Ди щIалэхэм медалибл къахь

Владикавказ къалэм и «Манеж» спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ 16-м я бэнакIуэу 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуахэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалибл къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Бакъей Темболэтрэ (кг 38-рэ) Елмэс Къантемыррэ (кг 68-рэ). Дыжьын медалхэр къахьащ СантIыкъ Мусэ (кг 52-рэ), УнэлIокъуэ Сэлим (кг 68-рэ), Мусэ Амир (кг 100) сымэ. Хасауов Сэлихьрэ (кг 68-рэ) БжэныкIэ Тимуррэ (кг 75-рэ) ещанэ хъуащ.

Иджы екIуэкIа зэпеуэр Урысейм и ныбжьыщIэ командэм хагъэхьэнухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэу щытащ.

                   НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

Поделиться:

Читать также: