Джаур

Инджылыз усакIуэшхуэр адыгэ пщащэм тотхыхь

Илъэси 197-рэ хъуащ Байрон Джордж дунейм зэрехыжрэ. Ауэ усакIуэшхуэм къыщIэна тхыгъэхэр нобэр къыздэсым щIэблэхэм зэIэпахыу ядж, сыту жыпIэмэ тхакIуэ уахътыншэм и IэдакъэщIэкIхэр зи щIэщыгъуагъэр имыкIщи. Байрон и усыгъэр романтизмэм и лъэхъэнэм быдэу пыщIащ. А зэманым зэ-рыпхъуакIуэхэм  Алыджымрэ Италиемрэ къыIэщIагъэкIыжын папщIэ ирагъэкIуэкIа зэщIэхъееныгъэм инджылыз усакIуэри хэтащ. Абы зэкIэлъхьэужьу итхащ драмэ поэмэ зыбжанэ: «Джаур» (1813), «Абидос нысащIэ» (1823), «Корсар» (1814), «Ларэ» (1814). А тхыгъэхэращ цIыхухэм я гум дыхьэ романтикэ лIыхъужьым и образыр щызэфIэувар. ЛIыхъужьым и хьэл-щэныфIхэр усакIуэм зэрыдигъэлъагъур зытепсэлъыхьым щытхъупсыр къригъэжэхыурэкъым, атIэ и IуэхущIафэхэмкIэщ. Абы нэхъ и щыхьэт наIуэхэм ящыщщ «Джаур» поэмэр. ЗэрыпхъуакIуэхэм я залымыгъэмрэ щхьэзыфIэфIыныгъэмрэ къагъэубэлэц щIыналъэ дахащэм (Алыджым) щызэрахьэ щIэпхъаджагъэхэр дэзыгъэлъагъу сатырхэмкIэ къыщIедзэ тхыгъэм.
Къурш ауз щIэращIэхэм щыпсэу цIыху мамырхэр  игъащтэу ныбжь шынагъуэ щIэплъыпIэм къыщолъагъуэ. Ар зэрыпхъуакIуэ гъэпщылIакIуэхэми ягъэпщылIхэми я дежкIэ хамэщ. УсакIуэм абы фIища Джаурым хьэрыпыбзэкIэ къикIыр Алыхьыр зи фIэщ мыхъу жиIэу аращ. Апхуэдабзэуи псалъэм хъунщIакIуэ, дин тэмэм имыт, лIыукI мыхьэнэхэри кърагъэкI хъуащ.
«Джаурым» и лIыхъужьыр жылагъуэм щызекIуэ зэхуэмыгъэдэныгъэхэм, залымыгъэм, цIыхур гъэпудыным я бийуэ къоув. Ар хущIокъу зи цIыхугъэмрэ нэмысымрэ хаутам илъ ищIэжыну. ЦIыхум и фейдэ зыхэлъынкIэ хъуну Iуэху мыхьэнэншэхэр къэлъыхъуэныр аракъым япэ игъэщыпхъэр, атIэ псэм и къабзагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ хъумэнырщ. «Джаурым» щекIуэкI Iуэхугъуэхэр къыщыхъуу усакIуэм дигъэлъагъур Алыджым и лъахэ зэхакъутарщ, ауэ Кавказым щекIуэкIа лъапсэрых зауэхэри гум къимыгъэкIыжу къанэркъым икIи, шэчыншэу, ар усакIуэм ирехьэлIэ шэрджэсхэр зыхэта бэлыхьхэми.
Байрон дегъэлъагъу чристэным IэщIэкIуэда тырку Хьэсэн и чэщанэ уардэу зэгуэр гъащIэр къыщикъуэлъыкIыу щытам игъуэта теплъэр. Чэщанэм и хэгъэрейр зэраукIрэ мыбы дэрэжэгъуэри Iэуэлъауэри дэкIуэдыкIри псори зэщIэщымащ.
ГъэщIэгъуэнщ и блыгущIэтхэр зи гъусэ тырку къулейм кхъуафэжьейзехуэр пщIэкIэ къыщищтэ теплъэгъуэр. Тыркум кхъуафэжьейзехуэм унафэ хуещI илъыр зищIысыр зэкIэ мыгурыIуэгъуэ къэп хьэлъэр тенджызым тришэу псым хидзэну. Къэпым илъыр шэрджэс пщащэ тхьэIухуд Лейлэт, ауэ усакIуэм зэкIэ къытхуиIуатэркъым пщащэр хэтми тезыр щIытралъхьа гуэныхьыр зищIысри.
ФIыщэу илъэгъуа щхьэгъусэм хуиIа лъагъуныгъэмрэ абы трилъхьа тезыр егъэлеямрэ зи гум изымыгъэхужыф Хьэсэн гъащIэм хилъэгъуэжыр и гужьгъэжьыр и бий кIэруфIыцI Джаурым тригъэпщэхэнырщ. Зэгуэрым чэруаным щIыгъуу ар бгы щхьэдэхыпIэм зэпрыкIа къудейуэ, гъэпщкIуауэ мэз гъуейм къащыпэтIыса хъунщIакIуэхэм яIуоуэ икIи я Iэтащхьэр зи щхьэ къилъыхъуэ джаурыр зэрыарар къыщилъагъум, тIуми лIэн-къэнэну зызэрадз. Джаурым Хьэсэныр еукI, ауэ зэгъапIэ зымыгъуэтыж псэр фIыуэ илъэгъуам хуэзэшрэ закъуэныгъэм ­игъэхыщIэу дунейм къытонэж.
 Лъэпкъи къупщхьи зимыIэ жыхуаIэм хуэдэр чристэнхэми къамыдэжрэ блэкIа зэманым хуэзэш зэпыту, езым и хамэ муслъымэн лъахэм къинащ. ЦIыхухэм къадекIуэкI нэщэнэхэм тепщIыхьмэ, абы и псэр лъыиф хъуарэ хьэдэджадэу, насыпыншагъэ цIыхухэм къахуихьу щIэблэхэм ядекIуэкIынущ. ЛIыгъэ хэлъу зауэм хэкIуэда Хьэсэн Алыхьым и нэфI къыщыхуэнурэ, и псэр жэнэтым кIуэнущ.
Байрон и IэдакъэщIэкIхэр зыдж языныкъуэ къэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, поэмэм лъабжьэ хуэхъуахэм ящыщщ шэрджэсхэм я тхыдэм пыщIа Iуэхугъуэхэри.

УЭРЭЗЕЙ Афлик,  усакIуэ.

 

Джордж  Байрон

Поэмэ

ГукъэкIыжхэм къысхуашэж зэшыр
КъыстогуплIэж жэщ пхыплъыпIэншэу,
СифIми си Iейми щхьэщылъщ зызигъэухуэу.
Iеймрэ фIымрэ зэблэкIми гъуэрыгъуэу,
ЗэхъуэкIыныгъэ гуэр ягъуэту хэзмылъагъуэ.
 Т. Мур
Эсквайр Роджерс Самюэл деж
Уи зэчиймрэ псэ къулеигъэмрэ зэригъэлъапIэм, уи ныбжьэгъугъэм хуэсщI пщIэм я щыхьэту мы тхыгъэр тыгъэ къыпхуещI уэ пхуэпэж Байрон.
Лондон, 1813 гъэ, накъыгъэ мазэ
    

ПСАЛЪЭПЭ

Пычыгъуэ зэхэдзауэрэ зэхэлъ мы хъыбарым къиIуэтэжым и лъабжьэр цIыхубзыр пасэм зэрыщытам елъытауэ нэхъ сакъ зэрыхъуам, е чристэнхэм я насып нэхъ къызэрихьым, е я хэлъэтыр зэрынэхъ мащIэм къыхэкIыу - ди зэманым КъуэкIыпIэм куэдрэ узыщыхуэмызэж къэхъуа Iуэхущ. Хъыбарым зэрыщыту къызэщIиубыдэн хуеят зи щхьэ хуимытыж, и епцIыжыныгъэм папщIэ муслъымэн хабзэм тету тенджызым хадза икIи а цIыхубзыр фIыуэ зылъэгъуа венециан щIалэм лъы зэрищIэжым теухуа хъыбарыр. Iуэхур къыщыхъуа лъэхъэнэр ХытIыгуиблыр Венецием и унафэм щыщIэта, урысхэм я ужькIэ зыкъомрэ яхъунщIа Морейм , арнаутхэр зэрырахужрэ куэд дэмыкIауэщ. Мизитрэр майонетхэм ирамыгъэхъунщIэу лъэныкъуэ зэрырагъэзар урысхэм зэран яхуэхъуащ Морейм ебгъэрыкIуэнымкIэ икIи а лъахэм псоми щызэрахьа залымыгъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ хуэдэ дунейм зэрыщымыIам щыхьэт тохъуэ, уеблэмэ чристэн тхыдэтххэри.
 
Iэуэлъауэншэщ... Толъкъунхэр джалъэу
Жьэхэлъэркъым псы Iуфэ нэпкъ задэм.
Афин лIыхъужьым и фэеплъыр    
Сыну къоплъыхыр къырым уардэу,
 Игу нобэ къигъэкIыжу хэку мамырым     
Зауэшхуэ щекIуэкIахэм я хъыбарыр.
Хым кхъухь жьыхур хохужьыкIыр техуэрзыхьу,
ГуфIэ фIэхъусыр фэеплъым къыхуигъэхьу.
Иджыри зэгуэр къалъхункIи хъуну
ЛIыхъужь, апхуэдэу хэкур ихъумэну?
..................................................
Лъахэ телъыджэ, къыпщимыхуэу и гур,
УигъафIэу илъэс псом къыптолъэщIыхьыр
гъатхэр,
Мывэ ду лъагэм и щхьэщыгум
Тет гъуэгурыкIуэ ешар щыхэплъэкIэ уи лъахэм,
Насып гуфIэгъуэр къилыдыкIыу нэгум,
Ныкъуэкъуэгъуншэу зегъэпсэхур и псэм,
Къырыщхьэ сурэтхэр зэщIэсысэу
ТосыкI и гъуджэ щхьэфэм тенджызыпсым.
Зыкърахыныр яфIэмыигъуэджэу,
Къуршхэр пагэу йоплъэ тенджыз гъуджэм,
Тенджызри, щымысхьыжу плъыфэм,
НалкъутналмэскIэ зэщIэлыдэу мэуфафэ,
КъухьэпIэм и жэнэт щIыналъэм
И толъкъун Iэлхэм Iэ ядилъэу,
Зэзэмызэ бгым къежэх акъужьым
Гъэгъахэр къехьыр илъу и лъэужьым,
Гъэгъам къыздрахьэх мэ гуакIуэр
ХуэфIу щогъуэлъыкIыр джабэ нэкIум,
Сэтэнейр мэкъупIэм къыщощхьэлъэ,
Игъэдахэу нэхъри бзу пшыналъэм.
И макъыр жэщ мазэгъуэм хигъэбжьахъуэу,
Уэрэд нэщхъыфIэр къыхидзам бзуущхъуэм,
ГурыщIэ IэфIхэр и псэм къепэщэщу,
Сэтэнейр щIодэIу хьэщыкъ хъуа пщащэу.
Пшыналъэм кърикIут налкъутналмэсым
Уэлбанэр егъэкIуэд, егъэткIур уэсыр...
Сэтэней закъуэрщ мэ гуакIуэкIэ Iущащэу
Мы жэнэт лъахэм сыт щыгъуи щытепщэр.
ЛъэхъэниплIми илъэс хъурейм
Яхэткъым зыри ар къэзыгъэбий.
Удз гъэгъам я гуащэ сэтэнейр
Хуэсакъыпэу егъафIэ дунейм.
Езыми, нэмысыфIэу зигъэщхьэлъэу,
И гъэгъахэр хуеший уафэ пшэплъым.
Уафэми, гъэгъам зыкъыхуеукъэбзри,
Удзымэ гуакIуэр зыжьэдешэр щызу...
Уафэ гъунэншэм и жэнэт хадэм
ЩокIыр гъэгъа Iэджи зэхуэмыдэу.
Хьэщыкъ зэхуэхъуахэр щызэIущIэу
ЩIыпIэ зэгъуэкIи абы и мымащIэ.
Тенджыз хъунщIакIуэм и щхьэегъэзыпIэу
Хы Iуфэм щыIэщ зыгъэпщкIупIи.
ХъунщIакIуэм сакъыу кхъуафэжьейр
ЩегъэпщкIури джабэ задэ лъабжьэм,
Бэшэчу пIалъэ гуэрым йожьэ.
КъигъэIуам борэным макъ шынагъуэр,
КъыщызэщIэнам уафэгум вагъуэр,
Даущыншэ жэщым зыхиудыгъуэу,
ЩIиупскIэу и кхъуафэжьейр толъкъуным,
ХъунщIакIуэр тохьэ и гъуэгуанэм,
Зричмэ хъунщIакIуэм зыIэзыбжьэу...
Борэн макъыр щIокIуэдэж гыз лъабжьэм.
ГъэщIэгъуэнкъэ, мы жэнэт лъахэм
ЩIыуэпсым егугъупэу, щIыгур игъэдахэу
Щиухуа и уардэ унэр зыхуэфащэр
КъэгъэщIакIуэрщ,
Тхьэхэр хуиту щызэхэзекIуэу.
Ауэ фIэфIщи цIыху цIыкIум ныкъуэкъуэн,
Удз гъэгъахэр ищIу хэутэн,
КIуэцIрокIри, щIэпщэу и шэдыбжьым,
Жэнэт лъахэм къыхинэжыр яжьэщ...
Ауэ итIани гъуэзэджэу мы щIыналъэр,
НэгъуэщIхэм я щIэгъэкъуэн пэмыплъэу,
КъыхотэджыкIыжри яжьэ сахуэм,
Дахагъэм и гъэгъар игъэIумахуэу,
КъызэщIорыуэж езыр-езыру.
Ежэхыу псыхэр берычэтрэ уэру.
ИщIын хуэмейуэ зыри егъу,
ЗыщIэхъуэпс закъуэри гущIэгъущ.
Жэнэт щIыналъэр насыпыфIэу
Псэуныр куэдым яфIэмыфIу,
Дыгъужь нэщIауэ зэщIэкъугъэу,
Къыщагъэбатэ хьэргъэшыргъэр.
Щамыгъэзагъэу сэшхуэр сампIэм,
Къегъэплъыр ахэм я гур бампIэм.
Жэнэтым и мелыIыч нэхухэр
Дыгъужь нэщIахэм ящIыр зэхэзехуэ.
Ирахуну жэнэтым дахагъэр,
ХьэIуцыдз быныр зэщIокъугъэ.
Бжьэ къэпщIауэ джаурхэм я макъыр
Щхьэщохуарзэ уафэ Тхьэ шордакъым...
Телъыджащэщ апхуэдизуи мы дунейр,
Iей гуэри гум къэкIыну ухуэмей...
ЩIыналъэ дахэр яукIыну зи нэхъуейм
ИкIахэм пу нэлат къывех дунейм!
Хэт зыхуэзыгъэщхъыр хьэдэ
Дунейм ехыжам иджы дыдэ,
ПыкIа къудейм дыгъуасэ гъащIэм,
Зи къупщхьэм щIимыдзакIэм щын,
Иджыри и нэгу фагъуэм къищу
Дахагъ нэщхъейр,
Хьэрш щIэншэм зи псэр щышууейм,
Къытещым Iупэм гуфIэ мащIэр?
ЩIигъэпщкIуэжауэ нэ диям и лъащIэм
Щилъэгъуауэ хъуар мы дуней гъащIэм:
И губжьи и дыхьэшх нэщхъыфIи,
Иджы а псори зэрыхъуар пэIэщIэ
НатIэ мыл щIыIэ закъуэрщ къозыгъащIэр.
Аращ къызэрытщIэфыр я нэхъыбэм
Ажалыр къызэрытхэIэбэр
Икъузу, пихузыкIыу ди гур,
Щэху нэщхъей гуэркIэ зэщIиуфэу нэгур.
Арыншэгъам, ди фIэщ мыхъуу ажалыр,
Тщыгъупщэжауэ гущIэгъуншэу зэрыIэлыр,
Дыпэмыплъауэ, пIейтеиншэу, дэрэжэгъуэр
И нэгум къищрэ мыигъуэу,
Къытхыхьэм къихьу ди уахътыр
Щыдмыгъуэтыжу зы хьэтыр.
Мис апхуэдэщ къурш лъахэ телъыджэу,
ГущIэгъуншэу ажалыр хуагъаджэу,
Зи уахътыр къагъэсар нэхъ пасэу,
ИтIани, хэмыкIауэ дахагъэм и псэр,
И хэку бжьыфIэм нэщхъейуэ хуэусэу,
Пшэплъ дыщафэр къухьэпIэм хэткIухьу,
Щхьэщосыхь мы щыналъэм пшэкIухьу.
Псэхэхым хуэмыгъэкIуэд дахагъэм
Иджыри къыхуишийми бзийхэр дыгъэм,
КъухьэпIэ пшэплъым и мафIэсыр
Къыщысхьыжынукъым дахагъэм и псэм.
ЛIыхъужь щэджащэхэм я лъахэ,
Зи лъэужьыр тхыдэм хэмыкIуадэ,
Псыхэм ягъэIур уи уэрэдыр,
Бгыхэм яIэт уи щIыхьыр лъагэу!
ЛIэщIыгъуэ минхэм я щыхьэт,
Уи бгъуэнщIагъ кIыфIи, къырыщхьэ паги
Щхьэхуитыныгъэм я хьэщIэщт!
Зыхуэхъужахэр ахэр бэн
Щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа уи бынщ!
ЦIыхугъэ нэсым и мэжджытыр
Къигъэсэхащ хъунщIакIуэ джатэм.
Иджы уилъахъэурэ Iэхъулъэхъум,
Дахагъэ яукIар къолъыхъуэр.
Узэрыгушхуэгъа нартыжьхэм
ХыумыгъэкIуадэу я лъэужьыр!
ПщыгъупщэжакIэ тенджыз Iуфэм
Iусыгъа жылэхэм я плъыфэр?
ИугъащIэ Сэлэмин!
Зэман блэкIахэм я сурэтыр
КъыщIэувэжмэ нэгум нэIурыту
Псэхэр къэтлъагъужынщ щIэрыщIэу,
Iыхьлыгъэ нэскIэ дызэрыщIэу.
Дагъэгушхуэныр я гуращэу,
КъитэджыкIыжынщ адэжьхэр мащэм.
ЗэщIагъэплъэжмэ ахэм ди лъыр,
Къэувыжынщ нэхъ лъэщу ди лъэр.
Дзэпщ лъэщхэр лъэпкъым хуребагъуэ,
ЦIэрыIуэ щыхъуу щIы хъурейм!
ХъунщIакIуэхэу зызыгъэщIагъуэм
Ирагъэлъагъужу я нэ вагъуэр,
ПщылIыныр яфIэмыкъабылу,
Щхьэхуитыныгъэм и бэнакIуэу,
ЛIыгъэм хуагъасэмэ я щIэблэр,
Iэщэр игъэтIылъынщ хъунщIакIуэм.
Къуршылъэ щIыналъэ! ЛIэщIыгъуэ
зэщIэтхъуахэм
Вагъэбдзумэу зэрагъэзэкIыурэ уи тхыдэр,
Псэууэ къэнам щыхьэт къытхутехъуэнхэщ
Зэрыпсэуам зэгуэрым лъэпкъыр уардэу.
Мысырым и пасэрей пащтыхьхэм
ЯIэрыхьакIэщ куэд уи кхъащхьэу,
Ауэ я псэ дахэхэр уи бынхэм
КъыдоплъыкIыж домбеякъ бэнхэм
Дигу къагъэкIыжу я фэеплъым
Зэрагъэжар я хэкум щхьэкIэ я лъыр.
Кхъащхьэр къигъачэу гъыбзэ пшыналъэм,
ЗэщIагъэплъэжу щIэрыщIэу ди лъыр,
Нэхъыжьхэм я лIыгъэр псэм и гъуэзу
Къытщхьэщохьэжри, тхуохъур гъуазэ.
ЗэрыхэкIуадэм жэнэт щIыналъэр
Гудзакъэншэ дыдэу дыкIэлъыплъмэ,
Къэтхьынкъэ хэкIуэдахэм я губгъэн,
Ар напэм дауэ къытхуегъэзэгъын?
Пщы зэфIэнахэм я зэзауэм
Къишакъым лъапсэрых ныкъуакъуэр
Тепщэгъуэм псэр хуэнэпсейуэ
Зэщыхьэжат абы я лIакъуэр...
Аращ гъэрыпIэм и Iэхъулъэхъур
Щхьэхуитыныгъэм хуэзыгъэхъур....
Сыт дызэхэткIэ дыкIэлъыплъу
Къызэрыщахэм жэнэт лъахэр?..
Е пасэрейм и хъыбарыжьу,
Е нобэрейм и хъыбар пэжу
Ущыхуэзэнукъым жаIэжу
ЛIыгъэ зехьэныр я нэпкъыжьэу
Зи хэкум ноби псым и Iуфэр
Зэгуэр зыгуэрми епцIыжыфу...
Ауэ, лIэщIыгъуэхэм къыпхыIукIыжу,
БлэкIахэр я гум къигъэкIыжу,
Я макъ адэжьхэм къэIусамэ,
Лъэпкъ инатым,
Бийм ирещIылIэ къэзэуатыр.
Хэку лъагъуныгъэм гур игъаблэу
Псэуныр натIэ зыхуищIа и щIэблэр,
КъыхуигъэщIар лIыгъэ зехьэным
Дэнэ здихьыжар иджы зэманым?
ПщылIыныр я пщэм дэлъу бжьыуэ,
ПщэдджыжькIэрэ къэушрэ жьыуэ,
Iэхъушэм хуэдэу дахуу хъупIэм
Къызэхэнэнхэу зи пщIыхьэпIи
Къыхэмыхуэххэу щытыгъахэр
ЯгъэIэсакIэ блэкIа гъэхэм?
ХэгъукIыжауэ лъэпкъым и псэм
Щхьэхуитыныгъэм хуеIэ къуэпсыр
Кхъуафэжьей кхъахэхэр псым щесу,
Сондэджэрыным хуэхьэзыру
И къалэхэр хъужащ бэзэри,
БлэкIахэм Iэджи хужаIэжу
Уи пцIыIуэпцIышэхэр Iужажэу
Уи тхыдэр пщагъэхъужу дыдж,
Укъэнэжа иджы алыдж?!
Щхьэхуитыныгъэм и джэ макъыр
Зыхихыжыфкъым жея лъэпкъым...
Куэдыщи нэпс хущIэдгъэкIар
Лъэпкъ дэхуэхам и нэгу щIэкIам!..
ИджыкIэ къэкIыжащи си гум
Псэр зыгъэгыз хъыбарыжь гуэр,
Си гугъэщ фэри зыхэфщIэну
КъыщIыщIэжар си нэпсыр си нэм.
...................................................
Къуршхэм я ныбжьхэр плъыжь-фIыцIафэу
Iуву тегъуэлъхьахэщ псым и щхьэфэм,
А ныбжь щэнауэм я Iущащэм
Гущтэ ирегъэщIыр бдзэжьеящэм,
Игъэшынащи нэкъыфIэщIым,
Мыжыжьэ пэтми адрыщIыр,
Абы нэсыну дзыхь имыщIу,
Псы Iуфэми IумысыкIыщэу,
Псым хъыхэр хедзэр бдзэжьеящэм.
Къиубыдыфахэри хуэпIащIэу,
ЕщIыр мы щIыпIэхэм пэIэщIэ.
Иуан къыр лъагэу къаплъэм жыжьэу,
Зи щыгур мазэм къигъэнэхум
КхъуэхьэнцэмкIэ псыр щIитхъуу хъыжьэу,
И кхъуафэжьейр уфафэу ехур.
............................................
Зэт ... къоIур шы лъэ макъ зэщIэжьууэжу...
Ар хэт и шу, шым щымысхьыжу,
Къыр блынхэр джэрпэджэжкIэ къыпэджэжу,
КъыпфIэщIыну толъкъуным и тхъурымбэр
Къызыпхиву шы къэпщIэнтIам и ныбэм,
ЗыгъэпIейтейр жэщыбгым джабэр?
Щызэгъэжами толъкъунхэр тенджызым,
Шууей ныбжьыщIэр щхьэхьу дож аузым.
Уэлбанэм и пшэ фIыцIэр уэгум къыщоIэгъуэ,
Тезэрыхьыну нэхущым и пшэкIэплъым,
Ауэ шууей ныбжьыщIэм ищIэркъым пыIэгъуэ.
Псэм тегъуэлъхьам кIыфIыгъэ щIыIэр
Абы нэхъ шынагъуэж сыт щыIэ?
Джаур! Сэ узмыцIыхуми щIагъуэу,
Къысщохъу укъэзылъхуа уи лъэпкъыр благъуэу.
ЛIэщIыгъуэ кIуахэм я лыгъэ мафIэсыр
Иджыри къэс уи нэгум щопсыр.
Солъагъу мафIэсым и Iэужьу
КъыкIуэцIрыкIыр уи лъэужьу.
ГущIэгъу щыхашэркъым зэманым,
Зэманми хуэгъэупщIыIуакъым уи лъыр
Зэуэным ноби зэрыхуэплъыр.
Блэлъэтами шабзэшэу уи ныбжьыр,
Къысхуэлъэгъуащ уи нэгум илъ гужьэгъэжьыр.
КъызгурыIуащ зытеухуар уи гъащIэр -
Е бгъэкIуэдынщ и щIэблэрУэсмэным
Е ухисхьэжынщ езыр зэманым.
Маржэ хъужынхэ! ФынебгъэрыкIуэ!
СыкIэлъыплъащ сэ уи щхьэм кърикIуэм.
Упхыжырт жэщ кIыфIым шыщхьэмыгъазэу,
Уи ныбжьыр иджыри щхьэщылъщ къуршым
гъуэзу.
Си тхьэкIумэми куэдрэ, куэдрэ икIакъым
Аузхэм а жэщым къыдэбна шы лъэ макъыр...
ИгъэпIащIэу шым елъэдэкъауэрт,
Къыщихутам щыхупIэр пащхьэм зэуэ.
Къыр лъабжьэм кIэщIэпщ лъагъуэ бгъузэм
Теуващ къыдэкIыну аузым.
КъыпикIухьри Iэзэу щыхупIэм,
Къурш адрыщIым щыбзэхыжащ зэшэзэпIэу.
Къыщыпоплъэ шум шынагъуэр дэнэкIи,
Ар щIолъагъуэ нэ губжьахэм я плъэкIэм,
Жэщыбг вагъуэхэм я къэблэкIэм.
Ауэ занщIэу хъуакъым шур спэIэщIэ,
Къыжьэдикъуэри и шыр мащIэу,
ХузэлъыIуихыу уафэм и нэгур,
ЗыкъытриIэтыкIащ уанэгум.
Мазэр къахуоплъых къырыщхьэ пцIанэм,
Жыжьэу къыщоблэ мафIэм ис мэжджытыр,
Фочауэ макъхэм щIэх-щIэхыу заIэтми,
Къахуэгъэушкъым мэз джэрпэджэжыр,
Рэмэзаным сэлам кърехыжри,
Дыгъэ дыщафэми пшэм зыхегъэпщкIуэжыр,
ЩигъэкIуэтэжым Рэмэзаныр
Дин дауэдапщэм духьэшы Уэсмэныр
Хэхуащ, щIиIэтэу гукъыдэжыр.
Ауэ, ухэт уэ гъуэгурыкIуэ, уэ хэтхэ узыщыщыр
Адрейхэм емыщхьу уи теплъи уи фащи?
Хэт нобэ уи нэр зытеплъызэр?
Уи шыщхьэр дэнкIэ зыдэбгъазэр?
Ар щытщи щытщ... Зимыгъэхъей,
Шынэщ щIэплъагъуэр нэ нэщхъейм.
Ауэ, пэмыплъэххарэ зыIэзыбжьэу
КъызэщIегъаплъэри ар губжьым,
КъызэщIодие мывэ жауэ.
Уанэ къуапэм тIэкIу зытригъащIэу
МащIэу ирехьэхыр и щхьэ пагэр,
Хьэуа макъыншэр иудыныщIэу,
Губжьауэ и Iэр ещIри ещIыр,
ИмыщIэу нэхъ зытегушхуэнур -
Гъуэгум пищэн е къигъэзэну.
Къощыщыр и шыр, хэлъу губжьыр,
Ешауэ, шууей унафэм ежьэр.
ЛIыр щылъэIэсым ибг илъ сэшхуэм,
Зы къару гуэрым къегъэгушхуэ;
Жьынду макъ жагъуэри къоIусри
ЗекIуэлIыр къыхешыж гупсысэм.
ШыгъэцIывыр хикъузэу шым и джабэм
Зречри, дегъэзыкIыр щхьэхьу джабэм.
КъыпфIэщIыну ядзауэ аркъэну,
Къыдохутэр и щIыбагъ ар къыр пцIанэм.
ЗэIухауэ и чристэн гъущI тажыр,
Iэуэлъауэншэу и гъуэгум пещэжыр.
Жэщым хэIукIыжкъым шы лъэ макъыр.
ИкIи къысфIощIыр а меданым
Игу къэкIыжауэ гъащIэ блэкIар -
ЛъыпскIэ къипсыхьхэурэ зэманым,
Бэлыхьу къызэранэкIар.
Куэд щIауэ псэм щигъафIэ лъагъуныгъэр
КъытегуплIэжмэ цIыхум зэуэ,
Губжь гъэтIылъам къретыжыр лIыгъэ,
Псэр хуриджэжу лъыщIэж зауэм,
Апхуэдэм деж блэкIа лIэщIыгъуэу
КIуар ещхьу напIэдэхьеигъуэм,
КъыптогуплIэжри нэщхъеягъуэу,
ГурыфIыгъуэншэу уегъэщыгъуэ.
АрщхьэкIэ блокIыр а меданри,
Шур егъэпщкIуж аргуэру кIыфIым.
Насыпыншагъэм иужьыгуауэ,
И закъуэу псэр кIуэжа ахърэтым,
Е, нэгъуэщI гуэрхми егуауэу,
Гъусэ щищIа и гъуэгу зытетым?!
Къыхуимыгъэгъуу и гуэныхьыр,
И гур къебгъа абы Алыхьым?!
Гуэныхьлым и унэшхуэ чэщанэр
Хуэхъужащ кхъэлэгъунэ Хьэсэным.
ЩIыгъуу гуэныхьлым а чэщанэм
Гуауэ щIыIэми и лъэр къыщIенэ.
Апхуэдэу тафэм пхожыр борэныр,
Сахуэ защIэу лъэужьу къигъанэр...
Кхъащхьэхъумэу еплъых шыкIуртIымщэхум
Мащэм илъыр имыгъэпIейтейуэ,
И жейр ихъумэу щытщ зимыгъэхъейуэ...
ШыкIуртIымщэхум щигъэбатэм и псэм,
Пэхъункъым, уеблэмэ, лIам хущIагъэкI нэпсыр.
Нэщхъейуэ шыхэри мэщыщыр,
Ямыгъэжейуэ тыншу жэщыр.
Иджы чэщанэшхуэм унэIутхэр
Щыплъагъужкъым зэхэзежэу,
Унэр ябгынауэ псэ зыIутым,
И уардагъэр щыму мэужьыхыжыр...
Блын фагъуэм бэджым щызэрахъэ я хъыр,
КIэрыщIащ унащхьэм дзыгъуэнэфыр,
И бзий щIыIэм пшагъуэр къызэпхитхъыу,
Зэзэмызэщ къыщеплъыхыр уафэр.
ЩIасэ цIыхубзхэм я лэгъунэ
Хэтауэ къыпхуэщIэжыркъым чэщанэм.
Къэрэгъул плъапIэу щытам зэгуэрым
Иджы жэщыбг жьындур къыщогурымыр.
ПщIантIэм хъумакIуэу дэта хьэжьыр
Псы хуэлIэу псыкъуий джабэм щощхьэукъуэр.
Къэхъуар къыгурымыIуэу хьэжьыр йожьэ
Щефэжынум псы зэгуэр ирикъуу.
ПщIантIэм дэт гуэл IэрыщIыр
Жыглыц уцIынахэм ягъэхыщIэ.
Псы Iуданэхэр зыутхыгъа фонтаным
ЕщIэж и сабиигъуэр Хьэсэным.
ЩIалэр иджыри сабий цIынэт,
Щабэу щыщIиупскIэу гущэр
Псы Iущащэм щыщIигъэжеикIым анэм.
Мыбдежырщ къыщищIар Хьэсэным
Пшыналъэ дахэм и IэфIыпIэр,
Псыутхым и макъ зэщIэжьыуэм
Ежьуужыфырт и гугъапIэр.
Ауэ иджы зэщIэтхъуауэ и щхьэр
Тыншу бгъэдэтIысхьэу псым пщыхьэщхьэм
Дэуэршэрыну Iэмал гуэр
ЗэримыIэжырщ къеуэр гум:
Дэжеижынукъым псыр уафэм,
Къытещэщэжурэ и щIыфэм,
Дахагъэм псэр къыхуигъэушу,
Къытеджэгухьу зэраншууэ.
Иджы хуеижкъым ар а псым,
Бийм и лъырщ зыщIэхъуэпсыр псэр.
Бийм лъахэм къыхуихьа хьэдагъэм
ИгъэгъужакIэщ псыкъуиипсыр.
Псыр игъэгъунырщ бийм фIэлIыгъэр,
Псым япэ иригъэщу лыгъэр.
Сабий гъы макъщ, цIыхубз зэщыджэщ
КъыхэIукIыжыр мафIэ лыгъэм,
Къытохуэр лъахэ дахэр ныджэм
ПсыхуэлIэу игъэгъущIэу дыгъэм.
А псори зэбгрех акъужьым
Жьуджалэу щыхашэу дунейм.
Уафэгум къыщыхуарзэ бгъэжьым
КъыхуэщIэркъым сыт щхьэкIэ бийм
Лъахэ лажьэншэм щIыщыхуар и ней.
Уардэу зэрыщымщ чэщанэр,
Жьыбгъэ къэкъугъым пэкъугъыжу зэзэмызэ,
ЩхьэгъубжэIупIэм къауджыхьыр абджынэр.
Нэщхъеифэу къыхуеплъыхмэ мазэр,
МащIэу и псэр къогуфIэжыр унэм.
Ауэ зэшыр кIэншэу къыхуишэу
Уэшх къыпхожыр унащхьэ зеиншэм.
МэгуфIэр къумым игъуэщыхьар
ПшахъуэщIым лъэужь гуэр щылъэщIыхьам.
Апхуэдэм дежым, зы мыхъужми,
ГугъапIэ гуэрхэр къоушыжыр.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Байрон Джордж и поэмэм хэт адыгэ бзылъхугъэ Лейлэ и сурэтыр инджылыз художник Дикси Фрэнк 1892 гъэм ищIащ.

 

 

 

 

Поделиться: