НОБЭМэлыжьыхьым и 16, гъубж Макъым и дунейпсо махуэщ 1905 гъэм Урысейм и япэ профсоюзыр - печатым и лэжьакIуэхэм ейр - къызэрагъэпэщащ. 1920 гъэм цIыхубэ милицэм и Налшык управленэр къызэрагъэпэщащ. 1934 гъэм СССР-м и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и унафэкIэ ягъэуващ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 24-рэ, жэщым градус 11 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Фащэм я нэхъ дахэр укIытэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
|