Иджы Владикавказ къащыпоплъэ

КИФЩI-м боксымкIэ пэшэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ставрополь крайм и Суворовскэ жылэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту 368-рэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Ныр Идар (кг 54-рэ), Мартюшенкэ Алинэ (кг 57-рэ), Щауэжь Темырлан (кг 75-рэ), Шавердинов Аслъэн (кг 80), Занилов Идар (кг 86-рэ) сымэ.
Гъубжокъуэ Рустам (кг 51-рэ), Журавковэ Валерие (кг 50), Аджиковэ Дамирэ (кг 54-рэ) сымэ ещанэ хъуащ. 
Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэр Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Владикавказ къалэм щекIуэкIынум хэтынухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ икIи къыхэжаныкIахэм абы къащыпоплъэ. 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: