Мэрем пшыхь

Псалъэ шэрыуэхэр
Уэ укъалэмэ, сэ сытопщ

♦ИтI изыфынум из ифыкIэ ищIэркъым.
Хьэрычэтыншэм, жэрдэмыншэм щхьэкIэ жаIэ.

*   *   *
♦Джэду и къуэ дзыгъуащэщ.
Адэм и хьэл къуэм къыхохуэ, уеблэмэ ар абы ещхь щыхъужыпи щыIэщ.
*   *   *
♦ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыжыркъым.
УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ пхузэфIэкIыжынкъым.
*   *   *
♦Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж.
Мыхьэнэ иIэкъым, сэбэпи пылъкъым блэкIа, зэфIэкIа гуэрым, зи чэзур икIам укIэлъыIэбэжкIэ, укIэлъыпхъэрыжкIэ.
*   *   *
♦Уэ укъалэмэ, сэ сытопщ.
КъыпэщIэтым худичыхыну хуейкъым – зэ­ре­фIэкIыр и тегъэщIапIэщ. Хьэл, Iуэху еплъыкIэ, н.къ. екIурабгъуншэ зэжьэхэуэныгъэ, зэны­къуэкъу сытхэм ятеухуащ.
*   *   *
♦ЗыхуэмышыIэ пщтырафэщ.
Зыгуэрым ежьэн, пэплъэн щхьэкIэ шыIэныгъэр зыхуримыкъу хабзэ цIыхум теухуащ.
*   *   *
♦Зи цIэ ираIуэ бжэщхьэIу тесщ.
И гугъу щащI, е ягу къыщыкI, щегупсыс дыдэм ирихьэлIэу къыкъуокI.

Щауэ Къэлидар.

ГушыIэхэр

Бжыгъэр - хьэрфкIэ

Банкым ахъшэ къыхихыну кIуа хъыджэбзым абы и лэжьакIуэм къыжреIэ:
- Къыхэпхыну ахъшэр мыбдежым псалъэкIэ итхэ.
- Ар дауэ?
- Хьэрфхэр къэбгъэсэбэпурэ, зиунагъуэрэ.
- Сыту угъэщIэгъуэн! Дауэ сэ бжыгъэр хьэрфкIэ зэрыстхынур?
Пощтыр лажьэркъым
Зэгъунэгъу фызыжьитI зопсалъэ:
- Ди пощтыр щIагъуэу зэрымылажьэр пщIэрэ?
- Сыт щхьэкIэ, сыт дэбгъуар?
- Уи фIэщ зэрыхъун, мы письмор зэрыстхрэ махуипщI мэхъури, иджыри къэс си сумкэм дэлъщ.

ЗэвгъэцIыху

Нэмыцэ усакIуэ

Нэмыцэ усакIуэ, драматург, прозаик, философ, щIэныгъэлI Гёте Иоганн Вольфганг Германием щыIэ Франкфурт Iус Майне къалэм 1749 гъэм шыщхьэIум и 28-м къыщалъхуащ. И адэ Гёте Иоганн Каспар адвокату щытащ, и анэ Катаринэ Элизабет къалэ старшинам ипхъут.
Гёте и адэр цIыху ткIийт, зэпIэзэрытт, пэжагъ зыхэлът. ЩIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэмкIэ, гулъытэшхуэ зэрыхэлъымкIэ, зэрыкъабзэлъабзэмкIэ и адэм ещхь хъужауэ къалъытэрт Гёте. И анэращ зи фIыгъэр щIалэр хуабагърэ гумащIагърэ хуэмыныкъуэу къызэрыхъуар.
Гёте и унагъуэр зыхуей хуэзэу псэурт, библиотекэшхуи яIэт. Абы и фIыгъэкIэ, пасэ дыдэу щIиджыкIащ «Илиада»-р, Овидий, Вергилий, нэгъуэщI усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Унэм кърагъэблэгъа егъэджакIуэм иригъащIэхэм нэмыщI, езыр-езыру куэдым хуеджащ, апхуэдэуи нэмыцэбзэм къыдэкIуэу франджыбзэ, латиныбзэ, алыджыбзэ, итальяныбзэ зригъэщIащ. КъищынэмыщIауэ, Гёте хуэIэзэу щытащ къэфэным, шы тесыным, фехтованием.
Лейпциг университетым щеджащ, 1770 гъэм Страсбург университетыр къиухащ, аращ правэмкIэ и доктор диссертацэр щыпхигъэкIари.
 Юриспруденцэм мащIэт Гёте зэрыдихьэхыр. Лейпциг кIуа нэужь, абы фIыуэ елъагъу Шойнкопф Кэтхен икIи рококо жанрым иту усэ дыхьэшхэн цIыкIухэр хуитхыу щIедзэ. Усэм дихьэха нэужь, нэгъуэщI жанрхэми зрепщыт икIи тхыгъэ купщIафIэхэр и Iэдакъэ къыщIокI. Щэнхабзэм и тхыдэр зыдж нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Гердер Готфир Иоганн хуэза нэужь, Гёте и лэжьыгъэм и къэухьым хуабжьу зехъуэж. Страсбург щыдэса лъэхъэнэм тхакIуэ ныбжьыщIэхэм, иужькIэ дуней псом зи цIэр щыIуахэм, гъусэ яхуохъу, нэхъри зеужь. Ауэ и адэм фIэлIыкIырти, юрист IэщIагъэр Iэпэдэгъэлэл ищIакъым, литературэ лэжьыгъэм зыкIи зэран хуэмыхъуу зыкъомрэ къекIуэкIащ.
Урысейм Гёте къыщацIыхуар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэуххэрщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр япэу урысыбзэкIэ щызэрадзэкIар 1781 гъэрщ. ТхакIуэм и тхыгъэхэм япэу щытхъуащ Радищев Александр, Новиков Николай сымэ. Пушкин и лъэхъэнэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ нэмыцэ тхакIуэм икIи и IэдакъэщIэкIхэу «Фауст», «Вильгельм Мейстер» жыхуиIэхэр зэIэпахыу щIаджыкIырт.
Гёте Иоганн Вольфганг 1832 гъэм дунейм ехыжащ и ныбжьыр илъэс 82-м иту.

Шыпш Даянэ.

Интернетым дыкъыщоджэ

Мывэхэр

ЛIы гуэрым бэзэрым къыщищэхуат хадэхэкI. Унэм къэкIуэжа нэужь еплъмэ - хадэхэкIым и пIэкIэ, мывэ къыхуракIутауэ арат и хъуржыным. ЛIым бэзэрым игъэзэжакъым, мывэр къезыщахэри къайгъэ хидзакъым. Ар иригубжьакъым къращIам…
Илъэс 40 дэкIауэ абы и бжэм зыгуэр къытеуIащ. Iуихмэ – бжэ лъэмбым итщ балэбанэу хуэпа лIитI.
- ДыкъэпцIыхужрэ? Дэрат илъэс зыкъом ипэ бэзэрым укъыщызыгъэпцIауэ щытар, - жаIэ тIуми, - къытхуэбгъэгъуну дынолъэIуну укъэдгъуэтауэ аращ.
- СощIэж а махуэр. Ауэ сыфхуэгубжьыркъым. КъызэфщIар фхуэзгъэгъуащ, мывэхэри хыфIэздзащ.
- А уэ хыфIэбдза мывэхэр илъэс 40 хъуауэ ди гум хьэлъэу телъщ, - къыпадзыжащ адрейхэм.

Жэуап

ЗэныбжьэгъуитI зыгуэр щхьэкIэ зэныкъуэкъуурэ зэфIэнати, зыр адрейм и напэм еуащ. Адрейм зы псалъи жиIакъым, атIэ кIуэри пшахъуэм тритхащ: «Нобэ си ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэр къызэуащ» жиIэу. Я гъуэгум пащэри, гуэл ирихьэлIахэти, загъэпскIыну къэувыIащ. Ныбжьэгъур зэуа щIалэр итхьэлэ пэтрэ, мыдрейм къыхилъэфыжри къригъэлащ. ЗыкъищIэжа нэужь абы мывэм хьэрфхэр къыхиIущIыкIащ: «Нобэ си ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэм сыкъригъэлащ» псалъэхэр.
- Уи жагъуэ щысщIам щыгъуэ пшахъуэм тептхащ уи гукъеуэр, иджы мывэм щхьэ ущытхэрэ? - щIэупщIащ ныбжьэгъур.
- ФIыуэ тлъагъухэм ди жагъуэ къыщащIам деж гукъеуэр къэтпсэлъ нэхърэ пшахъуэм теттхэмэ нэхъыфIщ, жьы къепщэмэ ипхъэнкIыжын хуэдэу. Ди гуапэ къащIакъэ - зы жьыбгъи пэмылъэщын хуэдэу ар мывэм теттхэмэ нэхъыфIщ. ФIыр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым, - къитащ жэуап адрейм.

ЗэзыдзэкIар НафIэдз Заремэщ.

Ар пэжщ

Мывэ лъапIэм и хъыбар

Зы хьэрычэтыщIэ гуэрым Африкэ Ипщэм налмэс  (алмаз) къыщищэхуащ, джэдыкIэ кугъуэ хуэдиз хъууэ. Ар унэм нэсыжу зэпиплъыхьа нэужь, и кур къызэрычам гу лъитэри хуабжьу и жагъуэ хъуащ. ДыщэкIым деж ихьащ мывэм ещIэн хуеймкIэ ечэнджэщыну е хуелэжьыжыну елъэIуну. IэщIагъэлIыр мывэм еплъри, и щхьэр игъэкIэрэхъуащ:
- Мы мывэр IыхьитIу зэгуэбуду, налмэс тыкъырыфI къыхэпщIыкI хъунущ, ауэ зэ еIусэгъуэм мывэр игъэщащэу, уасэ зимыIэ Iыхьэ цIыкIу-цIыкIуу зэбгрыщэщынри хэлъщ. Сэ абы сытегушхуэфынукъыми, уи мывэ чар къэщтэжи нэхъыфIщ.
ХьэрычэтыщIэр Iуэху иIэу здэлъатэ къэрал куэдым дыщэкI Iэзэхэр къыщилъыхъуащ, и налмэс къэчар налкъутналмэс тыкъыритI иригъэщIыну и мураду.
Зыгуэрым абы къыжриIащ Амстердам дыщэкI лIыжь Iэзэ дыдэ щыпсэууэ. ХьэрычэтыщIэр Амстердам кIуащ, лIыжьри къигъуэтащ. ДыщэкIыр мывэ лъапIэм еплъын зэрыщIидзэу, къыщыщIынкIэ хъуну адрейхэм къыжраIар къригъэжьащ. ЩIалэм лIыжьым и псалъэхэр зэпиудри, а хъыбарым зэрыщыгъуазэр, куэдым къызэрыжраIар, езым и деж къызэраунэтIар жриIащ.
Абы щыгъуэм лIыжьым лэжьыгъэм техуэну пщIэр къыжриIащ. ЩIалэр арэзы щыхъум, лIыжьыр, аддэ къуэгъэнапIэм къуэс, махуэ зыбжанэ фIэкIа мылэжьа щIалэщIэр къриджэри, мывэр тIууэ зэгуиудыну елъэIуащ. ЩIалэщIэм мывэр и Iэгум ирилъхьэщ, уадэ цIыкIукIэ еуэри тIууэ зэгуигъэхуащ. ХьэрычэтыщIэм ищIэнури жиIэнури хузэхэмыхыжу здэщытым щIэупщIащ:
- Куэд щIа мыр уи деж зэрыщылажьэрэ?
- Махуищ, - итащ жэуап лIыжьым.
- Къэрал куэдым щылажьэ дыщэкIым яхузэфIэмыкIар щIалэщIэм дауэ зэрищIар?
- Абы ищIэртэкъым мы мывэм и лъапIагъри, и Iэр мыкIэзызу еуэри, икъутащ.

КIэщу икIи пэжу

Илъэс 23-кIэ мэжей

♦Зэ нэхъ мыхъуми уэшх къыщемышха щIыпIэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ Чилим щыIэ Атакамэ къумыр.
♦Илъэс 75-м зи ныбжьыр нэса цIыхур и гъащIэм щыщу илъэс 23-кIэ жеящ.
♦Дунейм цIыхуу тетым хуэдиз джэди ягъэхъуу къахутащ.
♦Колибри къуалэбзу лIэужьыгъуэм и хьэлъагъыр зы гъущI сом хуэдиз хъууэ аращ.
♦Джейхэр илъэси 100-м нэс мэпсэу.
♦Кенгурур щIыбагъкIэ икIуэтыжыфыркъым.
♦КъызэрахутамкIэ, аргъуейхэм нэхъыфIу ялъагъур щхъуэ плъыфэращ.

Дохъушокъуэ Синэ.

Апхуэди къохъу

ФIы пщIам къегъэзэж

Шотланд фермер гуэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм шэд щыкуэд щIыпIэ блэкIырт. Абы хэту лIым кIий макъ зэхех. Зигъазэрэ плъэмэ, щIалэ цIыкIу шэдым хэхуауэ щIелъафэ. Сабийр къызэрыхэпщыжын Iэмал къилъыхъуэрт, ауэ зыщIэзышэ ятIагъуэм ауи пэлъэщыртэкъым. Ар и макъ къызэрихькIэ мэкIий, гужьеигъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ хэхуауэ.
Фермерым жыг къудамэшхуэ псынщIэу къыпеупщIри, абы хуеший, икIи ныбжьыщIэр тафэ гъущэм къытрелъэфэж. ЩIалэ цIыкIум, кIэзызу зыкъомрэ щыса нэужь, къызэрырагъэлам и гур къызэрегъэгъуэтыж.
- НакIуэ ди деж, - жеIэ фермерым. – Уэ зыбгъэгъущыжын, зыбгъэпсэхужын хуейщ.
- Хьэуэ-хьэуэ, - игъэкIэрэхъуащ щIалэ цIыкIум и щхьэр, - си адэр къызожьэ. Ар пIейтейуэ щыс къыщIэкIынщ, иджыри къэс сызэрымыкIуэжам щхьэкIэ.
Къезыгъэла лIым и нэм гуапэу щIоплъэри, щIалэ цIыкIур щIопхъуэж…
Пщэдджыжьым, фермерыр щхьэгъубжэм къыщыдэплъым, шыгу зэщIэщIа гъэщIэрэщIар и куэбжэпэм къызэрыIухьар елъагъу, абы зы цIыхухъу хуэкъулейуэ хуэпауэ къоувыкI.
- Уэра дыгъуасэ си къуэр къезыгъэлар? – щIоупщIэ хьэщIэр.
- Сэращ, - жеIэ бысымым.
- Дапщэ-тIэ уэстыжын хуейр?
- Си жагъуэ къуумыщI, ныбжьэгъу. Сэ ямылей лъэпкъ сщIакъым, дэтхэнэ зы цIыхуми ищIэнут ар, а дакъикъэм абдеж къыщыхутамэ.
- Хьэуэ, ар апхуэдэу къысхуэгъэнэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си къуэр си дежкIэ лъапIэщ. Ахъшэ дапщэ ухуейми уэстынущ, - трегъэчыныхь лIым.
- А Iуэхум афIэкIа сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым. Узыншэу ущыт! - фермерыр дыхьэжыну зыщигъэкIэрахъуэм, и къуэ цIыкIур къыдэжащ.
- Мыр уи къуэ?
- НтIэ, - итащ жэуап фермерым.
- Абы щыгъуэм мыпхуэдэу дыгъэщI! Сэ уи къуэр си гъусэу Лондон здэсшэнщи, и пщIэр есту езгъэджэнщ. И адэм ещхьу цIыху зэпIэзэрыту къыщIэкIмэ, уэри сэри тщIахэм дыхущIегъуэжынкъым.
Зэман докI. Фермерым и къуэм школыр къеух, иужькIэ медицинэмкIэ институтым щоджэ. Куэд дэмыкIыу абы и цIэр дуней псом къыщацIыху, пенициллин хущхъуэр зэхелъхьэри. Ар Флеминг Александрт.
Зауэм щIидзэн ипэ къихуэу Лондон дэт сымаджэщ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым щIохуэ а лIы къулейм и къуэр и тхьэмбылхэм щIыIэ хыхьарэ хьэлъэ дыдэу. Абы щыгъуэми ар ажылым къезыгъэлар Флеминг Александр зэхилъхьа пенициллинырщ.
Флеминг щIэныгъэ зригъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуа лIыр хэт жыфIэмэ, Черчилль Рандольфщ. Абы и къуэм зэреджэр Черчилль Уинстонщ. ИужькIэ ар Инджылызым и премьер-министр мэхъу. Уинстон жиIауэ щытащ: «Зэгуэр фIы пщIамэ, Iэмал имыIэу уи деж къигъэзэжынущ».

Къэбарт Мирэ.

Фэ фщIэрэ?

Къуалэбзухэм я цIэхэр

Авдотка - джэдкусэ, мэкъупIэджэд.
Баклан - хыбабыщ, хыпсыджэд.
Барсучок - бгъэнбзу.
Дрозд - бзугъуабжэ.
Гайчка - цIыжьдадэщхьэфIыцIэ.
Белобровик - бзуущхъуэнабдзэху.
Жаворонок малый - уэгунэбзу.
Зарянка - бгъэмопэ, бгъэморэ, пшэплъхуэусэ.
Зарянка кавказская - пшэплъхуэусэ.
Гайчка черноголовая кабардинская - къэбэрдей къуршцIыжьдадэ.
Дрозд белозобый - бзуупцIэбгъэгуху.
Бекас - сыр-сыр, бзупэкIыхь, удыдж.
Аист белый - псыхэуэщIыбыпцIэ.
Жаворонок полевой - мэлыхъуэбзу, вэгъэбзу.
Аист черный – къырпсыхэуэ.
Галка - къуалэ, тщыды, шакъэ.
Зеленушка – бзуудзыфэ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ