Абы дегъэпIейтей

ЗызышыIа щIегъуэжакъым

 «Нысашэ ехьэжьахэм» нэхърэ гулъытэр нэхъ зэзышалIэ ди псэукIэм хэткъым жытIэмэ, куэд къытпэрыуэну къыщIэкIынкъым. АкъылкIэ убгъэдыхьэмэ, абы и мыхьэнэ пэжыр цIыхуитI зэбгъэдэувэу цIыхубэр адэкIэ езыгъэфIэкIуэн унагъуэщIэ къызэрыунэхурщ. Ауэ зи насып къэкIуэгъуэр и насыпым егупсысыну Iэмал къыхуимыгъэнэным нэсащ хьэгъуэлIыгъуэм къарурэ мылъкуу текIуадэм. УнагъуэщIэм щIэгъэкъуэн дыхуэхъуным и пIэкIэ, нэчыхь зэпцIагъащIэр щIэкъутэжын щхьэусыгъуэхэр дымыгъэбагъуэу пIэрэ жыдэзыгъэIэ щапхъэ куэди ди нэгум щIокI. 

Дахагъэми мардэ иIэщ

 «ТхьэIухуд модэм» унэтIыныгъэщIэ къыхыхьащ: дяпэкIэ хъыджэбз дахэу къалъытэм и пщэр Барби гуащэм ейм ещхьу кIыхьрэ лантIэу щытын хуейщ. Апхуэдэпщэ пфIэту дунейм укъытемыхьамэ, ягъэ кIынукъым: уи плIэмрэ уи пщэмрэ зыгъэлажьэ хуэм «Барби-ботокс» хыбогъэIури, зэфIэкIащ. 

УнагъуэщIэхэр хъума хъун папщIэ

 Жылагъуэм и щытыкIэр къэзыпщытэ Росстат IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыкъутэж унагъуэхэм я бжыгъэр 1264-м фIэкIри, 1748-м нэсащ. Кавказ Ищхъэрэм хэт республикэхэр зэплъытмэ, а щытыкIэр щынэхъ лъагэр Осетие Ищхъэрэ - Аланиерщ. 

Африканерхэр дапэплъэр пэж?

«Афрокъуажэ» е урысыбзэкIэ «Афродеревня» - апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу, къытпэщылъ илъэсищым ди къэралым псэупIэщIэхэр щаухуэнущ. Iуэхур зэраублам и щыхьэту, Тверь областым хиубыдэ Поречье къуажэм япэ жылэм и лъабжьэр шыщхьэуIум и 4-м щагъэтIылъащ. 

Хэт гъудэхэм хаубыдыкIыр

Гъэмахуэ хуабэм цIыхухэр пэщIоувэ а зэманым ерыщу къызэщIэрыуэ гъудэхэм. ЦIыхухэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщахъумэну хэтщ лъыифхэм. Ауэ адрейхэми тыншу затыркъым. Хэт атIэ гъудэхэм нэхъыбэ дыдэу ягъэбампIэр?

Хэт унагъуэм щынэхъыщхьэр?

            Акъыл зэхьэлIапхъэ, узэрытемыгушхуэмрэ узэрыхуэщхьэхымрэ хэкIыпIэншэу къыпфIигъэщI псоми «зэманым и нэщэнэщ» хужыпIэфынущ. Унагъуэм и пщIэр зэрехуэхари зытетлъхьэр зэманырщ. Толстой Лев зэрыжиIауэ, шэч хэмылъу «унагъуэ насыпыншэ къэс и насыпыншэкIэр щхьэхуэщ». ИтIани, нэ зиIэм елъагъу ди лъэхъэнэр зэIыхьлыхэм яхэлъыпхъэ гумащIагъым зэрегуэуар. Осетие Ищхъэрэ-Аланием и муфтий Гацалов Хьэжмурат и гупсысэхэри ухэзыгъаплъэщ, ауэ щыхъукIэ, захуагъэм сытетынщ жыпIэмэ, ар къыщIомыхъулIэн щхьэусыгъуэ зэрыщымыIэри наIуэщ.  

Бзэгу лъабжьэм щIэлъхьэ

           ГъащIэм цIыхур зригъэувэ щытыкIэ гугъу къэс абы акъылыфIэу къикIа нэгъуэщI зыгуэрым и хъыбар уигу къигъэкIыжу апхуэдэщ. «Чэнджащэр щыуэркъым», - щIыжаIэри арагъэнщ. ФIым зыдезгъэкIунщ жызыIэми, сыт щыгъуи щапхъэрэ пщалъэрэ игъуэтынущ.

Езым зыкъыуигъэцIыхунущ

 Швециемрэ Даниемрэщ КъурIэн тхылъыр утыкум щагъэсыныр нэрыгъ зыхуэхъуахэр щагъэгушхуэр. Иужьрейуэ апхуэдэ щIыкIэу цIэрыIуэ зищIыну хуежьар зи цIэри тщIэну дыхуэмей, Иракым икIауэ Швецием щыпсэу чыристан хьэрыпт. Иджы щIалэр мэтхьэусыхэ: «Нэмыплъ къызат, тыкуэнхэм сызыхуейр къыщысщэхужыфыркъым». Сыт и щхьэусыгъуэу щытми, апхуэдэ гукъыдэж зыщIам ар хуэбдэныр зыгъэзахуэ хабзэм дауэ демократиекIэ узэреджэнур? 

Бзэ лей щыIэкъым

ТхьэмахуитIкIэ щIэныгъэлIхэр якIэлъыплъащ Адыгейм и Красногвардейскэ щIыналъэм хыхьэ Жамбэчей къуажэм щыпсэухэм япсэлъэкIэм. Арат нэхъыбэу щыпсэур адыгей тхыбзэм нэхъ пэгъунэгъуу къалъыта кIэмыргуеибзэм ирипсалъэхэр.

Асфалът еплъыгъуэ

  Сэбаншы Хьэдис и мэрем хъутIбэр теухуащ бзылъхугъэхэм щIахъумапхъэр нэхъ ерыщу къыщыщIагъэщ гъэмахуэм цIыхухъур нэхъ ткIийуэ зыкIэлъыплъыжын зэрыхуейм. А Iэмалхэм язщ напIэр епхьэхыныр. Iимамыр къыщыпсэлъар Комаровым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет мэжджытырщ.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей