НыбжьыщIэхэр наркотикхэм щахъумэ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхур республикэм щызэхаублащ. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щы­Iащ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм IыхьитIу гуэшауэ - мэлыжьыхьым и 4 - 13-хэм, щэкIуэгъуэм и 14 - 23-хэм - къыщызэгъэпэщыным щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

КъызэгъэпэщакIуэхэм къалъытэ «Урысейм и сабийхэр-2022» Iуэхур балигъ мыхъуахэмрэ щIалэгъуалэмрэ я деж нарко­манием зыщиубгъуныр къэмыгъэхъунымкIэ, ахэр наркотик­хэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ пыщIа Iуэхухэм щыхашэ къэхъумэ, апхуэдэхэр къыщIэгъэщынымрэ къызэпыу­дынымкIэ, наркотикхэкIхэр зрахьэлIэмэ, ящэмэ, жэуапым зэрырашэлIэнум щыгъэгъуэзэнымкIэ сэбэп зэрыхъунур.
ЗэIущIэр щекIуэкIым къыхагъэщащ наркотикыр зэхьэлIэным зэраныгъэу пылъыр балигъ мыхъуахэм ягурыгъэIуэнымкIэ лэжьыгъэхэр республикэм и щIыналъэ псоми зэрыщрагъэкIуэкIынур, балигъ мыхъуахэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр къызэрапщытэнур; апхуэдэуи наркотикым итхьэкъуа ныбжьыщIэхэм яхэтмэ къахутэн мурадкIэ, ар зрахьэлIэу шэч зыхуащIхэм я псэупIэхэм, транспортым, зыгъэпсэхупIэхэм зэрызыщаплъыхьынур. 
НаркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ хабзэншагъэкIэ ирагъэкIыным пэщIэтынымкIэ екIуэкI лэжьыгъэм хэтынущ КъБР-м щыIэ МВД-м, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, ­КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэм социальнэу къащхьэщы­жынымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм я лIыкIуэхэр. 
 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: