Гурылъыр къызэраIуатэ

Анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэщ.
Анэдэлъхубзэр хущхъуэ пэлъытэщ.
Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм нэхъыфIу щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур абы и анэдэлъхубзэмкIэщ.
Бзэр лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ.
Акъыл закъуэкIэ бзэр къыпхуэгъэщIынукъым, ар лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ.
ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ.

*   *   *
Уи Хэкур фIыуэ пхуэлъагъунукъым, уи анэдэлъхубзэр фIыуэ умылъагъуу.
Паустовский Константин.
Зи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ. Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ.
Елбэрд Хьэсэн.
Бзэр зей лъэпкъым и тхыдэщ.
Бзэр лъэпкъым и зыужьыныгъэмрэ щэнхабзэмрэ уахуэзышэ гъуэгущ.
Куприн Александр.
Бзэр блэкIа зэманым и псыежэхым ухэзышэ псытепхъэщ, абы ухуешэ япэ итахэм я псэупIэм. АтIэми абы нэсыфынукъым псы куум щышынэ цIыхухэр.
Иллич-Свитыч Владислав.
Лъэпкъым бгъэдэлъ къулеигъэ нэхъыщхьэ дыдэщ и бзэр! Илъэс мин бжыгъэкIэ абы щызэхуахьэс икIи игъащIэкIи ща­хъумэ цIыху гупсысэмрэ лэжьыгъэмрэ къапыкI хъугъуэфIы­гъуэ псори.
Шолохов Михаил.
Лъэпкъым и анэдэлъхубзэм зытезышащIэм абы и гум, и псэм зытришащIэу аращ.
Лаубе Генрих.
Лъэпкъым и щыIэкIэ-псэукIэр, и хьэл-щэныр къэпщIэну ­ухуеймэ, абы и анэдэлъхубзэр зэгъащIэ.
Пифагор.
Бзэм къызэщIеIэтэри зы ещI зей лъэпкъым щыщ цIыхухэри ахэр щалъхуа я щIыналъэри. Бзэращ япэ итахэри, иджыпсту псэухэри, къэкIуэну щIэблэхэри зэпызыщIэ къару нэхъ лъэщ дыдэу щыIэр.
Ушинский Константин.

Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ