Паралимп джэгухэр Токио къыщызэIуах

Японием и къалащхьэм Iэтауэ къыщызэIуахащ зи чэзу Паралимп джэгухэр. Абы еплъыну цIыхухэр стадионым ирагъэхьакъым коронавирус уз зэрыцIалэм зыщахумэн папщIэ. Апхуэдэу екIуэкIынущ зэхьэзэхуэхэри.
Олимпиадэ нэхъыщхьэр зэфIэкIри мазэ ныкъуэ дэкIа иужькIэ, Паралимп джэгухэри зэхаублэ хабзэщ. Зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэхэр щызэпоуэ иджыблагъэ дунейм и спортсмен нэхъыфI дыдэхэр щызэхьэзэхуа утыкухэм икIи хуагъэфащэ дамыгъэхэри саугъэтхэри адрейхэм къащхьэщыкIыркъым.
Урысей Федерацэм икIахэр Паралимпиадэр къыщызэIуахым къихьащ «Агитос» паралимп дамыгъэр зытет ныпым щIэту. Дыдейхэр мыпхуэдэ зэпеуэхэм илъэсибгъукIэ пэплъэн хуей хъуащ, 20I6 гъэм Рио-де-Жанейрэ щыIам допинг Iуэхухэм я зэранкIэ зэрамыгъэкIуам къыхэкIыу.
… Зи нэхэм имылъагъу уэрэджыIакIуэм лъэпкъ гимныр егъэзащIэ. АдэкIэ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Японием и щIыхьыр Паралимп джэгухэм щызыIэта спортсменхэм я Хэкум и бэракъыр кърахьэри, яIэт. Нэхъапэм щыIа мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэри къызэрызэIуахым ар къыщхьэщыкIакъым. ЗэщхьэщыкIыныгъэр абыхэм еплъыну зы цIыхуи стадионым зэрырамыгъэхьарат. Дуней псор зыгъэгулэз пандемием и Iэ щIыIэр а Iуэхугъуэ дахэми хэIэбащ. Апхуэдэу щыт пэтми, нэхъыщхьэр японхэм къайхъулIащ – Олимп джэгухэр ехъулIэныгъэкIэ ирагъэкIуэкIауэ иджы Паралимпиадэм яужь йохьэ.
Дауэдапщэ удэзыхьэххэм къакIэлъыкIуэу спортсменхэр утыку къохьэ, щхьэж къыздикIа къэралым и ныпым и лъабжьэм щIэту. Ахэр гуп къыхэха I50-рэ хъун хуеящ, арщхьэкIэ коронавирусым щышынэри, къэрал 20-м я лIыкIуэхэр Токио ягъэкIуакъым.
Урысей Федерацэм и Паралимп комитетым и бэракъыр кърехьэ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я деж къыщызэдэжэнымкIэ пщIэнейрэ дунейпсо чемпион Вдовин Андрей. Ар абы и япэ Паралимпиадэщ. Ди гупым хэтщ паралимп чемпион нэхъапэм хъуахэу цIыху пщыкIуз. Урысейм икIа спортсмен 242-р зэхьэзэхуэхэм хэтынущ лIэужьыгъуэ I9-кIэ.
Токио къыщызэIуаха Паралимп джэгухэм медаль комплект 539-рэ щагъэджэгунущ. Спорт лIэужьыгъуэхэр 22-рэ мэхъу. Нобэ щыщIэдзауэ абыхэм ерыщу иризэныкъуэкъунущ.
Мазэ ипэкIэ щIэзыдза Олимп джэгухэми хуэдэу, мыбыи ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыщыщ къэралыр къагъэлъэгъуну, и ныпымрэ гимнымрэ къагъэсэбэпыну хуиткъым. Абы щхьэкIэ къэмынэу хэти ещIэ ахэр дэнэ къикIами, хэт и щIыхьыр яхъумэми. Дэри дрипIейтейуэ ди паралимийцхэм дадэщIынущ икIи я ехъулIэныгъэхэм дригуфIэнущ.
 

 

 

 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: