Насып зэхэгъэкIыпIэ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 2, 4-хэм итщ).

*  *  *

Адыгэ пшынэм макъамэ дахэр къреш, щауэми пщащэ зэкIужыр къыдеш. Къэбэрдей къафэр тIуми екIуу, щэныфIэу ягъэзащIэ. Хъыджэбз Iэдэбым къыщылыдыкI лъэпкъ фащэмрэ абы и бгы псыгъуэм щIэлъ дыжьын бгырыпхымрэ уеплъу ар зыщыгъым и нитIым ущыщIэплъэкIэ, и набдзэ къурашэм зэ IуплъэгъуэкIэ къыпфIагъэщIынущ ар псэ зыхэмыт къупщхьэ гуащэ гуэру. Ауэ и Iэхэр, хьэуам едэхащIэ хуэдэ, мащIэу щигъэхъейкIэ, и лъэр мо пшынэбзэ дахэм декIуу щызэблихкIэ, зи Iэпкълъэпкъым лъы щызекIуэ цIыхуу зэрыщытым укъегъэушыж. Нэрылъагъущ, езыр щэныфIэу къафэми, макъамэ дахэр и псэм хыхьауэ и гур ину къызэреуэр.
Заур зыщимыгъэнщIу йоплъ утыкум ититIым. Ар ирогушхуэ Динэ и дахагъэмрэ и Iэдэбагъымрэ.
КъэфакIуэхэр щагъасэ унэм ныбжьыщIитIыр къыщIэкIыжащ.
- Динэ, нобэ сыт хуэдэ махуэми пщIэрэ?
- ЕпщыкIутхуанэщ.
- Хьэуэ, сэ аракъым зи гугъу сщIыр.
- НтIэ, сыт, къызгурыIуэркъым?
- ИлъэситI япэкIэ ди гъащIэм сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэт къыщыхъуар?
Хъыджэбзыр хэгупсысыхьауэ къыхупыгуфIыкI щIалэм йоплъ, къыгурыIуэркъым, мэгупсысэ. КъищIэжащ, иджыри къэс абы и щхьэр зэрыхуэмыкIуам, ар зэрыщыгъупщэжам тIэкIуи ирибэмпIауэ, жиIащ:
- Уэрэ сэрэ дыщызэрыцIыхуа махуэщ.
- Ар уэ пщыгъупщэжауэ арат?
- Тхьэ, сигу къэмыкIыжт.
- Ди лъагъуныгъэм, ди зэхуаку дэлъ IэфIагъым щIэдзапIэ хуэхъуа а махуэр дэ зэи тщыгъупщэ хъунукъым.
- Аси нобэщ къыщалъхуар, абы зыгуэри зэрыжимыIа?!
- Пэжщ, абы и фIыщIэщ дызэрыцIыхункIэ щIэхъуар. Мыр сэ си тыгъэщ, - къызэкъуех мыщIэ цIыкIухэр зэрыс Iэлъыныр. И Iэр къещтэри IэретIагъэ.
- Сыту дахэ мыр, Заур?!
- Уэращ ар зыгъэдахэр, уокIупс.
- Зесхьэнщ сэ мыр уи цIэкIэ.
- ПщIэрэ, цIуугъэнэхэмкIэ гъэщIэрэщIарэ екIуу щIами, дыщэ Iэлъынкъым ар, ауэ нобэ ящэу слъэгъуати, сыпхуехъуапсэри сыблэмыкIыфу къэсщтащ.
- Уэ си жагъуэ къыбощI.
- Сыту? – къыгурымыIуэу Заур хуеплъэкIащ и хъыджэбзым.
- Ар дыщэхэкI гуэру щытамэ, нэхъ сыщыгуфIыкIыну щхьэ къыпщыхъуат?
- Сэ сщIэрэ!
- Дыщэу щыIэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ мы уи тыгъэр, ар уи гум, уи псэм къыбгъэдэкIащи, сэркIэ абы нэхъыфIи сыт щыIэ:
- Динэ, сэ зы пщIыхьэпIэ ныжэбэ слъэгъуащи!
- Хъер ухъу.
- Жыг хадэ дахэшхуэм уэрэ сэрэ диту, уэ адыгэ фащэр пщыгъыу. Жыгыщхьэхэм пыс бзу цIыкIухэри къыдбгъэдэлъатэрэ фыкъеблагъэ жэнэт лъахэм, жаIэурэ IулъэтыкIыжхэу. Сэ уэ зыпщызмыгъэнщIу сыноплъурэ, а щIыпIэм къыщыщIэж псынэпс къабзэм дызэщIыгъуу дыхуэкIуэу. ТIури дынасыпыфIэ дыдэу къэтлъытэжу…
- Сыту пIэрэ?
- СщIэркъым, ауэ джэд щыкъун и пщIыхьщ, жыхуаIэм хуэдэу, си хъуэпсапIэхэр нэгум пщIыхьэпIэу щIимыгъэкIыу пIэрэ, жызоIэ.
Заулрэ тIури хэплъэу здэкIуэм, гу лъатащ тутын ефэхэу къыкIуэцIрыкI, зи ныбжькIэ щIалэ цIыхубзымрэ лIымрэ. АдыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэхэр зэхахащи, Динэ фIэгъэщIэгъуэну якIэлъоплъ. Абы нобэ япэу илъагъуу аращ адыгэ бзылъхугъэ тутынафэ.
- ИгъащIэкIэ си гугъэнтэкъым адыгэ фызхэр тутын ефэну.
- Сыт тщIэн, къахокI зи напэр зыщэж цIыхубз закъуэтIакъуэхэри.
- Сэ зэи срихьэлIакъым абы хуэдэ дыдэу утIыпща.
- ИгъащIэкIэ уи пщIыхьэпIэм къыхэмыхуэн куэд мы гъащIэм ущыхуэзэнущ, Динэ, апхуэдэщ ди дунейр зэрыухуар.
- Тезгъэтынтэкъым тхьэ а цIыху уцIэпIхэр.
- Ущоуэ уэ, си псэ, ахэр мы щIылъэм щымыпсэуамэ, лейзехьэхэри щымыIамэ, фIымрэ Iеймрэ тхузэхэмыгъэкIыу дытетынт. ШейтIаныр къызытекIуа цIыхухэр щIигъэпсэур, дэ ахэм я псэукIэм дыкIэлъыплърэ, губзыгъагъэ гуэр къыхэтхыу, Iейм дыпэщIэтыфу мы щIыгум дытетын папщIэщ.
- Ари пэжу къыщIэкIынущ, Заур. Пэж къудейм и закъуэкъым, залымыгъэм, мыхъумыщIагъэм зыдебгъэхьэхыну, нэгъуэщIхэм зэран уахуэхъуну нэхъ тыншщ, фIы пщIэуэ сэбэп ухъуу, пэжыгъэр уи гъуазэу уи гъащIэ Iыхьэр епхьэкIыным нэхърэ.
- Ауэ цIыхум и псэмрэ и щхьэмрэ зэпэщIэувэжыфу щытын хуейщ, ди гум къыджиIэ псор тщIэ хъунукъым, ар сыт хуэдэу гугъуу щымытми, ди щхьэщыгу итым къыдита акъылыр тэмэму дгъэлэжьэфу десапхъэщ.
- Абы папщIи лIыгъи тхэлъыпхъэу щытын хуейуэ къыщIэкIынущ.
- СфIэзахуэщ, ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, а лIыгъэр къэзыгъэщIыжыфынур акъылырщ. ЛIыгъэмри къарумри зыкъым, къарур Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ щыгъэпщкIуащ, адрейр гумрэ псэмрэщ нэхъ зыхэлъу къэплъытэ хъунур. Къытезгъэзэжынщи, минрэ къарууфIэу укъыщIэкIми, гу махэу ущытмэ, ар къыпхуэгъэсэбэпынукъым.
- Дауи щрети, щхьэзыфIэфIыгъэрауэ къыщIэкIынщ цIыхур нэхъыбэу зытеунахъуэр.
- Арауэ къысщохъу, жыжьэ сыIэбэнкъыми, интернатым сэ къыщыздэхъуахэм, къыддеджа ди ныбжь итхэм къахэкIащ дыгъуэгъуакIуэхэу, хабзэм къемызэгъ ящIахэу тутнакъэщым ихуахэри. Сэ си классым щIэса зы щIалэрэ и ныбжьэгъуитIрэ илъэситI ипэкIэ такси къаубыдурэ исыр яукIти, машинэр зэпкърахыурэ ящэу къаублат. ЦIыхуищ, цIыхуиплI яIэщIэкIуэдар, сытми, яубыдауэ къалэжьа тезырыр лъэхъуэщым щрахьэкI. Аращ гъэсэныгъэ тэмэм зэрамыгъуэтам, жыIэмыдаIуэу зэрыщытам къахуихьар.
- Ахэр къажезыIэн, я щыуагъэр къагурызыгъэIуэн яIакъым абыхэм.
- ПщIэрэ, цIыхум езыр-езыру Iеймрэ фIымрэ зэхигъэкIыфу емысэмэ,  къыжраIэIакIи зэхищIыкIынукъым.
- Уэ зэрыжыпIэмкIэ, нэгъуэщIым ущIедэIуэн щымыIэу ара?
- Сэ аркъым си псалъэм къизгъэкIыну сызыхэтыр, сыт хуэдэу щрети, нэхъыжьым, цIыху губзыгъэм едэIуапхъэщ. Ауэ нэхъыжь псори нэхъыжькъым, итIани, уэ къыпхуаIуатэр, зэхэпхыр уи акъылкIэ зэбгъэзэхуапхъэрэ уфIэзахуэм укъытеувыIэпхъэу щытын хуейщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, адэ-анэм ягъэжакъуэхэри мащIэкъым. Абыхэм я жыIэм темыкIыфхэм, езыхэм я гупсысэкIэ зимыIэжхэм пэжымрэ пцIымрэ яхузэхэмыгъэкIыу къонэ. Апхуэдэ языныкъуэхэр я щхьэм хуимытыжу, я псэр хузауэ щыхъу щыIэщ. ЦIыхум щедэIуапхъэри щемыдэIуапхъэри щIэн хуейуэ аращ. Ухэзгъэгупсысыхьа си гугъэщ.
- Хьэуэ.
- Ахэр Iуэхукъым, ауэ уэ сыту дахэу укъафэрэт?!
- Уигу ирихьа? – щIэупщIащ пщащэр, зигъэщIагъуэу.
- Хуабжьу. Сэ згъэщIэгъуаращ - узэрыхыхьэрэ мазэ хъуакъым, апхуэдэу псынщIэу дауэ зебгъэса?
- КъэфэкIэ пщIэн папщIэ къэфакIуэуи ущытын хуейкъым.
- Сэри сохъуапсэ зезгъэсэну.
- Хэт-тIэ узыIыгъыр?
- СоукIытэ.
- Ар сытым къыхэкIыу?
- Сэ игъащIэм утыку сыкъиувэу цIыхухэм сакъыхэплъакъым, абыхэм я пащхьэм сыкъыщыфэн дэнэ къэна.
- Утыку ихьэкIэ пщIэным емыкIу илъкъым.
- СщIэркъым, апхуэдэ хущIыхьэгъуи дэнэ къитхын, къищынэмыщIауи, сыт хуэдэу семыхъуэпсами, сэ абы сыкъыхуигъэщIауи къыщIэкIынкъым.
- Сыт хуэдэ IэщIагъэми, ар лэжьыгъи ирехъу, уэ зэрыжыпIам хуэдэу жысIэнщи, псори къыхуигъэщIкъым, атIэ хуэмурэ зыхуигъасэу аращ.
ЩIалэм хъыджэбзыр игъэкIуэтэжащ. Абы зыри жимыIами, и гуапэ хъуат и пщащэр адрей махуэхэм емылъытауэ, нобэ гукъыдэж иIэу, нэщхъыфIэу къызэрепсэлъар.
Заур мыпIащIэурэ пэшым щIыхьэжащ, Хьэрун и фарзыр игъэзащIэу нэмэзлыкъым тетт, Резуан иджыри къыщIыхьэжатэкъым. ЩIалэм зэран хуэмыхъуу и пIэм зригъэукIуриящ. Гупсысэ мыфэмыцхэр и щхьэм щызэрызехьэу ар доплъей унащхьэм, хэкIыпIэ гуэр къилъыхъуэ хуэдэ, нэхэр зэригъажэми, и акъылыр зыми хутеубыдэркъым. Мыгувэу къэрал экзаменхэр яухынущ, адэкIэ дипломыр къратыжмэ, еджапIэр къиухащ. Ахэри зыгуэр хъунт, мы общежит унэми къыщIагъэкIынущи, щIыбым къыдэнэнри зыхуэIуа щыIэкъым. Лэжьыгъэ тэмэм игъуэтамэ, фэтэр къищтэнт, ауэ игъащIэкIэ унэ хьэху ущIэсу упсэун? Хьэуэ, Динэ апхуэдэу къишэу ныджэм тридзэнкъым. Ар апхуэдэу занщIэуи къызэрырамытынур куэд щIауэ къыгурыIуауи ещIэ. Ауэ нэгъуэщIым ирагъэшэну и гум къэкIыркъым. Абы и пщIыхьэпIэм къыхухэгъахуэркъым а дахэр зыгуэрым иритыну. Захуэщ. И щIалэгъуэщи, и лъагъуныгъэри зэрихъумэжын къаруи бгъэдэлъщи, абы и гур къыщIыхэщтыкIын лъэпкъи щыIэкъым. НтIэ сыт, зыхэпсэукIын мылъку бгъэдэмылъмэ, унэ-лъапсэри хуэмурэ зэригъэпэщынщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр и Iуэху зытетыр езы хъыджэбзым къыгуроIуэ, къызэхещIыкIри, ари  куэд и уасэщ.
- Сыт апхуэдизу ухэзыгъаплъэр? – и гупсысэхэр зэпиуду щэупщIащ щыгъэр гъэжэн зыухауэ нэмэзлыкъыр Iузыхыж Хьэрун.
- Мы щIылъэм бэIутIэIуншэу, ди гум итлъхьа мурадыр къыдэхъулIэу щхьэ дыщымыпсэуфрэ?
- Ар Алыхь Iэмырщ, абы и Iизыныншэу е ди тхьэшхуэр хуэмеяуэ, дэ зыри тхузэфIэкIынукъым икIи ди Iуэхуи дэкIынукъым.
- Сыт апхуэдэу щIыщытыр, фIеягъэ, напэншагъэ зылэжьхэм я Iуэхур хъууэ?
- КъывгурыIуэркъым, языныкъуэхэм зэхэфщIыкIынуи фыхуейкъым, ауэ ахэр ди щхьэщыгу ит ди тхьэ лъапIэм игъэунэхуу аращ. Абы къапэплъэр жыхьэнмэ мафIэр арауэ зэрыщытыр пщIамэ, уэ апхуэдэу ущIэупщIэнтэкъым.
- Уэ ахърэтым ущыIам ещхьу жыбоIэри, сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыркъым.
- Тобэ жыIэ, Алыхьым деж нэмысын псалъэ жумыIэ. Ар уи фIэщ хъун папщIэ мо дэлъхьэпIэм дэлъ къурIэныр къапщтэу уеджамэ, уэри зыгуэр къыбгурыIуэнт. Фэ зэхэфщIыкIыркъым кIыфIыгъэм фызэрыхэтыр, сыт щыгъуи жысIэу умыдэр аращи, шейтIаныр зытывогъакIуэ.
- КъызгурыIуэркъым а псор, сэ Алыхьыр зэрыщыIэр си фIэщ мэхъу, ауэ диным и языныкъуэ хабзэхэр сфIэкъабылкъым.
- Дауэ зэрыпфIэмыкъабылынур, е укъэзыгъэщIар уи фIэщ зэрумыщIынур, дыгъуасэ псэуар нобэ щIым щыщ щыхъужкIэ. ЦIыхур дунейм ехыжа нэужь, абдеж гъащIэр къыщыувыIэ уи гугъэ? Дуней нэпцIщ мы дызытетыр, цIыхухэр зэи мы щIылъэм зэхуэдэ щыхъунукъым, ещхьыркъабзэу, адрей гъащIэми. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы зэрыщыIа, щалэжьа я IуэхущIафэхэм елъытауэ ахърэтми щызэщхьэщыкIынущ. Лейр зэи гъуркъым. Апхуэдэу щыхъукIи, Алыхьыр лейгъэгъущ, тобэ къэпхьыжмэ, гуэныхьым я нэхъ инри къыпхуигъэгъуфынущ.
- СлъэмыкIыу уи псалъэхэм сыдахьэх, ауэ си фIэщ хъуркъым сэ уэ хуэдэу гур хузэIухауэ нэмэз уахътыхэр блэзмыгъэкIыу схуэгъэзэщIэну. Апхуэдэу щыт пэтми, зыхызощIэ ар зэрыкъабзагъэр.
- Нэмэз щIыным и лъапIагъыр, абы и IэфIагъыр, къабзагъэр зыхэпщIэным нэхъ насып щыIэу сэ сщIэркъым. Ар уэ удезгъэхьэхыну, уи гур хузэIусхын къудей папщIэ жысIэркъым. НтIэ си щхьэкIэ сымыгъэунэхуамэ, сэр дыдэм къызгурымыIуэнри хэлът.
- Уэ хэт диным удезыгъэхьэхар?
- Си анэшхуэм.
- Пэж дыдэу, сыхуейт къурIэн къасщтэу седжэну, нэгъуэщI мыхъуми, зы Iущагъ гуэр мы гъащIэм къыщысхуэсэбэпыну къыщызгъуэтынуми сщIэркъым. Ауэ дэнэ щыIэ апхуэдэ хущIыхьэгъуэ?
- Хуабжьу фызэрыхэгъаплъэрэ? – щIэупщIащ къыщIыхьэжа Резуан.
- Ар Iуэхукъым, ауэ дэнэ иджыри къэс уздэщыIар? – щIэупщIащ Заур.
- Хъыджэбзхэм я дей, сыкъаумытIыпщыжу, сэ сыжеин хуейщ, жысIэри сакъыфIыщIэпхъуэжащ.
- Щхьэ укъэмынарэ, я лъэпагъым уилъу ужеинт?
- Ы, хъунут, ауэ ар Ася зэхихыжамэ, сыкъелын уи гугъэт?!
- Апхуэдизу а уи пщащэм узэригъэшынэфыр сщIакъым, – къахилъхьащ и псалъэ Хьэруни.
- Пхуэшынэнщ уэ ар, Iейуэ.
- Фэ Ася и Iэмалхэр фщIэркъыми, апхуэдэу жывоIэ, абы и нитIыр къыптриубыдэу уи нэгу къыщиплъэкIэ, гум илъыр къриджыкI хуэдэщ.
- А жыхуэпIэм укъэсыжащ, куэд щIауэ лъэныкъуэкIи уеплъэкIыж хъункъым, тхьэмыщкIэ.
- Хьэуэ.
- Дыгъуасэ узыщIыгъуу слъэгъуа тхьэIухуд цIыкIур хэт-тIэ?
- Ар си ныбжьэгъуу аращ.
- Апхуэдэ хъыджэбзу хъуар уи ныбжьэгъу?
- Си тхьэрыкъуэ пщэху цIыкIум фIэкIа къэмынэу адрейхэр, нтIэ.
- Хъунщ, иIэ, дыгъэгъуэлъ, Хьэруни дгъэжейркъым, уэ тхьэрыкъуэ пщэхуу уиIэ псор къедбжэкIмэ, нэху къыттещхьэни!

Заур жейм езэгъыркъым, зэ зымкIэ зегъазэ, зэм адреймкIэ. Хьэрун куэд щIащ зэрыхилъафэрэ, Резуанщи, и пырхъ макъым пэш блынджабэхэр къыдэпсалъэ хуэдэщ. Унэри хуабащэщи, бэуапIи бгъуэтрэ! Къотэдж. Щхьэгъубжэр Iуех.
Жьы щIыIэтыIэр псэм фIэфIщ, къыIумыкIыжыфу доплъри щытщ. И лъабжьэм къыщыблэ щIыб уэздыгъэхэр фагъуэу щIылъэр ягъэнэхурэ нэху щыным хуэпIащIэу жэщ хьэлъэр ирахьэкI хуэдэщ. Уафэр зэхэуфащи, уэгум вагъуэхэр ису плъагъуркъым.
Пщэдей уэлбанэу щытыну къыщIэкIынщ. Кърырешх. Мы хуабэвэхыр цIыхухэм яхуэхьыжкъым. Гъэмахуэр пасэу къызэрыкIуам щыгуфIыкIахэми, иджы дыгъэвэхымрэ уэгъумрэ псэ зыIутым я щхьэр щIрегъэхьэ. Бжьыхьэр къэсащэрэт. ГъэщIэгъуэнщ, ей, мы цIыху цIыкIури, гъэмахуэм щIымахуэ жаIэ, гъатхэм - бжьыхьэ. ЩIыIэри ягу техуэркъым, хуабэри яхуэшэчкъым. Гъэмахуэпэ мазэр егъэлеяуэ хуабэщ, апхуэдэурэ екIуэкIмэ, гъавэ бэвкIэ умыгугъэ. ХьэцэпэцэхэкIхэм, фошыгъухэм я уасэхэм хэхъуэнщ. ХуэмыщIа, зи улахуэ мащIэм тес цIыху къызэрыгуэкIхэрщ абы хилъэфэнур, мылъку зыбгъэдэлъхэм къемыхьэлъэкIыу сыт хуэдиз имыуэсами, къагъуэтынущ. Ихъуреягъыр щымщ, Резуан и пырхъ макъри зэпыуащ. Жьапщэшхуэ къыкъуэуащи, тхьэмпэхэм я щхъыщхъ макъри нэхъ ин зэрыхъуар зыхыбощIэ. Уэшхми зигъэгувэжакъым, кърикIыхыу щIидзащ. Унащхьэм телъ къэнжалым теткIуэ ткIуэпсхэр нэхъ ин хъу зэпытщ. Уафэр мэхъуэпскI, щIалэр Iутщ щхьэгъубжэм, и псэм фIэфIщ уэшх къежэхыр, уафэм къех псыIагъэм щIылъэр игъэщIыIэтыIэрэ зэщIитхьэщIэ хуэдэщ. Заур и гум жьы дэхупIэ игъуэтыжауэ къыщохъу. Дахэщ мы дунейр гъэм и сыт хуэдэ зэманми - уэсыр къыщеси, дыгъэр къыщепси, уеблэмэ уафэр я нэхъ ину щыгъуагъуи, абы зэи теплъэ Iей иIэкъым.
Уэшхыр нэхъ ин мэхъу, щхьэгъубжэм къыдэшхыкIыу щыхуежьэм, хуещIыжри, мэгъуэлъыж. Жейм, зикI, нобэ езэгъыххэркъыми. Гупсысэ мыфэмыцхэм псэхупIэ апхуэдэурэ дяпэкIэ кърамытынумэ, къэсыжакъэ?
И адэр къигъуэтыжами, и анэр дэнэ здэщыIэр?! Динэ къишауэ илъагъуну пIэрэ?! И щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну еджакIуэ кIуэну?! И гъащIэр дяпэкIэ дауэ зэрыхъунур? УпщIэхэр жэуапыншэми, езым зэрылъэкIкIэ, и акъылым къызэризагъэкIэ, жэуапкIэ зэрапэджэжынум яужь итщ.
КъехъулIэрэ ар абы? IупщIкъым. Ауэ наIуэщ, гугъуехь къыкъуэкIми, сыт хуэдэ лъакъуэпэщIэдз гъащIэм къыхуимыщIами, абы къыпикIуэтынкъым.
Ар хьэзабу псэкIэ игъэва псоми япсыхьащ, гугъуехьым лIы ищIащ, апхуэдэу жыпIэ хъунумэ.
КъызэрыщIидзам ещхьыркъабзэу, уэшхри зэуэ теужащ. Заур хуоплъэкIыж нобэрей, хьэуэ иджы дыгъуасэм щыщ хъужа махуэм. И пщащэм зэрыхуэзамрэ Хьэрунрэ езымрэ зэрызэпсэлъылIамрэ. ЩIалэфIщ ар, абы и гу къабзагъэр имыгъэщIэгъуэн лъэкIыркъым. Диныр нэсу зыхэпщIэну, абы къыпхуигъэув къалэнхэм утетыну тыншкъым. Апхуэдэ цIыхум дауэ-тIэ, пщIэ зэрыхуумыщIынур?! Зы лъэныкъуэкIи езыри йохъуапсэ абы хуэдэу щытыну, ауэ щIалагъэ-делагъэхэр къытокIуэри, къокIуэтыж.
Хьэрун нэхърэ нэхъ къарууншэуи къыщIэкIынкъым, ауэ дин и лъэныкъуэкIэ лIыгъэншэщ, зыпэщIэувэжыфыркъым. Ауэ, адрейхэм хуэдэу, я лIыгъэмрэ я акъылымрэ зэрахуримыкъур ирищIахъумэу ислъамым хуэпсалъэу щыткъым ар…
Къэушащ. Сытуи псынщIэу нэхуи ща? Гъуэлъа къудейт, жеинкIи ирикъуакъым, къэмытэджуи хъунукъым, нобэ дэс щхьэкIэ, экзаменым зыхуигъэхьэзырын хуейщ. Хьэрун сыми щIэскъым, я Iуэху яужь ихьэжахэу къыщIэкIынщ. Сыхьэтий хъуа къудейуэ аращ, дэнэ-тIэ мыхэр здэкIуар? «Жэщым сыжеифыркъым, пщэдджыжьым сыкъэтэджыну сыхуейкъым», - жеIэ игукIэ. Ауэ, жей IэфIыр сыт хуэдэу къытемыкIуами, къехьэлъэкIыурэ къотэджри, и пIэр зэлъыIуех.
- Уи пщэдджыжь фIыуэ! – зыкъыхуигъэзащ щIакхъуэрэ джэдыкIэрэ къэзыщэхуу къыщIыхьэжа Резуан.
- НэхъыфIыжу, дэнэ фыщыкIуэдар?
- Сэ дызэрызыIурыун къэсщэхуну сыщIэкIащ, Хьэрун еджапIэм кIуащ. Уэ зы лIы гуэр къыпхуейуэ общежит бжэIупэм къыщыппоплъэ.
- Хэту пIэрэ?
- СщIэркъым, ауэ абы зыхуэбгъэзэнуи ухуейкъым.
- Сыт щхьэкIэ?
- Нэхумыщым ефауэ фадэмэр къыжьэдихрэ гъунэгъуу убгъэдэмытыфу апхуэдэщ. Езыри зыхэлъар мыгурыIуэгъуэу зэхэуфIеящ. ХъумакIуэм къыщIигъэхьэркъым, и щхьэр пылэлу щIыб тетIысхьэпIэм тесщ.
- ГъэщIэгъуэни?! Хэт апхуэдэу сцIыхур, сыплъэнщи, сыкъыщIыхьэжынщ.
ЗитхьэщIщ, зызэпилъэщIыхьыжри, псынщIэу ехащ. Ар къилъэгъуа нэужь, щIалэр абы бгъэдэмыхьэну мурад ищIат, ауэ хущIегъуэжри, а лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ.
ГущыкIыгъуэщ абы уIуплъэну, псом хуэмыдэу аркъэ птулъкIэр щигъэщIейкIэ. ЛIыр къоплъ, езыми и нэр тригъэкIыркъым, хуейкъым мыр и ныбжьэгъухэм къыдалъагъуну. Ауэ, итIани, щIалэм зыхищIэжу мы къыбгъэдэсыр лъыкIэ и гъунэгъу цIыхущ…
ТIури щымщ. Заур упщIэр и куэдми, зиIыгъщ. ЛIыри хоплъэ, зы зэман къыдоплъей, и нэ утхъуар къыбгъэдэсым треубыдэри, заулкIэ апхуэдэу щысхэщ.
- Сэ уи дей сыкъэкIуащ, услъагъуну.
- Солъагъу!
- Сэ уэ узикъуэщ.
ЩIалэр щэхущ, и жьэм къригъэкIуу хужымыIэми, игукIэ «дэнэ нэхъапэм уздэщыIар», - жиIэ хуэдэщ. Ауэ хуэмышэчу щIоупщIэ:
- Сэ адэ сиIэ?
- Лейр гъуркъым, сэ ар къысщIэкIуакъым, абы сыхущIегъуэжуи си гъащIэр ди нобэм къэсхьэсащ.
- Дауэ къэбгъуэта сыщыпсэур?
- Тимур къызжиIащ.
- Сэ сщIэну сыхуейщ, сыт къуаншагъэт злэжьар, апхуэдэу сыхыфIэвдзэну?
- СщIакъым икIи сыхуеякъым Iуэхур апхуэдэу куу хъуну. Ауэ Алыхь Iэмыру къыщIэкIынт ар псори.
- Си анэр дэнэ здэщыIэр?
- Сэри сщIэну сыхуейт а уи упщIэм и жэуапыр. Сыщыгъуэзакъым уи гъащIэр апхуэдэу къекIуэкIауэ, Тимур къызжиIэжащ уэ сабий унэм укъызэры…
АдэкIэ хупымыщэу, зэпыуащ Хъызыр и псалъэр.
- Уэ щхьэ умыщIарэ ар нэхъапэм?
- Уи анэр къыщысцIыхуам сэ щхьэгъусэ сиIэт, ауэ, абы апхуэдизкIэ сыдихьэхати, сэ унагъуэ сызэриIэр щызбзыщIри, сыкIэлъыкIуэу къэзублат. Гувауэщ сабий дызэриIэнур къыщысщIар. Пэжыр пщызмыбзыщIыххэу бжесIэнщи, пэзубыдат аборт иригъэщIыну, ауэ хэкIэсат апхуэдэ Iуэху яужь ихьэну. СщIакъым абы лъагъуныгъэ сэ къысхуищIауэ. Абы деж сымыкIуэурэ, мазэ бжыгъэ дэкIауэ, щытезгъэзам, сигъэгуфIэну, лажьэ зэриIэр къызиIуэкIат, ауэ, сощIэж, сыкъэгубжьри, си жьэм къихьыр тестхъуэщ, ныбэм илъ сабийр имыукIмэ, афIэкIа къытезмыгъэзэну къэзгъэгугъэри, сыкъыщIэкIыжат. Сэ, дауи, сытегузэвыхьырт зэтекъутэнкIэ хъуну си унагъуэм, мыдэкIэ цIыхухэм къысхужаIэнуми сигъэгупсысэрт. Си гугъащ сIэщIэщIа щIэщхъум зыщызгъэпщкIумэ, абы пэIэщIэ зысщIмэ, ар къысхуэгъуну. ЖысIэмэ, фэрыщIу къыпщыхъунущ, ауэ зы махуэ IэфIу сыжеяуэ сщIэжыркъым къуэ сиIэу къызэрысщIэрэ, а сабийр здэщыIэм, ар щыхэтым, и псэукIэм семыгупсысу. Апхуэдиз илъэсми ар псоми щызбзыщIрэ кIуэцIкIэ згъэву нобэм къэсхьэсащ.
СыщIегъуэжырт фэ фыкъызэрызгъэнам. Аннэ, арат уи анэм зэреджэр, сызэрелъэпэуар къысхуимыгъэгъуфу, икIи езыри зыпэщIэувэжу тпэIэщIэ уищIауэ арагъэнт, ауэ, езыри ди щIыпIэм иIэпхъукIыжри, сэ абы иужькIэ сыхуэзэжакъым.
- Уэ жыпIащ «иIэпхъукIыжри», сыт, ар мы щIыпIэм щымыщауэ ара?
- Мыбы лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIэну къэкIуа цIыхубз гуэр цIыхугъэ хуэхъури, Тыркум щыщ адыгэ къуажэ Жаныкъуей жыхуаIэм здишэну къыщигъэгугъэм, тегушхуэри, абы Iэпхъуат. ИужькIэ сэри абы сыхуэзэжакъым. Къысщыгъупщэрт мыри, - и гуфIакIэ жыпым къыдихащ зэманым фагъуэ ищIа сурэт гуэр. Мыри къэзгъуэтыжащ, унагъуэ сурэтхэм хэзэрыхьауэ. Езым къызитыгъат, схухыфIэмыдзэу гъэпщкIуауэ альбомым дэслъхьэри хъума хъуащ.
Сурэтыр къещтэ, щхьэц сырыху дахэ зытет цIыху къамылыфэр и нэIуасэ хуэдэщ, хьэуэ, къыфIэщIу къыщIэкIынущ, дэнэ ар абы щицIыхур, мыр и анэр пэжу пIэрэ? ГъэщIэгъуэнщ, абы гу кIуэцIылъ, адрей цIыхухэм ещхьу къеуэу. Сурэтыр иIыгъщ, абы къищ цIыхубзым и нэгум йоплъэри, и нэми щIоплъэ, къищIэну хэт хуэдэщ абы и дуней тетыкIэр, хэлъ хьэл-щэнхэр. Ауэ мащIэщ къаIуатэр. Къыбгъэдэсым къыжриIэхэри зэхимыхыжу, езым и гупсысэхэм хыхьэжауэ абы кхъухьу щос. Еджэфыну мы лIым адэкIэ, сыт хуэдэу зимыгъэзэхуами, зыхуэухеижыну пIэрэ Хъызыр?!
Хущытыфыну абы къилъхуа быныр зэрыхущытын хуейм хуэдэу. Фадэм фIэкIа нэкуи напIи зимыIэжым сыти и пэрмэныж иджы, сыти и мыхьэнэж лIакIи псэукIи…
Хъызыр ефэну птулъкIэр егъэщIей. - Уемыфэ, хыфIэдзэ мы фадэр! - ЛIым хуэмурэ птулъкIэр ирехьэхыж, и нэпсми къызэпажыхьауэ щIалэм йоплъ. Заур къыгурыIуэжыркъым абы щIыпэрыуар, ар ефэкIи емыфэкIи и Iуэхуу хэлъыр сыт?
Хьэуэ, а лIыр абы адэу къыхуэлъытэнукъым, ауэ, итIани, ар и хамэуи хужыIэркъым. ПсэкIэ зыхещIэ лъыкIэ ар зэримыхамэр, жиIэну хуэмейми, и адэу зэрыщытыр. Ар абы нэсу и фIэщ хъуащ.
Хъызыр и щIалэр къызэрыхуэгумэщIам хигъэплъарэ, абы и чэфри пкърихужауэ, щысщ, къигъэдзыхауэ. И гуапэ хъуащ фадэр къыщиIэтым емыфэну ар къызэрелъэIуар. КъыфIэщIащ хуабагъэ гуэр къыхуиIэу, абы и гур къызэфIэзэрыхьащ. ЦIыхухэм щибзыщIыну хэтми, унагъуэм абы щиIэ пщIэр зэрыщехуэхар, и бынхэми ар нэхъыжьу, адэу, и фызми щхьэгъусэу зэрамыбжыжрэ куэд зэрыщIар ещIэ. ЕщIэ ар фадафэ зэрыхъуам зэризэраныр. Хамэхэми ар ялъэгъуамэ, Iумпэм къызэращIри, псори фIы дыдэу зыхищIэ мыхъуу къыгуроIуэ, ауэ сыт и Iэмал. ЗыпэщIоувэж, ефэныр хыфIидзэжыну мурад ещI, ауэ къехъулIэркъым, лъэкIыркъым зэрыхуа щытыкIэ гугъум къикIын. Апхуэдэу зэгуэр ар, дауи, щытакъым, иIащ абы зэманыгъуэ, Заур ещхьу щIалэ Iэдэбрэ зэтету. ИIащ, пщIыхь IэфIу иджы и нэгум къыщIэувэжми.
Пэжщ, и щIалэм здеплъым, зигъэкъуэншэжу къыщIэкIынщ абы къытехьа леймкIэ. Хэт ищIэрэ, мы ныбжьыщIэр зеиншэу къызэрыхъуам, абы гугъуехьу игъэвам и гуэныхьым имыгъэкIуауэ арауэ пIэрэ насыпыншэу къыщIэнар. И къуитIымрэ иджыри фIы дыдэу имыцIыху Зауррэ зэрегъапщэ, щыми яхэдэфынукъым, ар къыгурыIуащ иджыпсту. Ауэ я хьэл-щэнкIэ, дуней тетыкIэкIэ зэрегъапщэри, мы щIалэр псом нэхърэ нэхъыфIу къыфIощI. IупщIкъым чэфыгъэ зэриIэм апхуэдэу къыщигъэхъуми, наIуэр зыщ, зэ-тIэу фIэкIа умылъэгъуар занщIэу къэцIыхужыгъуафIэкъым… Аннэ. И нэгум къыщIоувэж а цIыхубз дахэр. Ауэ зэуи Заур и щхьэм кърикIуахэм щегупсысыжкIэ, гущыкI хуещIыж. Щхьэ сабий унэм иритат? Анэгур апхуэдизу быдэу сыт къыщIыщIэкIар? Хьэуэ, езыращ псом япэу жэуап зыхьыпхъэр.
Аня, Аня, ди сабийр зеиншэу къэбгъанэу дэнэ мыгъуэ уздэкIуар, зыгуэрым удэкIуэжу, бын дэбгъуэтыжауэ упсэурэ? Си фIэщ хъуркъым а уэ уиIа гу щабагъэм уи кIуэцI къикIар хыфIэбдзэну хузэфIэкIауэ. Ауэ сыт сщIэн, сэ си нитIым ялъагъур щыхьэт сфIытохъуэ…
Щхьэ сыкъыщIэкIыжат а пщыхьэщхьэм уи деж, уи нэкIу дыхьэрэн дахэм нэпсхэр къытелъэдарэ угъуэгыу укъэзгъанэу. Укъызэджат. СыкъызэплъэкIащ. Нэхэр къызэлъэIу хуэдэт, жаIэу уIумыкIыж, сэ ар къиздзакъым, сыщIалэт. СщIакъым, къызгурыIуакъым уэ апхуэдэу фIыуэ услъэгъуауэ, иужькIэщ сэ ар къыщызгурыIуэжар. Ауэ абы щыгъуэм уэ усфIэкIуэдакIэт.
Уэ, е тIуми ди насыпыншагъэти, пщызбзыщIащ сэ пхъу, унагъуэ сызэриIэр.
Сыту Iей IэфракIэр къэбгъэш зэрымыхъур, сэ абы сынэсу щытамэ, сфIэIэфIыпсу седзэкъэжын мыгъуэти.
БлэкIар блэкIащ, сэ сыпсэун хуейщ, мы щIалэм и хьэтыркIэ. АфIэкIа зыIуслъхьэнкъым зы фадэ ткIуэпс, сэ сщIынщ ди сабийр насыпыфIэ. СызыпэщIэты­жынщ, гъусэ сщIыжынкъым си ефэгъухэри, лэжьапIэми сыкIуэнщи сыувыжынщ, нобэ нэхъ пIалъэ къыхэзмыгъэкIыу, селъэIунщ директорым. СхузэфIэкIынущ къэзгъэзэжын, къэзыгъэзэжри Алыхьым ищтэу жаIэ, хэт ищIэрэ, пэж гуэри хэлъынкIи хъунщ.
- Къэуш, - и Iэр трилъхьащ Заур. Хъызыри и напIэр зэтрихри, и гупсысэхэр зэпызыуда ныбжьыщIэм хупыгуфIыкIащ.
- Хъунщ, си щIалэ.
Заур ищIэнур къыхуэмыщIэу утыкум итщ, лIыр къыщинэу щIыхьэжынуи и гум къыхуидэркъым, зы лъэныкъуэкIи къэзылъагъухэм ящоукIытэ.
- НакIуэ, унэм ныщIыхьэ зыбгъэпсэхунщ.
- СыкIуэжынщи нэхъыфIщ, ауэ сынолъэIу дызэфIумыгъэкIуэдыну, хъуххэнумэ, сыхуейщ си деж унэкIуэжыну.
ЩIалэм ищIэркъым жиIэнур, лIым и жагъуэ ищIыну хуейкъым. Сэлам зэрахыжри, адэр къыхуеплъэкIыжурэ, IуокIыж. Заур, абы здыкIэлъыплъым, хущIогъуэж и пэшым зэрыщIимышамкIи, нэгъуэщI мыхъуми, игъэкIуэтэжын хуеяуи къыщIэкIынщ. Зегъэкъуэншэж, къыщохъуж гу щIыIэу хущытауэ. Абы къыIэщIэна, игъащIэм имылъэгъуа и анэм и сурэтым йоплъ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Сурэтхэр СэвкIуий Хьэмид ищIащ.

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: