Абы дегъэпIейтей

КАВКАЗ ЗАУЭР «ШЫПСЭ ДАХАЩЭКЪЫМ» КАФФЕД-м Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей ирита жэуап

 

Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм 2020 гъэм мазаем и 13-м ирита интервьюм щыжиIахэмкIэ адыгэхэм я тхыдэр пхэнжу къигъэлъагъуэри лъэпкъри игъэпудащ.

Тыркум щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей адыгэхэм зэрытепсэлъыхьар

Мазаем и 13-м Абхъаз Республикэм и «Спутник» агентствэм Тырку Республикэм щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэбгъэдэт щIыкIэм тепсэлъыхь пэтрэ, адыгэхэм ятеухуауэ псалъэ зыбжанэ жиIащ.

ТХЫДЭМ ХИМЫЩIЫКI КЪУДЕЙКЪЫМ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей жэуап ирет

Дунейм адыгэу тетыр зыгъэпIейтея, Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъым зэгуигъэпа адыгэ зэгухьэныгъэхэм язщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэри. Дипломатым лъэпкъ псом тхыдэм къыпхиха и пщIэр игъэлъэхъша къудейкъым, зыгъэкIуа къэралри, и псалъэхэр щыжиIа Тырку Республикэри, ар зэхэзыхыжа дунейпсо цIыхубэри хъыбар нэпцIым и пащхьэ иригъэуващ.

Апхуэдэр пщыгъупщэ хъунукъым

1920 - 1940 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа политикэ зэхэзехуэм лъэпкъ куэдым щыщ мелуан бжыгъэ хэкIуэдащ, цIыху гъащIэ, унагъуэ куэд зэхикъутащ. Политикэ зэхэзехуэн ящIахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу, Омск областым хыхьэ Тарэ къалэмрэ Тарэ районым хыхьэ Пологрудовэ жылагъуэмрэ щыгъуэ пэкIухэр щызэхэтащ.

Псы уэрым пэлъэщакъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым щыпэ­щIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым бадзэуэгъуэм и 16-м сыхьэт 20-м хъыбар къыIэрыхьащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ цIыхубзыр зэрыкIуэдамкIэ.

А пщэдджыжьым зауэр къэхъеят

Дзэ щIыхьым и къалэ Налшык, мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым и деж щекIуэкIащ Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхугъуэм хыхьэ пэкIу.

ЦIыхухэр Президентым йопсалъэ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир, хабзэ зэрыхъуам тету, махуэку кIуам теленэтын занщIэмкIэ жэуап яритащ ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу цIыхухэмрэ хамэ къэралхэм щыщхэмрэ я упщIэхэм. Путиныр Президент къулыкъум зэрыпэрыхьэрэ мыр теленэтын 17-нэщ. «Первый», «Россия 1», «Россия-24», «НТВ», «ОТР», «Мир» каналхэмкIэ къата теленэтыным къыщыIуащ ди хэкум и жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ щытыкIэхэм, хамэ къэрал Iуэхухэм ятеухуа упщIэхэмрэ къэрал унафэщIым и жэуапхэмрэ.

«Притон» Iуэхур ирагъэкIуэкI

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм (УНК) и лэжьакIуэхэм яубла «Притон» Iуэхур теухуащ афиян зэхьэлIапIэхэр къыщызэрагъэпэщ е щагъэлажьэ щыIэмэ, наркотикхэкIхэр щызрахьэлIэн папщIэ я пэшхэр бэджэнду зыт цIыхухэр къыщIэгъэщыным.

Мы щIыпIэм ущыпсэуну шынагъуэщ

Къулъкъужын псыежэхыр мыин дыдэми, хузэфIэкIащ бгылъэ щIыпIэхэм кIуапIэ къыщигъуэту и жапIэр дилъэсыкIыну. Илъэс мин IэджэкIэ зэныкъуэкъуныгъэхэр щекIуэкIа щIыналъэм абы къуакIэшхуэ къыщигъэхъуащ. Къулъкъужын Ипщэ, Ищхъэрэ (Абзуан, Къуэнхьэблэ) къуажэхэр а псыхъуэ кIыхьышхуэм дэсщ, псы цIыкIум и IуфитIым етIысэкIауэ. Псым и ижьырабгъу, дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ джабэ нэIум къытесщ Къулъкъужын Ипщэм щыщу зы жылэ. Абы къызэщIеубыдэ унагъуи 160-м я унапIэхэр, лъапсэхэр.

Попов Павел: Лышхыр цIыхум къыдалъху

Лышхыр XX лIэщIыгъуэм къыдэщIэрэщIа, ди щIыуэпсым и щытыкIэм къыхэкI узыфэу жаIэ.
Сыт-тIэ цIыхур къыхэзыгъэзыхь узыфэ шынагъуэр къызыхэкIыр, дауэ зыщытхъума зэрыхъунур, лышхым и хущхъуэу къыдагъэкIыр сэбэп хъурэ хьэмэрэ ахъшэгъэкIуэд, сытхэр ди Iэмал? Абыхэм топсэлъыхь медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, урысей онколог Попов Павел.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей