Нобэ

♦Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ
♦Бразилием щагъэлъапIэ сэлэтым и махуэр
♦Китайм щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр
♦1609 гъэм
Италием щыщ физик, астроном Галилей Галилео цIыхухэм яригъэлъэгъуащ и IэмэпсымэщIэр – телескопыр.
♦1919 гъэм дунейм щыяпэу Лондон – Париж гъуэгуанэм кхъухьлъатэхэр трагъэуващ икIи пIалъэ пыухыкIам тету рейсхэр ягъэзащIэу щIадзащ.
♦1944 гъэм Берлин и Плётцензее гъэрэщым щаукIащ фашизмэм и бий гупым щыщхэр. Абыхэм яхэтащ тэтэр усакIуэ, иужькIэ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр зыфIащыжа Джалиль Муса.
♦1944 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1949 гъэм Москва къыщызэIуахащ мамырыгъэм и телъхьэхэм я япэ Союзпсо конференцыр
♦1960 гъэм Италием и къалащхьэ Рим къыщызэIуахащ ХVII гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр фокIадэм и 11 пщIондэ екIуэкIащ.
♦1973 гъэм томограф Iэмэпсымэр япэу къагъэсэбэпащ.
♦1990 гъэм Абхъазым и Совет Нэхъыщхьэм хэIущIыIу ищIащ я щIыналъэр Куржым и унафэм зэрыщIэмытыжыр.
♦1991 гъэм Белоруссиер къэрал щхьэхуэ зэрыхъуам теухуа унафэ къащтащ.
♦1997 гъэм УФ-м и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ «Культура» урысейпсо къэрал телеканалыр къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. 
♦1530 гъэм къалъхуащ Рюриковичхэ ящыщ япэ урыс пащтыхь, адыгэ малъхъэ Иван IV Грозный.
♦1930 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр, актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Данелие Георгий.
♦1930 гъэм къалъхуащ Инджылыз, америкэ киноактёр, продюсер, «Оскар» саугъэтыр зыхуагъэфэща Коннери Шон.
♦1942 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Тереховэ Маргаритэ.
♦1944 гъэм къалъхуащ кинорежиссёр, сценарийхэр зытх, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Соловьёв Сергей.
♦1952 гъэм къалъхуащ футболист, гъэсакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер, «Рубин» командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта Бердыев Курбан.
♦1960 гъэм къалъхуащ нейрохирург, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Семэн Жаннэ.
♦1966 гъэм къалъхуащ публицист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и унафэщI Къэзанш Людмилэ.
♦1970 гъэм къалъхуащ нэмыцэ модель, актрисэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Шиффер Клаудие.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 16 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Анэ иIэмэ, сабийр ибэкъым.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ