Бахъсэн щIыналъэ зэпеуэмБахъсэн щIыналъэм щыщ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо спорт лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ илъэси 8 - 14 зи ныбжь хъыджэбз, щIалэ цIыкIу.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыдащ Къубэ -Тэбэ къуажэм къикIа спортсменхэм. ЕтIуанэ хъуащ Бахъсэнёнкэ жылэм щыщ тхэквондистхэм. Ещанэ увыпIэр ялъысащ Къулъкъужын Ищхъэрэм и командэм.
Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ Къулъкъужын Ищхъэрэм и курыт еджапIэ №1-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ТхэквондомкIэ и федерацэмрэ.
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэр Бахъсэн щIыналъэм и командэм хэту республикэ зэхьэзэхуэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал ягъуэтащ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 12:26 →
Дызэрыпагэ гъуащхьэтет
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
|