэр «Ленин гъуэгу» газетым къытехуэрт, радиокIэ къатырт. Тхыгъэр яфIэгъэщIэгъуэнт, яфIэдахэт зи щIалэгъуэхэми ныбжь зиIэхэми. Япэхэм дежкIэ ар гъащIэм ухуэзыущий гъуазэт  , етIуанэхэмкIэ гукъэкIыжт… ТхакIуэ ныбжьыщIэм  и лIыхъужьхэри а зэманым псом нэхърэ нэхъ гулъытэшхуэ зыхуащIу щыта егъэджакIуэ IэщIагъэм ирилажьэхэрт. Зэманым декIуу къыхилъхьа гупсысэр зэуэ япхъуэтат егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми, а япэ IэдакъэщIэкIым нэхъ хэмылъу, тхэн щIэзыдзам и творческэ гъуэгур иубзыхуу.

- Фи Iэр мыувыIэу фытхэ, сыт фтхыми, арыншамэ, тхакIуэ къыфхэкIынукъым. А фи Iэдакъэм къыщIэкIыр хъуарэ мыхъуарэ езы щIэджыкIакIуэхэм зэхагъэкIыжынщ, - къыджиIат дезыгъаджэ профессорым. Пэжыр жысIэнщи, япэ щIыкIэ ар къызгурыIуатэкъым, хъуми мыхъуми зыгуэр щIэмычэу птхыкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ икIи щхьэ апхуэдэ чэнджэщ къыдита жыхуэсIэу,- игу къегъэкIыж Лилэ.  Еджагъэшхуэм студентхэм къагуригъэIуэну зыхуеяр къалэмыр яутIыпщ зэрымыхъунур, зэбгъэтIылъэкI тхыгъэхэр апхуэдэу къэнэжынкIэ зэрыхъунур арат. Илъэс куэд дэкIыу и япэ лэжьыгъэхэм я купщIэр илъэгъужа нэужьщ Лилэ а псалъэхэм я мыхьэнэр нэсу къыщыгурыIуар.

КIуэ пэтми зэманым зехъуэж, абы и гъусэу зехъуэж цIыхухэм, псом хуэмыдэу къыдэкIуэтей щIэблэм, я гупсысэми, ауэ гъащIэм дерс хуэхъу, гуапагъэр, зэхущытыкIэ къабзэхэр лъабжьэ зыхуэхъуа литературэ IэдакъэщIэкIхэм кIуэдыпIэ яIэкъым. Ди гуапэу нобэ фи пащхьэ идолъхьэ КIэбышэм и рассказхэм ящыщ зы.

                                     Дыщэ

Мысхьуд пщIантIэмкIэ къыдэмыкIыжу шыгъуэгу защIэкIэ мэкIуэж. «Сыту фIыщэу сакIэщIэдэIухьа. ЗэкъуэшитIым драбыну дэ тIур дызэшрэ пэт, еплъыт абы, хамэм и дзыхь иригъэзу. ИгъащIэм сыкъилъагъу хъуркъым. Уэлэхьэ, Андзорыжь цIыкIу, уи мурадыр къомыхъулIа. Уэ къысщубзыщIын уи гугъами, тхьэшхуэм сымыщIэххэу сыкъихьащ. Мы алахьым сыту куэд къысхуищIэрэ, жэщи махуи шыкур хуэсщIурэ нэмэзлъыкъыр лъэгуажьэкIэ згъэлажьэ хъунщ.

Иджы дыщэр къихьри мы си Iэбжьыбым кърикIутащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Андзор абрэджхэм япыщIащ. Гъуэмылэ яхуехь. Я хэщIапIэр яхъуэжащ. ЗдэIэпхъуар къыжраIащ. Абрэджхэр щыIэнукъым-зыщIыпIэ йожьэ. ПщыIэхъумэу къагъэна щIалэ цIыкIумрэ дыщэхэмрэ тогузэвыхьхэр… Псори къэсщIащ, псори…

Зэманыр гъэкIуэдын хуейкъым, Мысхьуд, зэманыр. Iуэхум епIэщIэкIын хуейщ. Дыщэр, дыщэр алыхьым къыуитащ!..» - мэкIуэж ар зыхуэзэ мывэ сэрейхэм, пэщ щымыхъуу, псынщIэу елъэурэ.  Мысхьуд унэм щIэлъэдэжри Iэщэ - фащэкIэ зызэщIиузэдащ. IэлъэщIышхуэр и плIэм ипхъуауэ къыщIыхьащ и къуэм и Iэуэлъауэр зэхэзыха анэр.

- Апхуэдизу уздэпIащIэр дэнэ, си щIалэ, жэщыбгым?

- Iуэху сиIэщ, ди анэ, Iуэхушхуэ сиIэщ.

- Ар сыт хуэдэ Iуэху, анэгур умыгъэгузавэу жыпIэм хъуркъэ?

- УщIэгузэвэн лъэпкъ щыIэкъым, ди анэ. ЗыкIи умыгузавэ: мыдэ зыгуэр здэщыIэ щIыпIэ къэсхутащи, абы сокIуэ. А зыгуэрыр зищIысыр сыкъэкIуэжмэ плъагъунщ, - жеIэ Мысхьуд, унэм къыщIэкIыурэ.

- Тхьэм къыуигъэхъулIэ, си щIалэ, гъуэгуанэ узыншэу алыхьым къыщIигъэкI.

Мысхьуд зэрыцIыкIурэ сыт ищIыскIи нэпсейт, ауэ псом хуэмыдэжу ахъшэм, дыщэм егъэлеяуэ и нэр къыхуикIырт. ЦIыкIухэм ядэджэгурэ ахъшэ фIахьэхуамэ гъуэгыу, ефыщIауэу щIидзэрти я щхьэр яригъэужэгъуауэ ахъшэр къыхуадзыжырт. Ауэ езым къихьэхуар кърамытыну къыфIэщIамэ, къыпэщIэхуамкIэ занщIэу уэнут. Апхуэдэ щытыкIэм адэр щыгуфIыкIырт. «Си щIалэм мылъкурэ былымрэ щымыкIуэдыпхъэ щигъэкIуэдынукъым», - жиIэрт абы. Мысхьуд къуажэбгъумкIэ зритри джабэм дэкIащ. Къежьауэ Iэрамэ - Iэрамэурэ щыгум къыхуэкIуэ пшэ фIыцIэми зыкIи Мысхьуд гу лъимытэу макIуэ. Мазэр зэми пшэм щIелъафэри кIыфI дыдэ мэхъу, зэми къыщIощыжри дунейр нэхъ нэху мэхъуж. Ауэ Мысхьуд и дежкIэ тIури зыщ. ДэнэкIи текIутауэ къыщыхъу дыщэхэм я нурым гъуэгунапщIитIыр къигъэнэхуу къыфIощIри, дзапэ уэрэд тIэкIуи жиIэу, ауэ пIащIэу макIуэ. Куэд мыщIэу уафэр гъуагъуэу, щыблэр уэуэ щIидзащ.

«Ялыхь, ялыхь, гущIэгъу иныр зиIэу ди тхьэшхуэ, къомыгъэшх мы уэшхыр», - мэлъаIуэ Мысхьуд. Ауэ абы и тхьэлъэIум зыри къимыкIауэ уэлбанэшхуэ къохъу. ЛъэкI къимыгъанэу Мысхьуд и шыр еху, уэшхыр къызэринэкIын и гугъэщ, ауэ хъуркъым. Жьы щIыIэр зыщIэт уэшхыр псэм и жагъуэу щIыфэм зыпхедз. Сытми уэшхыр куэдрэ къемышхыу зэпыужащ. Ар здэкIуэм, имыщIэххэу, къыр лъпгэ зыдэкIын хуейр и пэм къихутащ. Ар шым къепсыхри IумпIэр иубыдащ. ДэкIыу ежьащи, ятIэ бдзантхьэ гъуэжьым лъакъуэр тригъэувэхукIэ мэцIантхъуэри нэпкъпэпкъкIэ щIым хохуэ. Абы щыгъуэм «си ужь ит шым сыкIэщIэджэразэрэ къыстеувэмэ» жеIэри, нэхъ Iеижу мэгужьей. Абы щIэкIиеми, хэуэми, шыр япэ ирегъэщри «уи щхьэр дэхыф» жыхуиIэу еутIыпщ.

Езы Мысхьуд иджы хьэлъакъуиплIу бгым допщ. Iэпхъуамбэхэр ятIэ бдзантхьэмрэ мывэ щыкъуей дзакIэхэмрэ щIахащ. И бгри узащ, ешащ, ауэ зыкъиIэту хуиту увын мэшынэ. Ар мэцIантхъуэри икIум нэхърэ нэхъыбэжкIэ кърехьэхыж. Шыри мэцIантхъуэ, пэнцIывкIэ щIесэри аргуэру къотэджыж.

Мысхьуд гъуэгуанэ куэди зэпичат гугъуехь куэди илъэгъуат, ауэ мыр псоми ялейт. ЛъэныкъуэкIэ ецIэнтхъуэкIмэ зэфIэкIащ - зыкIэрыт джабэ нэкIум и бгъуитIымкIи щыхупIэщ.

«Ей, дыщэ, дыщэ, сыту лъэкIыныгъэ зиIэ псалъэ ар. Нэфыр къэзыгъэплъэжу къаплъэр нэф зыщIщ. Ауэ сэ мыбы сехуэхмэ, къэнэжакъэ си дыщэри. Си кIуэдыпIэ хъуари зыми имыщIэу сыту Iуэху бзаджэ мыр. Хьэуэ, хьэуэ, сэ тхьэр си дэIэпыкъуэгъущ», - нэмэзыбзэу ищIэхэр щIибжыкIыурэ Мысхьуд бгым допщ. Ауэ зэрыхъуар имыщIэу и лъакъуэхэр гъуэгум тецIэфтри, и щхьэм сынос щыжиIэм, и псэр гузэвэгъуэм хэхуащ. Гужьеяуэ пхъуэри япэ зыхуэзэ къудамэр иубыдащ. Ауэ абы и Iэ ятIэ защIэхэм къудамэр яхуэIыгъкъыми, шынагъуэм и нэр къыщхьэщрегъэху. ЗызыкIэрищIа жыгыщIэ цIыкIуми, хьэлъэр хуэмышэчу, тIэкIу - тIэкIуурэ зегъэш. Мысхьуд и псэр дзапэкIэ иIыгъщ. Къудамэр IэщIэкIмэ - къуэладжэм дэхуэнущ… Сытми, гугъуехь иныр пылъу, езым и фIэщи мыхъужу ар гъуэгум къытопщхьэж. Ажалыр зэрыщхьэщыкIам Мысхьуд ирогуфIэ.

- Сысейщ дыщэр, сысейщ, сэ сынасыпыфIэщ, цIыху хьэлым икIауэ ар мэкIий, ину мэдыхьэшх. Ауан къищI хуэдэ джэрпэджэжми зыкъыпещIыж. КъыщIэзыдзэжауэ къешх уэшхыр, зыщимыгъэнщIу, Мысхьуд и нэкIу ятIэм кърегъашхэ. «Уэ укъезгъэлащ, ауэ абы текIуэдам еплъыт» жыхуиIэу ныкъуэ зэфIэщIыкI хъуа жыг цIыкIури нэщхъейуэ и щхьэкIэхэр йолэлэхри щытщ.

Мысхьуд и гуфIэныр иримыкъупауэ шым мэшэсыжри йожьэж. Ауэ абы и тхьэкIумэм къиIуам ар зэуэ зэщIигъэувыIыкIыжащ. Гъунэгъу дыдэу жьынду къыщоджэ.

- Ер зи унэм ихьэн. Жьынду къыпхуэуджэ жыхуаIэращ. И фочыр зыпщIэхехри еуэну зеплъыхь. Жьындур къыхуэлъагъуркъым. Ар зэ къоджэри мэувыIэж, аргуэруи къыщIедзэж.

Жыг лъагэ щхьэ баринэм, къызэрыхэщи щымыIэу, и къудамэм тес жьындур къилъагъури, Мысхьуд уащ. ЕтIуанэуи уэну зыщигъэхьэзырым пщIащэхэр игъэIэуэлъауэу жьындур къехуэхри и пащхьэм къихуащ. Зи бгъэм шэр техуа жьындур мылIау пIэтIауэ - лъэкъуауэу щылъщ. Узым нэхъри нэхъ ин ищIа и нитIыр «уарэзы» жыхуиIэу къытриубыдауэ къоплъ, гурымым хуэдэу макъ гуэр ищIу и уIэгъэм жьындур пэкIэ йоуIу. Куэдрэ зимыIэжьэу Мысхьуд ар дамэкIэ къещтэри езыр зэхуэхыну щыта къуэ куум иредзых.

Iэуэлъауэ ин ищIу бжэр къыщыIуаудым унэхъумэу къагъэна щIалэ цIыкIур къащтэри къыщылъэтащ. КъыщIыхьа шынагъуэм щыIуплъэм, псынщIэу гуфIакIэм къыдиха сэ цIыкIур, иригъэпщэнми емылIалIэу,  идзащ, арщхьэкIэ къыщIыхьам и щхьэр иридзэкIри бжэблыпкъым сэм зыхисащ. ЛIы пшэр лъахъшэр ятIэкIэ зэщIэцIэлауэ, щыгъыну щыгъым псыр къыпыжу, езыр шынагъуэ гуэру плъэуэ щIалэ цIыкIум жьэхокIуатэ. КIэрахъуэ фIыцIэ инри гъэпсауэ иIыгъщ. ФочымкIэ щIалэр щыпхъуэм, абы и Iэблэр Мысхьуд и Iэ лъэщ ятIэ защIэхэмкIэ иубыдащ.

- УмыпIащIэ, умыпIащIэ, щIалэжь цIыкIу, сэ сIыгъри уи Iэщэм нэхърэ нэхъ хуэмыхукъым. Ауэ абыхэм дыхыумыгъэти нэхъыфIщ. Сэ сызыхуейр дыщэщ, дыщэ, къыбгурыIуа? Фэ ар мы мэзыжьым зыкIи къыщывгъэсэбэпынукъым, фызыхэсыр хьэкIэкхъуэкIэщ. Сэ фысIуэтэн Iуэхуи, нэгъуэщIи зесхуэркъым, зесхуэр си щхьэ Iуэхущ - дыщэ Iуэхущ. Дыщэ!

- Уэ дыщэ ухуейуэ ара, иджыпсту уэстынщ, - жеIэ щIалэ цIыкIум Iуэхур зытетыр къыгурыIуауэ. Уэзгъэлъагъунщ. Пэжщ, абы дэ зыкIи дыхуейкъым. НакIуэ.

Ар япэ иту Мысхьуд къыщIокI. Зи кур гъуанэ мывэ иным абы Мысхьуд бгъэдишащ.

- Мис дыщэ.

Абы дыщэу щагъэпщкIуар Мысхьуд щилъагъум и щхьэр унэзащ, зыхуэмыубыдыжу кIийуэ щIидзащ.

- Сысейщ, сысейщ! - дыщэхэр къищтэурэ дрепхъей. ИтIанэ хъур - жынышхуэ къызэкъуехри нэхъуеиншэу ирикIутэурэ щIалэ цIыкIум къыжреIэ:

- Уэ зыщIыпIи умыкIуэу щы…щы…

Iэуэлъауэншэу щIыбым зыкъыхэзыса сэм, и псалъэр и кIэм нримыгъэгъэсу, напэкIэ дыщэм хэхуэу Мысхьуд игъэджэлащ.

Зыгъэхьэзырар Шэрэдж Дисэщ.

Поделиться:

Читать также: