Спортыр узыншагъэм и лъабжьэщФизкультурэмрэ спортымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэужьыным, абы цIыху нэхъыбэ къыхэшэным мыхьэнэшхуэ республикэм щрат. Сыту жыпIэмэ, щIэблэ узыншэ диIэнымкIэ шэсыпIэхэм ар ящыщу къалъытэ. НобэкIэ спортымрэ физкультурэмрэ сыт щыгъуи зыхуэзыгъасэхэр цIыху мин 413-м щIыналъэм щыщIегъу ди деж икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, а бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ. Иужьрей илъэс зыбжанэм спорт ухуэныгъэшхуэу 14 республикэм щаухуащ. Абы къыдэкIуэу, мыдрей апхуэдэ IуэхущIапIэу щIыналъэхэм щыIэхэр къагъэщIэрэж, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщ. «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу республикэм и спорт ухуэныгъэхэм екIуалIэ гъуэгухэр зэпэщ мы гъэми ящIынущ. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым къриубыдэу щIыналъэм и апхуэдэ гъуэгуу 5 зыхуей хуагъэзэнущ, псори зэхэту километр 30 я кIыхьагъыу. Абы хохьэ Бабугент къуажэм Iэпщэрыбанэ спортым зыщыхуагъасэу дэт еджапIэм хуэкIуэ гъуэгур. Мыбы асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу гъуэгущIэ щытралъхьэнущ, лъэс лъагъуэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэблэнущ. Къулъкъужын Ищхъэрэм дэтщ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ спорт комплексышхуэ, Шордакъ къуажэм и Школьнэ уэрамымрэ Пролетарскэ жылэм Брянцевым и цIэр зэрихьэу щыIэ уэрамымрэ спорт площадкэхэр тетщ, Шэджэм ЕтIуанэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым спорткомлексым ухуешэ. Мыбыхэм псоми гъуэгу лэжьыгъэхэр мы гъэм щрагъэкIуэкIынущ, зэIузэпэщ ящIынущ. «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, республикэм и автомобиль зекIуапIэу псори зэхэту километри 100 зи кIыхьагъыр 2024 гъэм зэрагъэпэщыжынущ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 12:26 →
Дызэрыпагэ гъуащхьэтет
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
|