Iулъхьэ

Бжей жыгхэм я пщIащэр жьым зэрихьэрти, уэчылым, Хьэжы Намыкъ, и тхылъымпIэхэр зэщIикъуэжащ, жьым ирихьэжьэнкIэ шынэри. Щхьэгъубжэр хуищIащ, бжэри къридзылIэжынути, бжэщхьэIум нэсауэ, лIы лъахъшэ цIыкIу пщIантIэм къызэрыдыхьэр илъэгъуащ. И плIэм хъуржын зэпедзэкI илъщ лIы лъахъшэ цIыкIум, шыди IумпIэкIэ иIыгъщ.

- Еблагъэ, Алий Хъуэжэ! - къицIыхужащ уэчылым лIы лъахъшэр. - Сытым укъытхуихьа? Бэзэрым махуитI иIэжщ иджыри, щхьэ укъежьа?

И нэр щIиукъуанцIэри, лIы лъахъшэ цIыкIум тхьэмыщкIафэ зытригъэуащ.

- Си Iуэху щIагъуэкъым, зиусхьэн. Бэлыхь сыхэхуащ. Аращ сыкъезыхужьар… - жери зриIуэнтIыхьащ лIы лъахъшэ цIыкIум.

- Сыт пщIэн-тIэ, къыщIыхьэ… Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу къызжеIэт.

- БжесIэнкъэ… Аращ сыкъыщIэкIуар.

- Къэхъуар сыт?

- Уэр фIэкIа сызэчэнджэщын сиIэкъым. ЧэнджэщакIуэ сыкъэкIуащ.

Алий Хъуэжэ шыдыр ирипхри, уэчылым кIэлъыщIыхьащ. Уэчылым чысэ къыхуишияти, тутын ишыхьащ, и хъужынри иригъэувэхащ, тутыным екъуурэ, и Iуэху зытетыр Хьэжы Намыкъ хуиIуэтащ. Къуажэ мухъутарым, Сойсузоглу, едауэрт Алий Хъуэжэ. Мухъутарым и щIы кIапэм унэ трищIыхьыгъащ Алий Хъуэжэ. Иджыри къэс къеныкъуэкъуакъым мухъутарыр. Иджы къодауэ, унэ трихын мурад ищIащи. «ЩIыр зейм унэри ейщ», - къыжреIэ. Ар Алий Хъуэжэ идэркъым: «Унэр зейращ щIыри зейр!» - жери пэуващ.

Хьэжы Намыкъ, и жьакIэм хэпэщэщыхьри, заулрэ гупсысащ. Иужьым жиIащ:

- Узахуэкъым, Алий Хъуэжэ!

- Сэра мызахуэр?

- Уэращ. Узахуэкъым.

- Сызахуэщ. Унэр щысщIым зыри щхьэ жимыIарэ мухъутарым?

- АбыкIэ хуитщ - къыбжиIэнIами къыбжимыIэнIами.

- СызахуэкIэ тхьэ щысIуэжынщ! СыпикIуэтынукъым! Сызэрызахуэр и фIэщ сщIынщ! Седэуэнущ!

- Уедауэмэ, ухилъэфэнщ.

- Сыхрелъафэ! Седэуэнущ!

Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч къытрихьэртэкъыми, Iуэхум хэIэбэнутэкъым Хьэжы Намыкъ. ИтIани сыт ищIэн: игъэщIэхъу хъунукъым, Бозоюкъ къуажэм дэсхэм яхуэуэчылщ илъэс тIощIрэ пщIырэ хъуауэ. КъэзымыцIыху дэскъым Бозоюкъ, Iуэху къалъыкъуэкIамэ, зэжалIэр Хьэжы Намыкъщ, я уэчылщи. ПщIэншэу ягъэуэчыл ффIэщIрэ - ишхын щагъащIэркъым, гу къылъатэ зэпытщ, гъавэр хъуамэ.

И щхьэм ечэнджэщыжри, Хьэжы Намыкъ жиIащ:

- Хъунщ, уи Iуэхур си пщэ дэслъхьэжынщ, ауэ ухилъафэмэ, уигу къызумыгъабгъэ: мыр Iуэху цIыкIуфэкIукъым.

- Уэзгъэбгъэнкъым. Ауэ сыт сыхилъэфэнкIэ ущIэшынэр?

- Узахуэкъыми, аращ сыщIэшынэр.

- ХеящIэм зы щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ-щэ?

- Дауэ пIа?!

- Си кIэн къикIынкIэ хъункъэ итIанэ?

- Уи кIэн къикIын сщIэркъым, ущыхилъэфэпэнур абы щыгъуэщ!

- Сыт щхьэкIэ?

- Нобэ ди хеящIэр япэрейм хуэдэжкъым, ухэзэгъэнкIэ Iэмал зимыIэщ!

Iулъхьэ хукъуэбгъэплъакъэ - узахуэми, ухригъэлъэфэнущ. Бий къыпхуэхъунущ, уигъэтIысыпэнри хэлъщ! ПцIыхуркъым уэ ар! Нэхъ цIыху къабзэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, кIэщIу бжесIэнщи. «Щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ!» жыбоIэ…

Алий Хъуэжэ и щхьэр ищIащ:

- Апхуэдэ цIыху къабзэм тхьэм дыщимыгъащIэ!

- Тхьэм жиIэ!

Зы сыхьэт хуэдэкIэ зэбгъэдэсащ уэчылымрэ Алий Хъуэжэрэ.

Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч лъэпкъ къытримыхьэми, Iуэхур и пщэ дилъхьащ уэчылым: Бозоюкъ жылэм яфIэлIыкIащ, езы Алий Хъуэжэи пщIэ хуищIырти, хуэгъэщIэхъуакъым.

- Хъунщ, сыхыхьэнщ уи Iуэхум, - къыжриIащ, - ауэ укъысщымыгугъыщэ: узэрыхилъэфэнур сызэрылIэжынум хуэдэу сощIэ, уи жагъуэ умыщIыж иужькIэ, уи Iуэхум зыри къимыкIмэ.

Ар зэраухылIэри, Алий Хъуэжэ ежьэжащ. ТхьэмахуитI дигъэкIри къытригъэзэжащ. Уэчылыр матхэри стIолым бгъэдэсщ. Алий Хъуэжэ къыщыщIыхьэм, Хьэжы Намыкъ и щхьэр къиIэтащ, и нэгъуджэри дригъэкIуэтеящ.

- Къеблагъэ, къеблагъэ, Алий Хъуэжэ! Ди кIэныр къикIащ, пщIэркъэ? Си фIэщ хъуртэкъым ди кIэныр къикIынкIэ!

- КъыщIикIар пщIэркъэ? - еплъащ Алий Хъуэжэ уэчылым.

- Сыт къыщIикIар? - и нэр къригъэжащ уэчылым.

- ХеящIэм хуезгъэша щынэ пшэрыращ ди кIэныр къыщIикIар, - къыфIэмыIуэху-къыфIэмыIуэхуу жэуап итыжащ Алий Хъуэжэ.

- Дауэ пIа? Щынэ хуебгъэша хеящIэм?

- Хуезгъэшащ.

- Епкуащ сытми?

- Ескуащ. Уэракъэ къызжезыIар: «ХеящIэм Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, Iулъхьэ къыхукъуэзыгъэплъыр, захуэми, хригъэлъэфэнущ»? Ы?

- Сэращ…

- Щынэ хуезгъэшащ, ауэ хуезыгъэшар сэрауэ зыкъезгъэщIакъым.

- НтIэ?..

- Мухъутарым хуригъэшауэ жрезгъэIащ хеящIэм.

Уэчыл лIыжьым къалэмыр IэщIэхуащ, и жьэр иущIа фIэкIа, зы псалъэ хузэпыщэжакъым.

Жьы мащIэ къыкъуэури, жыгей пщIащэм и макъыр щхьэгъубжэм къыдэлъэтащ…

 

Хьэткъуэ Умар.
Поделиться: