Челябинск къалэми зыкъыщрагъэцIыху

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ гъатхэпэм и 1 - 3-хэм Челябинск къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ республикэм СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.

Зэпеуэм хэта, илъэс 17 - 18 зи ныбжь спортсменхэр спорт лIэужьыгъуиплIкIэ зэхьэзэхуащ - псы есынымкIэ, фехтованиемкIэ, къызэдэжэнымкIэ, нэщанэ еуэнымкIэ. Абыхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, ди командэм хэт Воронин Артем, Къубей Сабирэ, Трещев Всеволод, Iэпщэ Темболэт сымэ зэхэту очко 3537-рэ къахьащ икIи абы и фIыгъэкIэ ещанэ увыпIэм дэкIуеящ.

Зэхьэзэхуэм щытекIуащ Башкирием и командэр, абы къыкIэлъыкIуэ увыпIэр Краснодар крайм и гъэсэнхэм яубыдащ.

ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым двоеборьемкIэ и цIыхубз командэр Челябинск къалэм щызэхэта урысейпсо зэхьэзэхуэми ещанэ щыхъуащ.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: