Нэхъ лъэщыр зэхагъэкI

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Налшык къалэм и «Каисса» шахматымкIэ уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхубзхэм я 66-нэ чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр. Абы щызэхуэзащ хъыджэбзих.

КIэух зэпеуэр къекIуэкIыгъуитIу зэхэтащ, псори тIорытIэ зэхуэзэу. ИкIи джэгугъуипщI абыхэм ирагъэкIуэкIа нэужь я зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжри, наIуэ къэхъуащ япэ увыпIэр Яныкъуей жылэм щыщ Жантудуевэ Амалие зэриубыдар.

ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къахьащ налшыкдэсхэу Ахъмэт Аминэрэ Мирзоевэ Лалинэрэ. ЕплIанэ увыпIэм къыщыувыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнейрэ и чемпион хъуа Гасиевэ Людмилэ.

                                      ТАМОКЪУЭ Едыдж.

 

Поделиться:

Читать также: