|
Абы дегъэпIейтей
20 июня, 2023 - 07:20
ООН-м 2022 - 2032 илъэсипщIыр хэкурысхэм, щIыналъэм къыщалъхуахэм я бзэхэм зыкърагъэIэтыжыным теухуауэ зэрыщытынумкIэ унафэ къищтащ.
18 мая, 2023 - 13:59
Гъатхэпэм и кIэм екIуэкIа Осетие Ищхъэрэ-Аланием и парламент зэIущIэхэм я зым къыщыщыпсалъэм, депутат щIалэ Дидаров Сослан осетин цIыхубэм я гум къишхыдыкIащ. ЦIыхухэм зэрызыкъыхуагъазэ тхылъхэр и щыхьэту, Сослан МВД-м и министр Сергеев Андрей елъэIуащ бзылъхугъэхэм я пщIэр щыкIуэд екIуэлIапIэхэр щIыналъэм щызэхуащIыжыну.
20 апреля, 2023 - 12:54
«Мансур» мэжджытым и Iимам, ислъам щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щхьэныкъуэ Анзор Рэмэдан мазэм хиубыда и хъутIбэхэм я зым щытепсэлъыхьащ мэжджытым машинэкIэ екIуалIэхэм яхэлъыпхъэ Iэдэбым.
Хэти зэрищIэщи, мэжджытым псори лъэсу екIуалIэркъым. Лэжьыгъэм къыпэрыкIауэ, хамэ къуажэм къикIауэ, дакъикъэ бжыгъэ фIэкIа имыIэу, итIани, мэрем нэмэзым зыхимыгъэнын щхьэкIэ, гугъу зезыгъэхь куэд щыIэщ. Ауэ Алыхьталэм укъыщилъагъур мэжджыт кIуэцIым и закъуэкъым, атIэ абы узэрыкIуэ щIэкIэри и нэIэ щIэтщ.
18 апреля, 2023 - 06:48
Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ Абиширэ-Ахубэ лъагапIэр къурш тхыцIэ, шытх теплъэ зиIэщ, Лабэшхуэ и тIуащIащхьэм къыщхьэщыт Загедан Iуащхьэм (метр 3099-рэ и лъагагъщ) и джабэщIхэмкIэ къыщIедзэри къуэкIыпIэмкIэ «къыщына» Джэмэрыкъуэ (Джэмарыкъу - лощина Джемару) щыгум (метр 3180-рэ и лъагагъщ) йоуалIэ. Иужьрейм къэрэшейхэм, кIуэ ар къызыхахыр уэ къащIэ, «Джемараклы-Тебе» фIащащ.
5 апреля, 2023 - 10:13
ЩIакхъуэ гъэжьэкIэм езым и щэху иIэжу игъащIэм къокIуэкI. Къуажэдэс унагъуэхэр къащти, хэти пщагъэр, хэти гъэшыр къагъэсэбэпырт. Псом ящхьэращи, щIакхъуэм хуэдэу гулъытэ ин зыхуащI ерыскъыхэкIхэм яхэтакъым.
Налшык ПащIэмрэ Лермонтовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм тет ерыскъыщапIэхэм ящыщ зым щIэт цIыхубзымрэ щIакхъуэр къэзышэ щIалэмрэ яку къыдэхъуа псалъэмакъым срихьэлIащ.
- Мис, дыгъуасэ къэпшар мыхъеяуэ телъщ. Нобэрейр дауэ къызэрыпIысхынур? - телъхьэпIэмкIэ и Iэр ишиящ тыкуэнтетым.
17 марта, 2023 - 11:57
Адыгэхэр - къэбэрдейхэр, ша¬псыгъхэр, шэрджэсхэр - зы лъэп¬къщ, тIурылъыр зы бзэщ, тыншу дызэгуроIуэ. Адыгэ псоми ди лъэпкъым и напэр тхъумэн хуейщ, ди хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъэпкъ нэщэнэхэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэщIэн папщIэ.
15 февраля, 2023 - 11:55
ПщIэ зыхуэсщIу мы тхыгъэм еджэну мурад зыщIа си ныбжьэгъу, цIыхубэр къэзыцIэла узыфэу нобэ сызытетхыхьынур уэр дыдэм къоузми пщIэркъым! Сыт хуэдэ цIыхуми фIэфIынукъым ар мыузыншэу къыщIебгъэдзмэ, ауэ дэтхэнэми зыхуэсакъыжыныр и къалэнщ.
10 февраля, 2023 - 12:35
Къалэм хуиту дэт хьэхэмрэ цIыхухэмрэ хуэмурэ зэсэжащ жыпIэнщ, зэбгрыукIуриикIауэ жыг щIагъхэм, газонхэм, лъэс зекIуапIэхэм, псы хуабэ зрикIуэ бжьамийхэм ящхьэщыт люкхэм щыжей хьэ гупхэр щыплъагъукIэ. Абыхэм яхэтщ волонтерхэм я нэIэм зэрыщIэтыр наIуэу, «бирка» цIыкIухэр зи тхьэкIумэм илъхэри. Псом нэхъ гъэщIэгъуэнщ абыхэм гъуэгу зэпрыкIыпIэм уащыкIэлъыплъыныр; светофорхэм зэрынэсу къоувыIэри щытщ, цIыху гъусэ къахуэхъуным пэплъэу. Удзыфэр зэрыпынэххэу Iэдэбу цIыхухэм яхоувэри зэпрокI. Ахэм я ныби ныкъуэкъым. КIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэхэм щхьэхуэу щагъэув ерыскъыхэкIхэм къуэлIыкIынукъым.
21 января, 2023 - 09:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм.
17 января, 2023 - 07:33
Зеикъуэ къуажэм пэгъунэгъу лъагапIэхэм къыщагъуэта бгъуэнщIагъ нэхъ иным къыбгъэдэт Iуащхьэхэм ящыщ зыр пирамидэ IэрыщIым зэрещхьым гу лъатауэ щытащ а жылэм щыщ щIалэхэм. Ахэр Тенджыз Азэмэт, Соблырхэ Арсен, Алим сымэщ.
А щым къыздакIухьым, гу лъатат Бахъсэн хэхуэж Зеикъуэпс цIыкIуу мэз Iувым щIигъэнар къыщыщIидзэхэм деж пэгъунэгъуу щыт Iуащхьэм и къыгуэупIэхэр хуомыгъэфэщэн хуэдизу зэрыджафэм. Ар мывэ пхъэбгъум хуэдэу зэрызахуэр нэхъри нэрылъагъу хъуащ, абыхэм якIэрыпщIа щIыр къыкIэрагъэщэща иужь.
Страницы
|