Абы дегъэпIейтей

Хъыджэбзыр щIэныгъэ хуей?

Урысей школхэм 2023 гъэм и фокIадэм щегъэжьауэ, гъэунэхуныгъэ щIыкIэу щаджын щIадзащ «семьеведение» зыфIаща дерсыщIэр. ДызыхуэкIуэ илъэсым ар школ программэхэм хагъэхьэнущ.

ЩIылъэм дыхуэмысакъмэ…

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Каспий хы Iуфэм хыкхъуэхэр (тюлень) бжыгъэшхуэкIэ зэрыIулIыхьыр щIыуэпсым и щытыкIэм кърикIуа бэлыхьщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар къызыхэкIыр хы лъабжьэм гъуэз къызэрымыкIуэ гуэрхэр къызэрыхихырщ. 

Биотехниер мэзкъуэдыхэм я щIэгъэкъуэнщ

ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэу, ди республикэм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэ дэгухэм Тхылъ Плъыжьым иратха псэущхьэ лIэужьыгъуэу 70-м щIигъу мы лъэхъэнэм щопсэу. 
Ахэр къыщызэтена къуэгъэнапIэхэм, я нэхъ мащIэрауэ, гулъытэ хэха яхуэщIыпхъэщ. Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу жытIэнщи, мэзкъуэдыхэр зи хэщIапIэ хьэкIэкхъуэкIэхэм я бжыгъэр зэрыщытам хуэгъэкIуэжыным, уеблэмэ нэхъыбэж щIыным хуэгъэза лэжьыгъэ и чэзум егъэкIуэкIыпхъэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къагъэунэхуа IэмалыщIэщ биотехнием и зэфIэкIыр къэгъэсэбэпыныр. 

Троер зытекIуэдэжар зы мыIэрысэщ

Иужьрей илъэс зыбжанэм гу лъыптэу Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ гъавэшхуэ кърехьэлIэж. МыIэрысэри, кхъужьри, щIымэракIуэри, мамкъутри, абыхэм къахыхьэжа къыпцIэри, мэракIуащхъуэри щIыналъэр фIыкIэ къызэрацIыху хъугъуэфIыгъуэ хъуащ. «Урысейм мыIэрысэу къыщрахьэлIэм и процент 80-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкI», - зэрыжаIэми ди щхьэр лъагэу дегъэIэт, «мыIэрысэ жэнэт» къызэрытфIащари щхьэхуэу дигухэм йохуэбылIэ.

Къарур захуагъэм и нэщэнэкъым

Жэпуэгъуэм и 11-м Урысейм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхьэщIащ Иракым и премьер-министр Iэс-Судани Мухьэмэд. Абы щепсалъэм, УФ-м и Президент Путин Владимир къыхигъэщащ Израилымрэ Палестинэмрэ щIызэмыкIужыфымкIэ США-р зэрыкъуаншэр: «Америкэм и политикэ пхэнжым и нэщэнэщ мы екIуэкIыр. ЛъэныкъуитIри чэзу-чэзууэрэ хигъэзыхь зищI щхьэкIэ, палестинхэм я зы гукъыдэжи я тхьэкIумэм зэрырамыгъэхьэрщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум илъ мы бэлыхьым кIэ щIимыгъуэтым и щхьэусыгъуэр». 

И щхьэ хуитыж къэрал яухуапхъэщ

 Жэпуэгъуэм и пэм щIэрыщIэу къэхъеижащ илъэс бжыгъэ хъуауэ екIуэкI израиль-палестинэ зэпэщIэтыныгъэр. УФ-м и Президент Путин Владимир сыт хуэдэ зэхуэсми къэралым и еплъыкIэр утыку къыщрехьэ. 

ТхылъыщIэхэр зэрагъэзэхуэжакIэщ

«Махуэкум» и иужьрей къыдэкIыгъуэм (жэпуэгъуэм и 26, №128) тетащ Шал Мухьэмэд игъэхьэзыра «Аргуэру щIэрыщIэу къратхыкIыжынущ» тхыгъэр. Ар зытепсэлъыхьа Iуэху зэхэзэрыхьар ипэкIэ зы лъэбакъуэкIэ кIуэтащ, тхыдэмкIэ еджакIуэ тхылъхэм ихуа кавказ лъэпкъхэм ятеухуа Iыхьэр зэрагъэзэхуэжакIэщ.

ЗызышыIа щIегъуэжакъым

 «Нысашэ ехьэжьахэм» нэхърэ гулъытэр нэхъ зэзышалIэ ди псэукIэм хэткъым жытIэмэ, куэд къытпэрыуэну къыщIэкIынкъым. АкъылкIэ убгъэдыхьэмэ, абы и мыхьэнэ пэжыр цIыхуитI зэбгъэдэувэу цIыхубэр адэкIэ езыгъэфIэкIуэн унагъуэщIэ къызэрыунэхурщ. Ауэ зи насып къэкIуэгъуэр и насыпым егупсысыну Iэмал къыхуимыгъэнэным нэсащ хьэгъуэлIыгъуэм къарурэ мылъкуу текIуадэм. УнагъуэщIэм щIэгъэкъуэн дыхуэхъуным и пIэкIэ, нэчыхь зэпцIагъащIэр щIэкъутэжын щхьэусыгъуэхэр дымыгъэбагъуэу пIэрэ жыдэзыгъэIэ щапхъэ куэди ди нэгум щIокI. 

Дахагъэми мардэ иIэщ

 «ТхьэIухуд модэм» унэтIыныгъэщIэ къыхыхьащ: дяпэкIэ хъыджэбз дахэу къалъытэм и пщэр Барби гуащэм ейм ещхьу кIыхьрэ лантIэу щытын хуейщ. Апхуэдэпщэ пфIэту дунейм укъытемыхьамэ, ягъэ кIынукъым: уи плIэмрэ уи пщэмрэ зыгъэлажьэ хуэм «Барби-ботокс» хыбогъэIури, зэфIэкIащ. 

УнагъуэщIэхэр хъума хъун папщIэ

 Жылагъуэм и щытыкIэр къэзыпщытэ Росстат IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыкъутэж унагъуэхэм я бжыгъэр 1264-м фIэкIри, 1748-м нэсащ. Кавказ Ищхъэрэм хэт республикэхэр зэплъытмэ, а щытыкIэр щынэхъ лъагэр Осетие Ищхъэрэ - Аланиерщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей