ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ

Рассказ

2 Iыхьэ

  Сурэтхъан  и макъыр нэхъ щэху хъуурэ, тIысыпэри, щым хъуащ. И гур къызэфIэзэрыхьа хъунт.

    - Псы тIэкIу уеIубын? – сыкъэгузэвэжауэ соупщI.

    - Хъунт, тхьэ.

 Псы стэчан къыхуизгъэхъуам, Iэдэб дыдэу зэ йоIубри, къызетыж.

    - Упсэу, дахэ.

   Сэри, зы щытыкIэ дахэ иджыри дэслъэгъуащи, пщIэ хуэсщIыр нэхъ лъагэж хъуауэ соплъ, и макъыр зэтрегъэувэжри, пещэж.

   - Сытми, си мураду хъуар щэщэжащ, хэку зауэшхуэр къыщыхъеям. Къуажэм цIыхухъуу дэсыр зауэм дэкIащ, си дэлъхуищри, си псэм и щIасэри яхэту. Темыркъан дыжьыным, дыщэм ирилажьэрти, хъурей пIащIэ цIыкIу хъужауэ, тIуми ди цIэхэр тету, си пщэм исщIэну дыжьынхэкI къызитат зауэм щыдэкIым. Си гур зэгуэуду, си псэр питхъыу къызэхьэлъэкIыу ежьахэщ. Зауэр и кIэм нэсри, си дэлъху нэхъыжьым къигъэзэжащ, адреитIыр яукIат, Темыркъан хъыбарыншэу кIуэдахэм хабжащ. Си дэлъхуитIри, фIыуэ слъагъури згъеижурэ, нэпсу сиIэр щIэзгъэкIат, си гуIэм гъунэ иIэжтэкъым. Зауэр щиухам илъэс тIощIрэ тIурэ сыхъурт, си дэкIуэгъуэти, лъыхъу куэд сиIэт. СыдэкIуэну сытегушхуэн дэнэ къэна, си напIэр къэсIэту цIыхухъу сеплъыфыртэкъым. Къуажэ еджапIэхэр къызэрагъэпэщыжа нэужь, егъэджакIуэу сыуващ. МахуэкIэ лэжьыгъэм сыдихьэхырррт, сытригъэурт. Хым дыпэмыжыжьэу дыпсэурти, сыт хуэдизрэ жэщым сыкъэтэджыжурэ сыкIуэрэт?! Зыри зэран къысхуэмыхъуу, си макъыр сыутIыпщу сыгъыну, си гу бампIэр дэсхыну, Темыркъан здэкIуамрэ, къыщыщIамрэ сегупсысыну сыкIуэу арат хы Iуфэм. Псы макъым си макъыр хэгъуащэрти, сешыху сыгът – сыгъти, нэхущым унэм секIуэлIэжу арат. Ауэрэ, зэманым сыкIэлъэщIэмыхьэу кIуэрт. Махуэ гуэрым си дэлъхум хадэмкIэ сришащ, къызэпсэлъэну.

    - Сурэтхъан, уи ныбжьыр хокIуатэ, щхьэгъусэншэу укъэнэнущ, жызоIэри согузавэ, - жи, - удэкIуамэ, хъунт. СощIэ, уэ Темыркъан фIыуэ плъэгъуат, узэжьэри ара хъунщ, ауэ зауэр гуащIэу щытащ. Сэ ар лIащ, жысIэу аракъым, ауэ, псэу уи гугъэурэ, гъащIэр блумыгъэкI.

   СыукIытэрт, си жьэ хуэзгъазэу зы псалъэ жесIэфакъым дэлъхум, си нэпсхэр къежэха мыхъумэ. Езыми, егупсыс, жиIэри, IукIыжащ.

   Зэ псым зезгъэтхьэлэжыну хым сыхыхьат, ауэ Алыхьым, си анэ сымаджэм, си дэлъхум дежкIэ сыплъэри сыхущIегъуэжат. Ауэ куууэ сыхыхьати, сыпэмылъэщурэ, сымэхащ. Толъкъуным хы Iуфэм сыкъытридзэжауэ сыкъагъуэтыжащ. Абы и ужькIэ си дэлъхум «дэкIуэ» жиIэжакъым зэи.

   Сежьэрт. Сежьэрт Темыркъан. Си бостейр жьыбгъэм зэрихьэу, си бэлътокур  нэпсым псыф ищIауэ, куэдрэ хы Iуфэм сыIутащ, уафэм сыдэплъейрэ, сызэхих си гугъэу Тхьэм селъэIуу.

   ЕгъэджакIуэхэм я съезд щыIэти, сагъэкIуащ. А съездым, Людэ сымэ я адэм сыщыхуэзащ. Алимт и цIэр. ИлъэситIкIэ си ужь итащ ар. Сэ си гум илъыр нэгъуэщIт, си напIэ къэсIэту сыкъеплъыртэкъыми, сепэгэкI, зэзмыпэс я гугъэт псоми. Пэжщ, езыр цIыху гуакIуэт, гъэсат, дахэт, ауэ сыдэкIуэну сыхуейтэкъым. Зыми. Къэбэрдейм къикIыурэ, шапсыгъым  нэс накIуэрт. ЦIыху къулейти, мылъкукIэ сыдихьэхыну хэтт, ауэ къехъулIэртэкъым. Си дэлъхур къыкIэлъыплъщ – ныкIэлъыплъри, щIалэ хъарзынэ хуэдэщ, укъыдэнэжауэ къыплъохъу итIани, жиIэщ, бзаджагъэкIэ Алим и машинэм срагъэтIысхьэри, сыдэкIуа хъуащ. ИкъукIэ унагъуэфI сыхэхуат, сызыхуей сыщагъащIэртэкъым, лэжьапIи сагъэувыжат, ауэ си щхьэгъусэр фIыуэ схуэлъагъуртэкъым. ПщIэшхуэ хуэсщIырт, нэмыс кIэлъызесхьэт, ауэ си гур кIэрыпщIэртэкъым. Алим быниплI дэзгъуэтами, сытым дежи си гум илъар Темыркъанщ. Зы цIыхум укъамыщIэу, зыми уи губампIэр хуумыIуатэу упсэуну сыту гугъущэ, дахэ! Уэр фIэкI зы цIыхум хуэсIуэтакъым мы хъыбарыр.

   Сурэтхъан и нитIым нэпс къытелъэдар къыщIимыгъэжыну и ужь итт, сэ сыщысу мыгъын папщIэ, ауэ уэздыгъэм и нэху мащIэр тIэкIу-тIэкIуурэ и нэхэм нэхъ къищ, къицIуукI щыхъум, си щхьэр есхьэхащ, и нэпс нэгум къыфIытелъэдар «сымылъагъуу» илъэщIыжыху.

    - НтIэ, иджыри къэс Темыркъан и хъыбар зэхэпхакъэ? – си щхьэр къызоIэтыжри соупщI.

    - ИлъэсипщI и пэкIэ Тыркум ди благъэ къикIыжат, тхуэхьэщIэну. Ди лъэпкъэгъухэм сыт я псэукIэ, жысIэу сыщеупщIым, мыбы мыр и IэщIагъэщ, мобы мор и  къэлэнщ, жиIэурэ къысхутепсэлъыхьащ. Темыркъан и цIэ унэцIэри къриIуащ! Тыркум зыгуэрурэ гъащIэмрэ зауэмрэ ядзат. СыукIытэри сыщIэупщIэжакъым, сцIыхуу зыкъезгъэщIакъым. ЗэрыжиIамкIэ, Анкара дэсщ. ГъащIэм дызэщIичами, нэсыпыфIэ хъуауэ, гугъу емыхьауэ сыщогугъ. Иныкъуэхэм лъагъуныгъэ щымыIэу жаIэ. ЩыIэщ! ЩыIэщ, дахэ цIыкIу! Сэ сIэщIэкIа лъагъуныгъэм и пIэкIэ гъащIэ тынш Алыхьым къызитат, ауэ сригуфIэфакъым.

   Сэ къызгурыIуат, япэу мы фызыжьыр щыслъэгъуам и нэр игъэплъызурэ зэгупсысар.

    - Темыркъан тыгъэ къыпхуищIар зепхьэрэ иджыри къэс?

    - Тхьэ, зызохьэм. Мис! – жеIэри, дыуэ цIыкIу и пщэм кърех.

    - Мыр дыуэщ.

    - Унагъуэ сыщихьам, фэм кIуэцIыздэри, дыуэ хуэдэу си пщэм ислъхьэжащ. Сыт къэмыхъуами иджыри къэс къисхакъым зэ! Си гум и гъунэгъуу илъщ. Иджы къисхыжыну сыхуейщ. Модэ мо лэныстэр къызэт, кхъыIэ!

   Лэныстэр IэщIэслъхьа щхьэкIэ, тIэкIурэ мэгупсысэри къызетыж, дыуэри щIыгъуу:

    - Уэ тIэпIи, къыкIуэцIых, - жи.

   Сэри зи гур къызэфIэзэрыхьа Сурэтхъан сфIэгуэныхь хъури, стIэпIащ дыуэр, сыхуэсакъыпэурэ. Дыжьыныр къыкIуэцIысхащ, ауэ тIууэ зэгуэщIыкIат!

    - Ан-на! ЗэпыщIыкIащ, дауэ къыпщыхъурэ?! Ярэбий, сыту пIэрэ есщIа мыгъуэр?! Сыхуэсакъыпэу зесхьэ си гугъэжти… Хьэмэрэ, зыгуэрым и нэщэнэ?! - и Iэпэ псыгъуэ зэлъахэр кIэзызу къоIэбэри, сIэщIех.

   Сурэтхъан и гур зэрыхэщIам щхьэкIэ, схуэмышэчыжу си нэм нэпсхэр къыщIоувэ.

    - Еплъыт! – къызетыж дыжьын IыхьитIыр.

   Сеплъмэ,  зы лъэныкъуэм «Сурэтхъан», адрейм «Темыркъан», жиIэу тетт. ЗэхуэдитIыпсу зэпыщIыкIат, ди щхьэщыгум итым, езы тIур зэрызэкIэщIичам хуэдэу.

   Зыкъомрэ щыму дыщыса нэужь:

    - Упсэу, укъызэрызэдэIуам папщIэ! – жеIэри, си IитIыр щабэу къещтэри, екъуз. – Уэ ухъыджэбз губзыгъэщ, си хъыбарым дерс гуэр къыхэх! Алыхьым насыпыфIэ дыдэ уищI, уи мурадхэр тхьэм къыуигъэхъулIэ!

   Пщэдджыжьым жьыуэ сыкъэтэджри сыкъызэфIэтIысхьащ. Сурэтхъан и дыуэр зэкIуэцIидэжу щыст.

    - А, Iей, укъэзгъэуша?! – жи.

    - Хьэуэ, нанэ, умыгузавэ. И гъуэ нэсати, сыкъэушауэ аращ.

   Зыдохуапэри, дыкъыщIокI. Людэ пщэдджыжьышхэм и Iуэху зырихуэу пщэфIапIэмкIэ щIэтт.

   Сурэтхъан яшэжыну, машинэм щитIысхьэжым, Iэ къысхуищIри сызэбгъэдишащ. Сэлам къыщызихыжым, зыгуэр си Iэгум кърилъхэри, гуапэу си нэм къыщIэплъащ. Сэри ди унэм сыкъэсыжа нэужьщ, си Iэгу ундэрэбжьар щызэтесхар. «Сурэтхъан» жиIэу зытет дыжьын Iыхьэр къысIэщIилъхьауэ арат, адрейр дыуэм ирилъхьэжри.

   МазитI нэхъ дэмыкIыу Сурэтхъан дунейм ехыжащ. Уэсят ищIри,  дыуэр и пщэм зэрилъу щIалъхьащ. Ар щызэхэсхам, Iейуэ сыгъауэ щытащ, си гум щIыхьэри. Сурэтхъан и фэеплъу къысхуэнар си пщэм исщIэри илъэсищкIэ зесхьащ.

 Тыркум сыкIуат, абы дэс ди благъэхэр слъагъуну, сахуэхьэщIэну. Тхьэмахуэ сыщыIауэ,  мыпхуэдэ цIыхур дауэ къэзгъуэтыну, жызоIэри Темыркъан сыщIоупщIэ. Тхьэм щхьэкIэ, упщIэ лей къыхамыгъэкIыу, къэдгъуэтынкъэ, жаIэри и ужь ихьащ. МахуитIкIэ къалъыхъуауэ, Темыркъан илъэсиплI и пэкIэ дунейм ехыжауэ къахутэ. И кхъащхьэ слъэгъуамэ арат, зыи мыхъу, щыжысIэм, ари къысхуащIэ – кхъэм сашэри, Темыркъан и кхъащхьэр къыдогъуэт. Сыхэгупсысыхьауэ сыщалъагъум, си гъусэхэр IуокIуэт. Сэри лъэгуажьэкIэ сотIысри, сыным и гъунэгъуу кумб цIыкIу къызотIыкI, си Iэбжьанэхэм ятIэр дэз хъуауэ. Си пщэм илъ дыжьын Iыхьэр къызох, кумбым изолъхьэри, щIыр тызотхъуэж, Тхьэм дунеягъэкIэ зы фымыщIами, ахърэткIэ фызэригъэгъуэтыж, жызоIэри, кхъэм сыкъокIыж.

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться: