Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикыу щыта Балъкъэр Фоусэт адыгэ лъэпкъым и япэ цIыхубз усакIуэщ.

Балъкъэр Фоусэт Гъузер и пхъур Бахъсэн районым хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм 1932 гъэм гъатхэпэм и 27-м къыщалъхуащ.
Къуажэ школыр къиуха нэужь, Налшык щыIэ педтехникумым заочнэу щIэтIысхьащ, езыр щеджа школым егъэджакIуэуи увыжащ. ЩIыпIэ советым и депутату хаха нэужь, секретарь IэнатIэр къратащ. 1948 - 1950 гъэхэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым соцкультурэмкIэ чэнджэщэгъуу щылэжьащ. 1950 - 1957 гъэхэм Старэ Крепость дэт курыт школ №6-м щригъэджащ.
Балъкъэр Фоусэт литературэ творчествэр зи IэщIагъэу абы ирилэжьа япэ адыгэ цIыхубзт. Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым и тхыдэ-филологие факультетым заочнэу щеджэурэ еплIанэ курсым нэсауэ, Москва дэт Литературэ институтым, Максим Горький и цIэр зезыхьэм, 1957 гъэм зригъэдзыжащ. Ар 1960 гъэм къиухри, илъэсиблкIэ лэжьащ «Iуащхьэмахуэ» журналым критикэмрэ драматургиемкIэ и къудамэм и редактору. 1967 - 1970 гъэхэм ар КъБКъУ-м и аспирантурэм щеджащ. И диссертацэм и темэу щытащ: «Къэбэрдей драматургиер зэрызэфIэувар». ИужькIэ «ЩIэныгъэ» обществэм и лектору, 1971 - 1978 гъэхэм Фоусэт Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ нэхъыжьу щытащ.
Балъкъэр Фоусэт и япэ тхылъыр 1958 гъэм дунейм къытехьащ. Абы къыкIэлъыкIуащ тхылъ 30-м щIигъу, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ Налшык, Москва щытрадзауэ. УсакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щытхъу яIащ, цIыхухэм дзапэ уэрэду къахуэна куэдым я псалъэхэри ейщ. Дунейм къытехьащ «Уафэр хызодыкI», «ЗэгуакIуэр дахэщ», «Ноби щапхъэщ а лIыхъужьхэр», «Си уэрэдым къыдежьу», «Гугъэм и лъэрыгъ», «Дыгъэ бзийр си пшынэ Iэпэу», «КъысхуэгуфIэ», «НыбжьэгъуIэ», «УэрэдыщIэ», «ХамыгъэщIэфа лъагапIэ», «Усыгъэхэр. ТхылъитIу», «Капля солнца», «Самое сокровенное», «Дочь Кавказа», «Горный напев», «Струны сердца», «Вышиваю небо», «Песня на скале», «Ищу тебя, отец», «Ожидание чуда», «Новая песня», «Стремя мечты», «Зари хрустальный звон», «Серебряное кольцо», «Узоры мыслей», «Любовь и доблесть», «Поэмы и баллады» тхылъхэр.
Фоусэт и усэхэмрэ поэмэхэмрэ бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Ахэр фIыуэ щалъэгъуащ ди щIыналъэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Фоусэт и усэхэм къахощ цIыхухэм я гупсысэр, я псэукIэр, я IуэхущIафэхэр. Абы и усэ 70-м нэблагъэм макъамэ щIалъхьащ. Ахэр Венгрием, Болгарием, Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, США-м щагъэзащIэ. Хельсинки щекIуэкIа дунейпсо IуэрыIуатэ фестивалым Тхьэбысым Умар макъамэ зыщIилъхьа, Фоусэт итха «ФIыуэ слъагъум сыкъыдофэ» уэрэдым япэ саугъэтыр къыщыхуагъэфэщащ. Финляндием щыпсэухэм иджыри ар нэхъыфIу ялъагъу уэрэдхэм ящыщ зыуэ жаIэ.
«Крестьянка» журналым 60 гъэхэм зи тхыгъэхэр традза адыгэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт и IэдакъэщIэкIхэр куэдым ягу ирихьри, редакцэм тхылъеджэхэм письмо къыхуагъэхьу щIадзащ, Фоусэт и гъащIэм, зыщыщ лъэпкъым, щыпсэум щIэупщIэу. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, Винницэ къалэм щыпсэу Попко Людмилэ къитхар: «Фоусэт лъапIэ! Уи усэхэм си гущIэм нэсу сагъэпIейтеящ. Ахэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэщ, гурыщIэ куу, пэжыгъэ ин яхэлъщи, гунэс пщохъу. Псом хуэмыдэу сигу ирихьащ «Гъатхэ жэщхэм умыжей» усэр. Макъамэ щIэмылъ щхьэкIэ, ар уэрэд хъарзынэщ». Мы письмор къэзытхами езы Фоусэти абы щыгъуэм ящIэртэкъым Венгрием и композиторхэми а усэм гу зэрылъатар. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэут. Фоусэт и усэхэр зэрыхуа «Крестьянка» журналыр Венгрием щыщ тхыдэдж, географ, усакIуэ Антал Сатмари къыпэщIэхуащ. Урысейм щыпсэуауэ урысыбзэр фIыуэ зыгъэшэрыуэф а щIалэм Фоусэт и усэхэр венгрыбзэкIэ зэридзэкIащ. Уеблэмэ «Гъатхэ жэщхэм умыжей» усэр Венгрием и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм щихьым, абы хэт цIыху 15-р усэм и псалъэхэм макъамэ щIалъхьэну арэзы хъуащ. Абы теухуауэ къызэрагъэпэща зэпеуэм Палинкаш Иожеф щытекIуат.
Мыгувэу Фоусэт къыIэрыхьащ композитор Йожеф игъэзащIэ уэрэдыр зытет пленкэмрэ абы щIигъужа фIыщIэ тхыгъэмрэ. Абы иттт: «Фоусэт лъапIэ! Уэ, дауи, тхыгъэфI куэд уиIэщ, ауэ «Гъатхэ жэщхэм умыжей» усэм фIэкIа нэгъуэщI зыри умытхами, усакIуэ къыпфIащыну пхуэфащэт». Фоусэт ар къыщыIэрыхьэм, «Самое сокровенное» зыфIища и усэ тхылъыр Йожеф хуигъэхьри, щIэх-щIэхыурэ зэхуэтхэ хъуащ. Венгрием къыщыдэкI «Не Лапиа» журналым Балъкъэр Фоусэт и усэхэмрэ абы теухуа тхыгъэрэ Йожеф къытригъэдзащ, уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ Будапешт къыщыдагъэкIа тхылъым макъамэ зыщIалъхьа «Гъатхэ жэщхэм умыжей» и усэри хагъэхьащ. Йожеф цIыхугъэ къыхуэхъуа адыгэ усакIуэр и лъэпкъэгъу щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу яригъэцIыхун папщIэ Венгрием иригъэблагъэри, гуапэуи къыIущIат. Фоусэт къыщежьэжым, «До свидания, венгры» усэр итхащ. Апхуэдэу усэм лъэкIат къэралитIым щыпсэухэр зришэлIэну.
Лэжьыгъэ купщIафIэ къезыхьэлIа, дахагъэмрэ къабзагъэмрэ зи IэрыкIыу щыта Балъкъэр Фоусэт и цIэр лъэпкъ усыгъэм къыхэнащ, и усэхэм, уэрэдхэм, пьесэхэм тхылъеджэхэр, макъамэ зыфIэфIхэр, и лэжьэгъухэр щIэх-щIэхыурэ ироплъэж.
Балъкъэр Фоусэт СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым 1959 гъэм хагъэхьащ. ЩIыхь зыпылъ къалэн и хэкум, и лъэпкъым хуищIам къыпэкIуэу абы къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр, РСФСР-м и ТхакIуэхэм я союзым и Къэрал саугъэтыр.
2009 гъэм дунейм ехыжа Балъкъэр Фоусэт и цIэр лъэпкъ усыгъэм къыхэнащ.

 

ХамыгъэщIэфа лъагапIэ

ФIыщэу слъагъуу си къурш инхэ!
Сэ нэ лейкIэ сынывоплъ,
Фи лъэщагъыр, фи лъагагъыр
Си хэкущIым дыгъэу щопс.

Фэрщ зыпIар адыгэ лъэпкъыр,
Псыр быдзышэ яхуэфщIау,
Зыпсыхьар фэращ си лъэпкъыр,
Жыру лъэщхэу къэвгъэщIау.

Я нэхъ гухэ къыщыхъуами,
Фэ фи нэгум къиплъа лIым
Къыхыхьэжырт лIыгъэ иныр,
КъытемыкIуэу абы зы.

Пэжщ, фыгъуэгъухэу, ди щIым къещэу
ЗэрыпхъуакIуэ куэд флъэгъуащ,
Ауэ зыми, зыми, зыми
Фи щхьэр фэ хуэвмыгъэщхъа.

А къэкIуахэу къебгъэрыкIуэр -
Благъуэм ещхьми - къуэм дэвдзащ…
Щхьэхуит гъащIэр яхъумэфу
Вгъэса лIыфIхэм я хабзащ.

ПыIэ хужьу фи щыгу лъагэм
Зы лъэ фIей темыхьэфа,
Фи щхьи, фи лъи, фи бын паги
Зыми химыгъэщIэфа…

…Фэ фызиIэщ, къуршхэ, щапхъэу,
Фи хьэл куэдым сыдэплъейу,
Зыхэслъхьэну фи къабзагъэр,
Фи пагагъэр си дунейу.

Псом хуэмыдэу срогуфIэ:
Фэщхь пэжагъкIэ гъуэгу къэскIуам,
ЦIыху - сыдзыхэу е сеубзэу -
ЩIэзгъэщхъа щхьэр къэмыхъуа.

Къурш псынэхэр

Кавказ къуршхэ!
Фэ фи теплъэр
Тет зымыщIэ мы дунейм?
Фи инагъым,
Фи дахагъым
КъыIуплъэну псори хуейщ.

Ауэ ящIэркъым цIыху куэдым
Къызэрищыр фэ фи нэгу –
Мо фи куэщIым ису, хахуэу
Зэрыпсэур адыгэ лъэпкъ.

БлэкIа гъэхэм а лъэпкъ дахэм
Бий шынагъуэу къытеуам
Лъапсэрыхэ цIыхухэр ищIри
ЩIыр я нэпскIэ ишыуат!..

Абы щыгъуэ а цIыху хейхэм
Гузэвэгъуэу ятелъар
Хуэмышэчу и псэр гуIэу -
ЩIыбгъэр къуршу къэбэгащ!..

Мывэ хъуау кIуэдахэм ягухэр
А бгъэ кIуэцIым щызэтелъщ!
Къуршхэм уэру къежэх псыхэм
Ди лъэпкъ нэпси куэду хэлъщ…

Къуршхэм арщ щIапэмылъэщыр
Дапщэ бийуэ къахуэкIуам -
Адыгэлъ зыщIэт пелуанхэу
Зэбгъурыту зэгъэкIуау!..

Зэман

Зэманыр дакъикъэу мэлъалъэр,
Зэхитхъуэу, зэхипщэу цIыху псалъэр.
Зэманыр бэуэгъуэу мэлъатэр,
Ди тхыдэр, блэкIахэр къиIуатэу…

Зэманыр лъэщ дыдэу мэбакъуэр,
ЩIиуду и лъабжьэр ныкъуакъуэм.
Зэманым имыщIэ къэгъазэ,
ИмыщIэ ди махуэ, ди мазэ…

«КъэувыIэ», «Къызэжьэ» имыщIэ -
Пхихынущ и гъуэгур уи гущIэм.
Зэманым епхъэнкIыр цIыху нэдхэр,
Е зыщIэу мы щIышхуэм щыкуэдхэр!..

Зэманым ещI фае цIыхуфэр, -
Ехъуэжыр зэмыщхьу я плъыфэр.
Зэманым лъэмыкI зы щымыIэ,
Емыплъ ар уи гуфIэ, уи гуIэ.

ЦIыху гъащIэр трипхъэу тетщ щIышхуэм,
Зэманыр тпхырокI дэ фочышэу!..

Зэманым хуэзыщIыр зы унэ,
Езытыр фIы дыдэу Хэку быныр,
Езытыр мылIэжу зы усэ -
Къегъанэ зэманым и купсэу…

Зэманыр усакIуэм и набдзэщ -
И тхыбзэр пэжыгъэу зыгъабзэр…
Пэлъэщкъым зэманыр усакIуэм, -
Усэбзэу псэ дахэм и джакIуэм…

…Сышынэу зэманым семыплъу,
Сыпожьэ сэ фIыгъуэ сIэщIэлъу:
Си усэм ныIуещIэ и гъуэгур, -
Тетынщ ар пIалъэншэу мы щIыгум…

Адыгэм и гъащIэр

АдыгэлIым кавказыщIыр
Ирипагэу къекIуэкIащ.
А лъэпкъ уардэм, а лъэпкъ хахуэм
И фэм гугъуехь куэд дэкIащ.

И цIыхугъэм, и нэмысым
Ныбжьэгъу Iэджэ къыхуищIау,
Ядопсэу ар лъэпкъ зэмыщхьхэм,
ПIэщхьагъ и гур, щIыр хуищIау!..

Ди нэхъыжьи ди нэхъыщIи
Адэжь Хэкум хуэпэжау,
Зы хъужатэм ди лъэпкъышхуэр,
Насып ин къахуэкIуэжат!..

Си нэхум сыкъыдофэ

Си дахэу пщащэ гуакIуэр,
Си нэхуу си псэ закъуэр,
Къэсшащи фIыуэ слъагъур,
ТхуаIэтыр хьэгъуэлIыгъуэр.

Уей, фыджэгу, уитI, жи, Iэгу, -
Нэхъыжьхэр щефэкIэ,
НэхъыщIэр къофэхэр, уей.

Ныбжьэгъухэр Iэгум феуэ,
ДиIэжкъым дэ гукъеуэ,
Къыздэфэт уэ, си гуащэ,
Иджыри уэ упщащэщ.

Уей, доджэгу, уитI, жи, Iэгу, -
Гухэлъыр гуащIэмэ,
Утыкур мащIэкъэ, уей.

Си нэхум сыкъыдофэ,
НысащIэу къызогъафэ,
Ныжэбэ иужь дыдэу
Къэфэж, си дахэ, быдэу.

Уей, дуней, сэрщ узейр,
Уи нитI дахащэмкIэ
КъызэIущащэт, уей.

Гухэлъыр мафIэу маблэ, -
Ныбжьэгъухэм фи нэр вгъаплъи,
ЗевгъэщIыт джэгум кIащхъэ, -
КъытхуещI лэгъунэм нащхьэ.

Уей, дуней, уей, дуней,
Псэм хэлъыр гуащIэмэ,
Жэщ кIыхьри мащIэкъэ, уей.

Гъатхэ жэщхэм умыжей

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Гъатхэм щIылъэр щхъуантIэу зэлъыIуех.
Сэ уэр папщIэ си гур зэIузох,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Сэ уи закъуэщ зыхуэсIуатэр щэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Вагъуэхэм къолъэIуу нащхьэ къащI,
Укъэсшэну мурад сэ пхузощI,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Хъыджэбз нагъуэ дахэу си Iэхулъэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Гъатхэ пшапэр мащIэу зэхэуам,
ЦIыху насыпыр къыхыхьам хьэуам,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Сэ абдеж уэ уи гум сумыгъэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Бжэр къыIухи щэхуурэ къыщIэкI,
Уи хъыджэбз насыпыр блумыгъэкI.
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Сэ сыппоплъэр, си тхьэрыкъуэ пщэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Гъатхэм щIылъэр удзкIэ зэлъыIуех,
Ягъэ кIынкъым, нобэ сызэхэх,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху.

Дыгъэ бзийр си пшынэ Iэпэу…

Дыгъэ бзийр си пшынэ Iэпэу
Мы лIэщIыгъуэм сэ сыкъыхалъхуащ.
Гъатхэ дахэу гъащIэм иIэм
Япэ пцIащхъуэу абгъуэм силъэтащ.
Гугъэр, фIыгъуэр, насып IэплIэр
Си щIыб илъу цIыхухэм къахуэсхьащ.
Удз гъэгъам мэ IэфI япылъыр,
Жыг гъэгъахэр цIыхухэм сэ естащ.
Къыздэсхьащ нэхущ дыгъэпсыр,
Бзухэм уэрэд дахэу ягъэIуар,
Уэшхыпс хуабэу щIыр щIэхъуапсэр,
Лэгъупыкъур фэ куэду зэриIар.
Къыздэсхьащ мы щIы къэкъуалъэм
Псалъэ ткIийуэ ар зэрагъэупщIыIу;
Бгырыс пщащэу щытар лъахъшэу
СщIыщ щхьэхуити къуршхэм схьащ и щыгу.
Лъагъуныгъэм епщIыхь мыхъумэ
ЗыхащIэну псэкIэ хуимытам
ЕзгъэщIащ сэ абы хэлъ IэфIыгъэр,
Гухэлъ гуапэм хуиту зыратащ…
Нэмыс дахэр цIыхухэм зэхуаIэфу,
ГущIэ псомкIи ялъагъуу я Хэку,
Я ныбжьэгъухэм хуэгуфIэу я нэгу, -
Дыгъэ бзийкIэ цIыху гъуэгухэр згъэнэхуу,
Дыгъэ нурыр зыIурих Хэку дахэу
Мы лIэщIыгъуэм сэ сыкъыхыхьащ.

КъоӀукӀ си гущӀэм зы макъ гуэр

КъоӀукӀ си гущӀэм зы макъ гуэр,
Зыхуейр сымыщӀэу мэуз гур.
СыныщӀэдэӀумэ, сэ а макъым,
ЩеубыдыкӀ мы си тэмакъыр.
ЗыгъэпӀейтейри ар зы упщӀэщ –
«Дэнэ здэщыӀэр? - ар мэупщӀэр
- ЦӀыхугъэр, хабзэр, нэмыс лъагэр?
Нэхъ кӀэщӀу жыпӀэм - адыгагъэр?».
Жэуап естынур къысхуэмыщIэ,
Псэлъамэ - псори цӀыхуфӀ защӀэщ.
УакӀэлъыплъамэ - мылъку, былым
ЗимыӀэр хэти... и хьэрэмщ.
Уеблэм, кӀуэтэху «гуэныхьщ», «псэкӀуэдщ»
ЖыхуаӀэ псалъэхэр мэкӀуэд.
А псор хэхауэ я бзэ дыдэр
Зэзмыпэсыжхэри куэд дыдэщ.
АбыкӀэ къуаншэр дэ тщӀэ пэт
ДызоупщIыжыр: «Къуаншэр хэт?».
КъоӀукӀ си гущӀэм зы макъ гуэр –
Зыхуейр сымыщIэу мэуз гур.
Уей, дуней, уей, дуней,
Псэм хэлъыр гуащIэмэ,
Жэщ кIыхьри мащIэкъэ, уей.

Гъатхэ жэщхэм умыжей

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Гъатхэм щIылъэр щхъуантIэу зэлъыIуех.
Сэ уэр папщIэ си гур зэIузох,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Сэ уи закъуэщ зыхуэсIуатэр щэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Вагъуэхэм къолъэIуу нащхьэ къащI,
Укъэсшэну мурад сэ пхузощI,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Хъыджэбз нагъуэ дахэу си Iэхулъэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Гъатхэ пшапэр мащIэу зэхэуам,
ЦIыху насыпыр къыхыхьам хьэуам,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Сэ абдеж уэ уи гум сумыгъэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Бжэр къыIухи щэхуурэ къыщIэкI,
Уи хъыджэбз насыпыр блумыгъэкI.
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Сэ сыппоплъэр, си тхьэрыкъуэ пщэху.

Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху,
Гъатхэм щIылъэр удзкIэ зэлъыIуех,
Ягъэ кIынкъым, нобэ сызэхэх,
Дунейм теткъым абы ищхьэ Iуэху,
Гъатхэ жэщхэм умыжей, си нэху.

Дыгъэ бзийр
си пшынэ Iэпэу…

Дыгъэ бзийр си пшынэ Iэпэу
Мы лIэщIыгъуэм сэ сыкъыхалъхуащ.
Гъатхэ дахэу гъащIэм иIэм
Япэ пцIащхъуэу абгъуэм силъэтащ.
Гугъэр, фIыгъуэр, насып IэплIэр
Си щIыб илъу цIыхухэм къахуэсхьащ.
Удз гъэгъам мэ IэфI япылъыр,
Жыг гъэгъахэр цIыхухэм сэ естащ.
Къыздэсхьащ нэхущ дыгъэпсыр,
Бзухэм уэрэд дахэу ягъэIуар,
Уэшхыпс хуабэу щIыр щIэхъуапсэр,
Лэгъупыкъур фэ куэду зэриIар.
Къыздэсхьащ мы щIы къэкъуалъэм
Псалъэ ткIийуэ ар зэрагъэупщIыIу;
Бгырыс пщащэу щытар лъахъшэу
СщIыщ щхьэхуити къуршхэм схьащ и щыгу.
Лъагъуныгъэм епщIыхь мыхъумэ,
ЗыхащIэну псэкIэ хуимытам
ЕзгъэщIащ сэ абы хэлъ IэфIыгъэр,
Гухэлъ гуапэм хуиту зыратащ…
Нэмыс дахэр цIыхухэм зэхуаIэфу,
ГущIэ псомкIи ялъагъуу я Хэку,
Я ныбжьэгъухэм хуэгуфIэу я нэгу, -
Дыгъэ бзийкIэ цIыху гъуэгухэр згъэнэхуу,
Дыгъэ нурыр зыIурих Хэку дахэу
Мы лIэщIыгъуэм сэ сыкъыхыхьащ.

КъоIукI  си гущIэм
зы макъ гуэр

КъоIукI  си гущIэм зы макъ гуэр,
Зыхуейр сымыщIэу мэуз гур.
СыныщIэдэIумэ, сэ а макъым,
ЩеубыдыкI мы си тэмакъыр.
ЗыгъэпIейтейри ар зы упщIэщ -
«Дэнэ здэщыIэр? - ар мэупщIэр
- ЦIыхугъэр, хабзэр, нэмыс лъагэр?
Нэхъ кIэщIу жыпIэм - адыгагъэр?».
Жэуап естынур къысхуэмыщIэ,
Псэлъамэ - псори цIыхуфI защIэщ.
УакIэлъыплъамэ - мылъку, былым
ЗимыIэр хэти... и хьэрэмщ.
Уеблэм, кIуэтэху «гуэныхьщ», «псэкIуэдщ»
ЖыхуаIэ псалъэхэр мэкIуэд.
А псор хэхауэ я бзэ дыдэр
Зэзмыпэсыжхэри куэд дыдэщ.
АбыкIэ къуаншэр дэ тщIэ пэт
ДызоупщIыжыр: «Къуаншэр хэт?».
КъоIукI си гущIэм зы макъ гуэр –
Зыхуейр сымыщIэу мэуз гур.

 

 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: