ДНР-мрэ ЛНР-мрэ къызэралъытам топсэлъыхь

КъБР-м и Парламентым хэт КПРФ фракцэм и унафэщI Пащты Борис абы теухуауэ жеIэ: «ДНР-мрэ ЛНР-мрэ щхьэхуит щIыналъэу къэлъытэныр ди партым и жэрдэму зэрыщытам тызощIыхьри, дауи, сэ апхуэдэ унафэр дызоIыгъ. Абы, псом нэхъыщхьэу, кърикIуэнуращи, лажьэ зимыIэ жьы­кIэфэкIэхэр, бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ зэрызэтраукIэм кIэ игъуэтынущ. Къапщтэмэ, иужьрей илъэси 8-м яукIахэмрэ уIэгъэ ящIахэмрэ мин 10 бжыгъэкIэ къыпхуэбжынущ, зи насып якъутахэр - мини 100-кIэ. КъищынэмыщIауэ, Донецк, Луганск щIыналъэхэр зыми и уна­фэм щIэмыту къэлъытэныр Минск унафэхэм къыщыгъэлъэ­гъуауэ щытами, ягъэзэщIакъым. ИкIи Iей къызыхухэкIар цIыхубэращ. Абы тепщIыхьмэ, республикэхэр щхьэхуиту къызэралъытам цIыхухэм Iэмал ярет езыхэм я къэкIуэнур, зыдэгъуэгурыкIуэнур къыхахыжыну».
«Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъ­хьэу» фракцэм и унафэщI Кебеков Владимир: «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъхьэ» социалист партым Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэм хэтхэм Урысейм и Президентым дыдоIыгъ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэр щхьэхуиту къэлъытэным теухуа и унафэр.
ЩIыналъэхэр щытыкIэ зэрыхуам тепщIыхьмэ, апхуэдэ унафэр псом нэхърэ ­нэхъ тэмэму къызолъытэ икIи Донбассым и цIыхухэр зэтрамыукIэу къегъэлыным, я лъэпкъ хабзэхэм тету я хуитыныгъэхэр хъума хъуным, республикэхэм щыпсэухэм я псэукIэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхухэм я хэкIыпIэу слъагъури аращ.
Донецк, Луганск цIыхубэ республикитIри Урысейм къызэрилъытам а щIыналъэхэр щихъумэнущ Iуэхугъуэ шынагъуэхэм, мамырыгъэр щыгъэувынымкIи сэбэп хъунущ.
Дунейпсо зэхущытыкIэхэм я тхыдэм уриплъэжмэ, наIуэ къохъу къухьэпIэ политикхэм сыт щыгъуи губжьыр я хьэлу, я лъэщагъэм ирипагэжу, я Iуэху еплъыкIэхэм къытехуэн хуейуэ адрейхэм пагъэуву къызэрекIуэкIар.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, со­циальнэ политикэмрэ узыншагъэр ­хъу­мэ- ­нымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэ­дзэ, КъБР-м и Парламентым хэт ЛД­ПР фракцэм и унафэщI Безгодькэ Владимир:
- Донбассым щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэр мамыру зэхэкIын папщIэ, ди къэралым и унафэщIхэм Iэмал псори къагъэсэбэпауэ къыдолъытэ. А щIыналъэхэм я шынагъуэншагъэм теухуауэ шэсыпIэ зэрыхъу Iуэху­гъуэ пыухыкIахэри хуагъэлъэгъуат ­США-мрэ НАТО-мрэ. Абыхэм я жэуапхэри дощIэ. Ахэр хущIокъу «дыкъызэфIагъэщIэну». АрщхьэкIэ зыри къикIынукъым. Украинэм и щытыкIэм теухуауэ УФ-м и Президент Путин Владимир и Зэрызыхуагъазэр, Мюнхен щекIуэкIа зэIущIэм къыщипсэлъари дэщIыгъуу, тхыдэм къыхэнэну къызолъытэ. Абы Iуэхугъуэхэр зэрекIуэкIар зэпкърихащ тхыдэм и пэжыпIэм тету. Ахэр щыхьэт тохъуэ Украинэмрэ КъухьэпIэм и зы «гупымрэ» зауэ къамыгъэхъейуэ Iуэхур зэхэгъэкIа зэрыхъунум етхьэлIа къарур зыхуэдэм.
ЛДПР-р сыт щыгъуи зи телъхьэр зэпэшэчауэ жагъуэгъум жэуап етынырщ. УФ-м и Президентым жиIахэр аргуэру зэ щыхьэт те­хъуащ ди Iуэху бгъэдыхьэкIэр зэрытэмэмым. ЛДПР-м диIыгъащ ДНР-мрэ ЛНР-мрэ щIыналъэ щхьэхуиту къэтлъытэныр, абыхэм зэгурыIуэныгъэ етщIылIэныр икIи цIыху мамырхэм я гъащIэр тхъумэныр.

Поделиться: